НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 21, гъубж
УФ-м щагъэлъапIэ щIыпIэ самоуправленэм и махуэр 
1920 гъэм Налшык цIыхубэ хозяйствэм и щIыналъэ совет къыщызэрагъэпэщащ. 
1921 гъэм Налшык Лъэпкъ музей къыщызэIуахащ. 
1925 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, генерал-майор, Иорданием и лIыкIуэу Тыркум, Иракым, Китайм щыIа, Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу щыта БырмамытI Фоуаз. 
1940 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата ЖьакIэмыхъу КIунэ. 
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Жьейм благъуэр гъуэм къреху.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

10.06.2026 - 10:42 НОБЭ
09.06.2026 - 07:23 НОБЭ
08.06.2026 - 12:17 НОБЭ
05.06.2026 - 12:20 НОБЭ
04.06.2026 - 10:01 НОБЭ