Медицинэ технологие лъагэхэмкIэ республикэ центрым щекIуэкIащ гепатит С вирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтыным теухуа «стIол хъурей». Абы и лэжьыгъэр хуэунэтIащ а узыфэр зыпкърытхэм щеIэзэ медицинэ IуэхущIапIэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэхэм я лэжьыгъэр зэгъэуIуным, апхуэдэуи гепатит С-р цIыхум зэрыпкърытыр и чэзум къэщIэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр къэхутэным.
ЗэIущIэр къызэIуихащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Аникушинэ Татьянэ. Абы къыхигъэщащ «Гепатит С вирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтын, абы земыгъэубгъун» къэрал проектым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, ар гъэзэщIэнымкIэ щIыналъэм щызэфIагъэкI Iуэхухэм.
«СтIол хъурейм» хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм къикIа IэщагъэлIу 50-м щIигъу: медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, узыфэ зэрыцIалэхэм еIэзэ дохутырхэр, КИФЩI-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэхэр зи нэIэ щIэт къулыкъущIапIэхэм я кураторхэр.
***
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэмрэ Зэпымыууэ IэщIагъэр щрагъэгъуэт урысей медицинэ академием, академик Сперанский Г.Н. и цIэр зезыхьэм, педиатриемкIэ и кафедрэм къызэрагъэпэщри, Налшык щекIуэкIащ «Щӏэблэ узыншэ: сабийхэмрэ балигъхэмрэ я псэукӏэм и фIагъыр» II Кавказ Ищхъэрэ форумыр. Ар траухуащ сабийхэмрэ балигъхэмрэ я узыншагъэмрэ зэIузэпэщыгъэмрэ ехьэлIа Iуэхухэм.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Къармэ Марат зэхыхьэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ илъэс къэс медицинэ щIэныгъэм зыужьыныгъэм хуэкIуэ лъэбакъуэшхуэхэр зэричыр, ауэ куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэ гъэхъужыгъуейхэр зыпкърытхэм еIэзэныр узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм дежкIэ къалэн гугъуу къызэрынэжыр, абы и хэкIыпIэхэр къэлъыхъуэныр форумым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр.
Зэхуэсым и етIуанэ махуэр жьэжьей узыфэхэм траухуащ. IэщIагъэлIхэр тепсэлъыхьащ узыфэм пэщIэтынымкIэ, ар и чэзум къэхутэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм, абыхэм я IуэхукIэ унэтIыныгъэм игъуэта зыужьыныгъэхэм, Iэзэгъуэр егъэфIэкIуэным, хущхъуэщIэхэр зэхэлъхьэным, медицинэ IэмэпсымэщIэхэр къэгупсысыным. Гулъытэ хэха хуащӏу и гугъу ящIащ куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэ гъэхъужыгъуейхэр зыпкърытхэм зэреIэзэну IэмалыщIэхэм.
Зэхыхьэм и ещанэ махуэр адэ-анэхэм я щIэныгъэ-узэщIыныгъэ Iуэхухэм хухахащ. РМАНПО-м педиатриемкIэ и кафедрэм и IэщIагъэлIхэр тепсэлъыхьащ сабийм и узыншагъэм теухуауэ дэтхэнэ зы адэ-анэри зыгъэгумэщIхэм. Апхуэдэу и гугъу ящIащ вирус узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэм узэреIэзэнум, сабий къалъхуагъащIэхэм уазэрыкIэлъыплъынум, быдзышэкIэ гъэшхэным и мыхьэнэм, фошыгъу узымрэ пшэр хъунымрэ зэрапэщIэтынум, узыфэ зэрыцIалэхэм земыгъэубгъунымкIэ вакцинэр къэгъэсэбэпыным и щхьэпагъэм, нэгъуэщIхэми.
Форумыр КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм цIыхухэм вакцинэр зыхрагъэлъхьэным, я узыншагъэр кърагъэпщытэным теухуауэ ирагъэкIуэкI узэщIыныгъэ лэжьыгъэхэм къыпызыщэ Iуэху щхьэпэ хъуащ.