Адыгэхэм Ащтырхъан зэрахъумар

Ащтырхъан университетым и щIэныгъэрылажьэ Канатьевэ Наталье «Журнал фронтирных исследований» къыдэкIыгъуэм илъэс зыбжанэ ипэкIэ къытрыригъэдзащ Черкасский Къасболэт Муцал и къуэм урыс пащтыхьыгъуэр зэригъэпэжам теухуа къэхутэныгъэ. 
Нобэ зыми шэч къытрихьэжыркъым Урысейм къулыкъу щезыхьэкIа Черкасскэхэр къэбэрдей адыгэу зэрыщытам. Ауэ утыку илъ хъыбар нэхъ хэIущIыIухэм дыщыгъуазэ щхьэкIэ, махуэ къэс къамыIэтыж тхыдэ къуэгъэнапIэхэм мы унэцIэр зезыхьахэм ятеухуа гъэщIэгъуэнхэр къыщыщIощ. 
Урысей тхыдэр школым щызыджа псоми зэхахащ Разин Степан и цIэр. Пащтыхьыгъуэм зыпэщIисэу, 1670-1671 гъэхэм къаугъэшхуэ къэзыгъэхъея къэзакъ Iэтащхьэр иужькIэ яуплIэнщIащ, и гъуса цIыху мин 11-м нэс яукIауэ щытащ. Зи пэжыр нобэми наIуэ мыхъуа а зэпэщIэтыныгъэм Черкасскэхэ я унэцIэри къыхощ. 
 «Къасболэт щэджащэр, е Ащтырхъан быдапIэр Разин Степан и дзэм зэрыпэщIэтар» зыфIища лэжьыгъэм Канатьевэ Наталье щытопсэлъыхь къаугъэшым цIыхубэри къалэри пикIуэтарэ пэт, Черкасский Къасболэт и нэIэ щIэта гупым затын ямыдэу, къатеуахэм зэрапэщIэтам. 
     «Ащтырхъан быдапIэм и чэщанэхэм зыщызыхъумэжхэр зэкъуэхуауэ, 1670 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-21-рэ жэщым Разиным и гупыр ятеуэри, хэт яукIащ, хэти яубыдащ, - етх Наталье. - Боярхэри, абыхэм я бынхэри, къулыкъущIэхэри занщIэу хэкIуэдат. Зы чэщанэ закъуэщ бийм хахуэу пэщIэувари абы бэлыхь куэд езыгъэшэчари. Ар къуэгъэнапIэм дэт Фочауэ чэщанэрт». 
    Хэтыт абы щIэсыр? Дапщэт ахэр зэрыхъур? Тхылъ куэд мы Iуэхум теухуауэ щIэзыджыкIа щIэныгъэрылажьэм къызэриIуэтэжымкIэ, хъунщIакIуэхэм Ащтырхъан Кремлыр яубыда нэужь, Фочауэ чэщанэм Черкасский Къэсболэт и цIыхухэмрэ урыс щIалитIрэ щIэтIысхьэри, махуэ ныкъуэкIэ бийм езэуащ. Адыгэхэр Ащтырхъан къызэрыщыхутам и хъыбарыр Наталье кърех я щIыналъэм и лъахэхутэ Марков А. С. и деж: «Къалэм и къэрал архивым къыщагъуэтыжа тхылъымпIэм мыр иту къыщIокI: «Тэрч къиIэпхъукIри, адыгэпщ Черкасский Къасболэт и уэркъ Къазий и ныбжьэгъухэр и гъусэу Ащтырхъан 1669 гъэм дыгъэгъазэм и12-м къыдэтIысхьауэ щытащ. Кавказ Ищхъэрэр бийхэм щахъумэн папщIэ, Тэрч къалэ цIыкIу яухуат 1573 гъэм. Адыгэпщхэр щIэх-щIэхыу еблагъэрт урыс щыхьэрым. Къасболэт Муцал и къуэм пащтыхьыр щыгугъырт къэзакъхэм зыкъаIэт хъумэ, сэбэп яхуэхъуну. Черкасскэм и цIыхухэм тхьэ яIуат, я псэр пытыху урыс пащтыхьыгъуэм хуэпэжыну, дзэм бгъурыту, къаугъэ псоми пэщIэтыну. Уэркъ Къазий Ащтырхъан къыщыкIуар зэман гугъут. Разиным и дзэр къалэм пэгъунэгъуу къекIуэлIакIэти, къалэдэсхэр гужьеигъуэм хэтт. Адыгэхэм я псалъэр ягъэпэжащ. Фочауэ чэщанэм щIэтIысхьэхэри, псори хэкIуэдащ, ауэ затакъым». 
    ГурыIуэгъуэ зэрыхъумкIэ, чэщанэм щIэсар Къазийрэ абы и зауэлIхэмрэщ. Урыс дапщэ абыхэм я гъусами, ящIэркъым. КъинэмыщIауэ, тхыгъэм перс е узбек сондэджэр гуэрхэм я цIэхэри къыхохуэ. 
    Зызыхъумэжхэр зыкъомрэ фочышэкIэ къахэуащ ятеуахэм. Гыныр яIэщIэуха нэужь, фочхэр гъущI ахъшэкIэ яузэдын щIадзащ. «БыдапIэм щIаубыдахэм бдзапцIэ яIэжтэкъыми, бийм ахъшэкIэ къахэуэрт», - етх Попов Александр. АрщхьэкIэ Разиным и телъхьэхэри бзаджагъэм хуекIуэри, я пыIэхэр хуагъэпIиин щIадзащ чэщанэм къыщIэукIхэм. Ауэрэ ахъшэри яIэщIэуха нэужь, Iуэхур «е улIэн е улIыным» хуэкIуэпащ. Бийм псэууэ зезытын адыгэ щыIэ? Арати, метр I5 зи лъагагъ чэщанэм щIэсхэр абы зырызурэ къолъэ. Зыгуэрхэр къелри, къалэм дэлъэдащ, ауэ лъы къызэжэх уIэгъэхэр Разиным и къэзакъхэм яукIыжащ». 
   «Апхуэдэу ди къалэр хахуэу зыхъумахэм я пщIэр къэтIэтыжыну и чэзу къэмысауэ пIэрэ?» – щIоупщIэ Канатьевэр.   
     Разиным къиIэта къаугъэм адыгэхэм я цIэр нэгъуэщI щхьэусыгъуэкIи къыхощ. Мы Iуэхугъуэм теухуа хъыбар псори апхуэдизкIэ быдэу щIахъумати, иужькIэ хамэ къэрал тхылъхэм кърахыжауэ аращ. Разиныр къаубыда нэужь, упщIэ иратахэм мыпхуэдэ хэтщ: «Сыт Черкасскэм «вич»-кIэ ущIеджар?» Мыбдежым къикIыр: щхьэ и адэцIэр къипIуа? ПщIэ щIыхуэпщIар сыт? Зи гугъу ящIу къыщIэкIар Черкасский Андрей Къамболэт и къуэрауэ жаIэ. Тхыдэджхэр зэакъылэгъукъым мы цIэр зезыхьам теухуауэ. Къаугъэшым, зэрыжаIэмкIэ, и зэрыхьзэриймкIэ захуагъэм щIэкъуфэ къытригъэуэн папщIэ, лIауэ жыхуаIэ пащтыхьыкъуэ Алексей псэууэ, ар «пащтыхьыкъуэ Нечай» зыфIаща Черкасский Андрейуэ игъэIуауэ, а щIалэр гуимэм ису къыздришэкIырт, Урысейм и пащтыхь пэжыр ихъумэ зищIу. АрщхьэкIэ, зэрыхуагъэфащэмкIэ, пащтыкъуэ нэпцIыр Черкасскэхэ зыкIи епхатэкъым, езы Разиным къигъэдэIуа гуэрт. 
     Адыгэхэм Ащтырхъан фIы куэд зэрыщалэжьам и хъыбар мащIэкъым щыIэр. Нобэрейр апхуэдэ зы напэкIуэцIу аркъудейщ. Я щIэныгъэлIхэр нэгъунэ я щIыпIэм лIыгъэ щызезыхьа ди лъэпкъэгъу лIыхъужьхэм я фэеплъ ягъэувыну щыщIэхъуэпскIэ, дэри ар ядэтIыгъ щхьэ мыхъурэ? 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: