Тубай Радик ягу къагъэкIыжу

Налшык къалэм и «Ладья» спорт еджапIэм и унафэщIу щыта, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тубай Радик и фэеплъ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ «Каисса» шахмат клубым. Абы щызэпеуащ сабийуэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, I50-рэ, спорт разрядхэр зиIэхэри, шахмат джэгун щIэзыдзагъащIэхэри зэгъусэу.
ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэхэр къахьащ Токъуий Эмир, Шэрджэс Къантемыр, Урысмамбэт Раметэ, Балъкъыз Темболэт, Къэрмокъуэ Ясминэ, Афэ Амырхъан, Сэхъу Аишэ, Багъ Дадилэ, Дудар Сэлимэ, Бабаев Алий, Вэрокъуэ Ренат сымэ. 
Токъуий Валерэ, Щоджэн Данияр, Урысмамбэт Тимборэ, Бро Миланэ, Гугъуэтыж Алий, Црым Миленэ, Сокъур Чэрим, Тау Владимир, Мэзыхьэ Темырлан, Црым Заирэ сымэ етIуанэ хъуахэщ.
Домбеякъ медалхэр къахьащ Ахматовэ Iэминэ, КIыщ Идар, Бабаев Борис, Гуанэ Атия, Къуэжей Ислъам, ЦIыпIынэ Элинэ, Караев Аспар, Гъурф Алий, Ульбашевэ Айсанэ сымэ. 
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ, ахъшэ саугъэтхэр Тубай Радик и унагъуэм къыбгъэдэкIащ. 
Мэзкуу щIыналъэм щохьэщIэ
Урысей Федерацэм киокушинымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Мэзку областым и Жаворонки къуажэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 50-м я спортсмену 2600-м щIигъу.
Пашэныгъэр къэхьынымкIэ зэпеуэхэм къыщыхэжаныкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр. Я хьэлъагърэ ныбжьырэ елъытауэ зыхэта гупхэм етIуанэ увыпIэр Мазло Къантемыр (кг 30), ещанэ увыпIэр Веретенников Игорь (кг 70) сымэ къыщахьащ 
Абыхэм ядэлажьэр Биткашхэ Давидрэ Эмилрэщ.
УФ-м и чемпионатым ди республикэм и командэм ещанэ увыпIэр гуп зэпеуэм щиубыдащ, Пермь краймрэ Мэзкуу къалэмрэ я спортсменхэр япэ ищри. Командэм и тренерыр КIэш Даутщ. 
Медаль хъушэ къахь
«Кубок АкБарс» фIэщыгъэр зэрихьэу Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щекIуэкIащ каратемкIэ урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэр. Абы щызэпеуащ къэрал I7-м, УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 46-м я спортсмену 2000-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм дыщэ медалу 6, дыжьыну 4, домбеякъыу 2 зэхьэзэхуэм къыщихьащ. Гупхэм я зэпеуэм еплIанэ щыхъуащ. Ди командэм и тренерхэр Губэшы Аслъэн, КIэмпIарэ Рустам, Мэш Азэмэт сымэщ. 
Гупхэм я деж щыетIуанэщ
Владикавказ къалэм щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Ар и фэеплъу щытащ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Гучмазов Роберт. Зэпеуэм щызэхуэсащ спортсмену 600-м нэблагъэ, абыхэм ящыщу 30-р Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ.
Я ныбжьрэ хьэлъагърэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Хапаев Алихъанрэ (кг 28-рэ) Алимжанов Амырхъанрэ (кг 23-рэ). ЕтIуанэ хъуахэщ Гулиев Мухьэмэдрэ (кг 68-рэ) Эльдиев Бэчхъанрэ (кг 58-рэ).
Хьэбылэ Идар (кг 35-рэ), Байказиев Къурмэн (кг 44-рэ), Джуртубаев Имран (кг 3I-рэ), ТыIэщ Алим (кг 2I-рэ), Биттиров Рустам (кг 26-рэ) сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ. 
Гупхэм я зэпеуэм КъБР-м и командэм етIуанэ увыпIэр щиубыдащ.
БЭБЭЧ Билал.
Поделиться:

Читать также: