Зауэм и бынхэм фIыщIэ хуащIу

Урысей Федерацэм и Компартым къызэригъэпэща «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм ди республикэм щиIэ и къудамэм и къыкIэлъыкIуэ зэхуэс Налшык къалэ щекIуэкIащ. 
Абы зи гугъу тщIы IэнатIэм илъэситхум къриубыдэу яхузэфIэкIам щытепсэлъыхьащ, къудамэм и правленэмрэ и унафэщIымрэ щыхахащ. 
ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Компартым ди щIыналъэм щиIэ и къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис, КъБР-м Жылагъуэ Iуэхухэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщI Куэцэ Елбэрд, зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм хэтахэм я зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и унафэщI Былымгъуэт Беслъэн, республикэм и ветеранхэм я советым и унафэщIым и къуэдзэ Романенкэ Борис, «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ къудамэм и унафэщI Къурашэ ФатIимэ, УФ-м и Компартым и къалэ комитетым и япэ секретарь Мыз Мурат, къэралым и комсомол-пионер зэщIэхъееныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм и унафэщI Урысбий Еленэ, «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Къанэмэт Замир, абы и къуэдзэ Шыдакъ Женя, журналистхэр, телевиденэм и лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри. 
 «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хузэхалъхьа уэрэдыр къеуа нэужь, Пащты Борис псалъэ иратащ. 
- Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэ бзаджэм гуныкъуэгъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ хэту зи сабиигъуэр зыхьахэм пщIэ лей яхуэфащэщ. Ахэр зэуапIэм кIуа нэхъыжьхэм къызэранэкIа IэнатIэхэм, къикIуэт жыхуаIэр ямыщIэу, пэрытащ, балигъхэм я Iуэхум пащащ. А лъэхъэнэ гугъум Хэкур зыхъумэжу зи щхьэр хэзылъхьахэм ныбжьыщIэ куэди яхэтащ. Абыхэм я цIэхэр школхэм щадж тхылъхэм иратхащ, тхыдэми къыхэнащ, языныкъуэхэми лIыхъужьыцIэ къыхуагъэфэщащ. Мыдрейуэ, зи псэ емыблэжу, зи гъащIэр лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыту езыхьэкIа ди нэхъыжьыфIхэм папщIэ дэ тхузэфIэкI тщIэн хуейщ! Ныбжь зиIэхэм кърат пенсэм дэщIыгъуу, нэгъуэщIкIи зыкъыщIагъэкъуэну лъэIу тхылъхэр Къэрал Думэм зыбжанэрэ щIэтлъхьащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а жэрдэмыр зэкIэ къыддаIыгъакъым. Ауэ си гуапэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 37-м я Iэтащхьэхэм я жэрдэмкIэ нэхъыжьхэм сом бжыгъэ гуэркIэ зэрыщыдэIэпыкъур. Ди республикэм и Парламентми лъэIу тхылъ зыбжанэрэ щIэтлъхьащ. Ди гуапэ зэрыхъущи, абыхэм ящыщ зым 2025 гъэм и накъыгъэ мазэм Iэ къытрадзащ. «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм Москва щиIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Арефьев Николай и псалъэкIэ жытIэмэ, къэтIэт Iуэхухэм яхуэгъэза дэфтэрхэр УФ-м и Къэрал Думэм дяпэкIи хуедгъэхьынущ, дызыхущIэкъум и мыхьэнэр къэтлъытэу. 
Ди нэхъыжьыфIхэм папщIэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэм адэкIи пытщэнущ. Дэ зэи зыщыдгъэгъупщэ мыхъун Iуэхущ абыхэм ятелъа хьэзабыр, - жиIащ Пащтым. 
  АдэкIэ къэпсэлъащ Къанэмэт Замир. 
- Зи сабиигъуэр зауэ гуащIэм хиубыда ди нэхъыжьыфIхэм папщIэ, «Диалог эпох» пэхуэщIэр и тегъэщIапIэу зэхэтша зэIущIэхэм, «Зауэм и бынхэр» зытет медалхэр щахэтлъхьащ. Ахэр едгъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ районхэм щыдиIэ IуэхущIапIэхэр, егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ, ЩэнхабзэмкIэ унэхэм я лэжьакIуэхэмрэ абыхэм щагъасэ сабийхэмрэ. ФIыщIэ фхузощI гугъу зыкъыддезыгъэхьахэми къыддэIэпыкъуахэми. 
Зи цIыкIугъуэр лъэхъэнэ хьэлъэм хиубыдахэм ягъэва хьэзабымрэ яшэча бэлыхьымрэ къытщIэхъуэ щIэблэр щыдгъэгъуэзапхъэщ, мамырыгъэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр зыхащIэн папщIэ. 
КIэлъыкIуэу къыхэзгъэщыну сыхуейт: икъукIэ арэзы укъэзыщIщ районхэм щыдиIэ къудамэхэм я унафэщIхэм нэхъыжьхэм папщIэ къызэвгъэпэщ зэхыхьэхэр, абы гулъытэ зэрахуэфщIыр. Псалъэм папщIэ, Тэрч къалэм илъэситI ипэ фэеплъ мывэ щывгъэуващ зи сабиигъуэр зауэ гуащIэм хиубыдахэм теухуауэ. Районым ис нэхъыжьыфIхэм «Зауэм и бынхэр» зытет медалхэр зэвмыта зыри къэвгъэнакъым. Ди нэхъыжьыфIхэм тыгъэ яхуэтщIыр мыин дыдэми, ахэр абы зэрыщыгуфIыкIыр сыт и уасэ?!
 ФIыщIэ ин зыхуэфащэ ди нэхъыжьыфIхэр кIуэтэху нэхъ мащIэ зэрыхъуми хуабжьу дегъэгумэщI. «НэхъыжьыфI здэщыIэм нэхъыщIэфIи щыIэщ», - жыхуиIэращ. Дыхуейт абыхэм я жьауэм нэхъыбэрэ дыщIэтыну, - жиIащ Къанэмэтым.
Романенкэ Борис къыщыпсалъэм къыхигъэщащ:
- ГъащIэр псы ежэхым хуэдэщ, гъэхэр псынщIэу зэблокI. Апхуэдэуи ди гъащIэр макIуэ. Дыгъуасэ хуэдэщ ди зауэлIхэм Хэку зэуэшхуэм ТекIуэныгъэр къыщахьауэ, жылагъуэр гуфIэгъуэм зэщIиIэтауэ щыщытар. Иджы а Iуэхушхуэр къызэрыхъурэ илъэс 80 ирикъуащ. Хэкум и хуитыныгъэм папщIэ зи псэр зыта цIыхухэм фIыщIэ мыухыжыр яхуэфащэщ. КъинэмыщIауэ, сабиигъуэр зищIысыр ямыщIэу, балигъхэм къызэранэкIа лэжьыгъэ хьэлъэм пэрыува ди нэхъыжьыфIхэм пщIэ зэрахуэфщIым папщIэ, зы мащIэкIэ нэхъ мыхъми, фи гулъытэ зэрагъуэтым хуабжьу сыщогуфIыкI, икIи фIыщIэ фхузощI мы Iуэхум пылъ дэтхэнэ зыми, - жиIащ Борис. 
«Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм фIыщIэ псалъэкIэ закъыхуигъэзащ Куэцэ Елбэрд. 
- Ди нэхъыжьыфIхэу фIыщIэ иныр зыхуэфащэхэр, я лъэм кърихьэкIыу я къарур пэлъэщыху, мамыр гъащIэм телэжьащ. Иджы чэзур ди деж къэсащи, абыхэм я гуащIэдэкIым хэдгъэхъуэныр ди къалэнщ. А псори щIэблэм зыхедгъэщIэн хуейщ, я блэкIар ящIэжу, гъэсэныгъэ ябгъэдэлъу, нэхъыжьхэм я Iэужьым пщIэ хуащIу, я Хэкур фIыуэ ялъагъуу къэтэджын папщIэ. Дэ псоми мы зэманым ди къалэн нэхъыщхьэр нэхъыжьхэр зэрытщымыгъупщэр захедгъэщIэнырщ. 
Ину фIыщIэ фхузощI «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэми, абы и унафэщIхэми, дэIэпыкъуэгъу къыфхуэхъухэми, гугъуехьыр зи натIэу къекIуэкIа ди нэхъыжьыфIхэр зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми зэрывгъэгуфIэм папщIэ. Дэри зэрытлъэкIкIэ зыфщIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ, - жиIащ абы. 
ИщхьэкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, зэIущIэм къекIуэлIахэм IэIэткIэ щыхахыжащ «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Iуэхур зезыхьэ цIыху 17-р, унафэщIу къагъэнэжащ Къанэмэт Замир. 
ЗэIущIэм щыхахащ «Зауэм и бынхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм и зэIущIэ Москва щекIуэкIынум лIыкIуэ ящI цIыхуитIыр. 

 

КЪАНКЪУЛ Раисэ
Поделиться: