Лианэ и IэрыкIхэр

IэкIэ ягъэхьэзыр, лъэпкъ дамыгъэхэм щыщ зыхаухуанэ фэилъхьэгъуэхэм яIэ щIэупщIэм иужьрей зэманым зэрыхэхъуэр ди нэгу щIокI. Мы тхыгъэр зытеухуар Шэджэм щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI нэхъыжь, IэпщIэлъапщIэ Къущхьэ Лианэ и IэдакъэщIэкIхэрщ. 

КъБКъУ-м и социально-гуманитарнэ институтым социальнэ лэжьакIуэ IэщIагъэр щызэзыгъэгъуэта Лианэ абы ирилэжьэну хунэсакъым. ЕджапIэ нэужьым унагъуэ хъури, Белгород областым къулыкъу щызыщIэ и щхьэгъусэм щIыгъуу абы щыIащ. Илъэс пщыкIуплIым нэблагъэкIэ Урысейм и щIыналъэхэм щыпсэуну къызыхуихуа бзылъхугъэр зэрымыщIэкIэ дихьэхащ гравировкэм. Зыхуеину Iэмэпсымэхэр зэригъэпэщри, махуэ къэс къагъэсэбэп, саугъэт папщIэуи ят хьэпшыпхэр (блокнот, ручкэ, сэ жыпIэми) кърибзыкIыу щIидзащ. Абыхэм щIэупщIэ зэраIэм Лианэ дамэ къытригъакIэрт, ауэ зэман дэкIри, абы къыгурыIуащ илэжь Iуэхум зэрытезэшар. 
Къулыкъу нэужьым унагъуэм (бынищ яIэщ) Къэбэрдей-Балъкъэрым къагъэзэжащ. ЩэнхабзэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлIу здэлажьэм, бзылъхугъэ IэпщIэлъапщIэр, IэнатIэмрэ унагъуэмрэ къащыдэхуэкIэ, гупсэхугъуэ къезыт IуэхущIэ гуэр аргуэру лъыхъуэрт. Лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр, тхыпхъэхэр фIыуэ зылъагъу Лианэ адыгэ жыIэгъуэхэмкIэ, дамыгъэхэмкIэ, усэхэмкIэ, фащэ зыщыгъ бзылъхугъэ сурэткIэ гъэдэха сумкэхэр ищIу щIидзащ. Интернетым и фIыгъэкIэ пIалъэ кIэщIым куэдым зэуэ ар къацIыхуащ. Сумкэхэр я инагъ-цIыкIуагъкIи, плъыфэкIи, махуэ къэс къэбгъэсэбэп, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм къыхуэпщтэ хъуну зэщхьэщокI. КъыжыIапхъэщ: мы хьэпшыпхэм Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм, Хабаровск, Псков къалэхэм, Башкирием щIэупщIэ зэрыщаIэр, нэгъуэщI къалэхэми куэдрэ зэрыригъашэр. Зэман къыщыхудэхуэкIэ, сумкэхэм ещхьу паспорт тебзэхэри игъэхьэзырыну и мурадщ.
ХьэзырхэмкIэ гъэдэха, иджыпсту щIэупщIэ зиIэ бзылъхугъэ сумкэхэм къищынэмыщIауэ, щIэщыгъуэ гуэр къэзгупсысыну сы­хуейти, си IэрыкIым къыщIэупщIэ дэтхэнэ зыми езыр зыхуей дамыгъэмрэ псалъэмрэ тету хуэсщIыну яужь сихьащ, уасэкIи езэгърабгъуу. Псори дыщыгъуазэщ бзылъхугъэхэм зыми имыIэ хьэпшып зэрахьэну зэрафIэфIым. Аращи, абы нэхъ тезгъэщIащ. Ди пасэрей лъэпкъ IэщIагъэр къэзгъэщIэрэщIэжыну, схъумэну, зэманым декIуу щIалэгъуалэм я пащхьэ ислъхьэну си хъуэпсапIэти, къызэхъулIауэ собж, - жеIэ Лианэ. - Си япэ хьэп­шыпхэр Интернетым зэрыщалъагъуу цIыху мелуан ныкъуэм щIигъу еплъащ икIи щIэупщIэшхуэ яIэ хъуащ. Iуэхум и ужь сы­зэрихьэрэ тхьэмахуитI къудей хъууэ аращи, махуэ къэс жыхуа­Iэм хуэдэу цIыхухэм зыкъысхуагъазэ. СыкъэзымыцIыху куэдым я дзыхь къызэрызагъэзыр, си лэжьыгъэмкIэ псори зэрыарэзыр гуапэщ. 
Лианэ и сумкэхэм нэхъыбэу щIэупщIэр илъэс 20 - 30 ныбжьым итхэрщ. Гуапэ щохъу саугъэт папщIэу анэхэм, щхьэгъусэхэм, шыпхъухэм къыщыхуащтэкIэ. Псом хуэмыдэу гуапэ дыдэ щы­хъуащ дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэ зы щIалэ къэпсалъэу и пхъур зэригъэгуфIэн тыгъэ хуищIыну къызэрыжриIар. 
IэщIагъэр лей хъуркъым жыхуаIэр Лианэ и деж щынэрылъагъущ. 

БЖЬЫХЬЭ Розэ.
Поделиться: