Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэм дащывгъэсхь

      «Дыщалъхуа щIыналъэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм иригъуазэ махуэ хэха хэгъэунэхукIынымрэ ар илъэс къэс гъэлъэпIэнымкIэ унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО-м Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо советым и зэгухьэныгъэм (ИКОМОС) къыщащтащ. ИлъэситI нэхъ дэмыкIыу, абы кърикIуащ щэнхабзэм и щIэин щIыпIэхэмрэ фэеплъхэмрэ жылагъуэм гулъытэ хэха щыхуащI а махуэр 1984 гъэм къыщыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 18-м дуней псом щыгъэлъэпIэныр.

1965 гъэм къызэрагъэпэща ИКОМОС IуэхущIапIэр зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI, къэрали 140-м нэблагъэм щыщ еджагъэшхуэрэ IэщIагъэлIу мин 12-м нызэрыхьэсымрэ хэгъэгу зэхуаку щIэныгъэ комитету 33-мрэ зэзышалIэ зэгухьэныгъэщ. Абы и лэжьыгъэр хуэгъэзащ Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымрэ къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ къэрал зэхыхьэм (Венецианская хартия) 1964 гъэм щагъэбелджыла Iуэхухэр гъащIэм щегъэкIуэкIыным.   

                            БлэкIам и фэеплъу сыт къалъытэр?

Щэнхабзэ щIэиным халъытэ пасэ зэман жыжьэхэм псэуа цIыхухэм тэхъуанэ папщIэу къагъэсэбэпа бгъуэнщIагъхэр, абыхэм я блынхэм традза тхыпхъэщIыпхъэхэмрэ тращIыхьа сурэтхэмрэ, архитектурэмрэ скульптурэмкIэ фэеплъхэр. БлэкIам и фэеплъщ тхыдэ, эстетикэ, этнологие, антропологие я лъэныкъуэкIэ зыхуэдэ щымыIэу къабжа языныкъуэ щIыналъэхэри, щIыуэпсым и теплъэгъуэ телъыджэу цIыхухэр зыхэлэжьыхьыжахэри.

Дыкъэзыухъуреихь дунейм къызэринэкIа и щIэинщ цIыхуIэ зылъэмыIэса, зи дахагъэкIэ узыIэпызышэ щIыпIэхэри, кIуэдыжыпэным нэблэгъа псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ уащыIущIэ мэзгъэфIэнхэу биологхэм я къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIхэри.        

                                Зэман жыжьэм дриплъэжу

Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуащхьэхэм, кхъэлъахэхэм, къалэжьхэм, нэгъуэщIхэми цIыхубэ хозяйствэм ехьэлIа лэжьыгъэ щемыгъэкIуэкIыным, абыхэм гъавэ щемыгъэщIэным хуэгъэза унафэр 1924 гъэм СССР-м ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ и цIыхубэ комиссариатым къыдигъэкIат. АрщхьэкIэ, илъэсипщI нэхъ дэмыкIыу, 1934 гъэм, къэралым хозяйствэ ухуэныгъэхэм зэрызыщрагъэубгъуам къыхэкIыу, япэрейр нэхъ ямыгъэзэщIэж  хъуащ.

Ауэрэ здекIуэкIым, 1976 гъэм Совет Союзым тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымрэ ахэр къызэрыбгъэсэбэп хъуну щIыкIэмрэ ятеухуа унафэ къыщащтащ. АтIэми, гъэщIэгъуэныр аращи, ар жылагъуэм къызэрыщагъэсэбэп щымыIэу нобэм дыкъэсащ. И щхьэусыгъуэм и гугъу тщIымэ, ар зи къалэныр хабзэм ебакъуэм ткIиягъэ хэлъу зэрыбгъэдэмыхьэрщ, Iуэхугъуэ мыщхьэпэ зылэжьым хуэгъэза унафэр зэрыщытыпхъэу зэримыгъэзащIэрщ. А псом къыхэкIыуи, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэм, мэз гуэрэнхэм, фэеплъхэм, зэрахуэфащэм хуэдэу, щысхьыркъым. «АбыкIэ къуаншэ щыIэ?» - жытIэмэ, щыIэщ, арщхьэкIэ апхуэдэхэр жэуапым щрашалIэр зэзэмызэщ.

Дапхуэдизу мытелъыджэми, Европэм хыхьэ къэралхэм а лъэныкъуэмкIэ я Iуэху зытетыр нэгъуэщIщ. А хэгъэгухэм блэкIам пщIэ зэрыщыхуащIым и щыхьэтщ, тхыдэм и щIэину къыщалъытэ щIыпIэ дахэхэр, фэеплъхэр зэрыщытауэ ди нэгу къызэрыщIагъэувэжыным зэрыщелIалIэри щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI щIыпIэхэр зэхэлъыкIэу яIам зэрыщыхуагъэкIуэжри.

Псалъэм и хьэтыркIэ, Инджылызым и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ, «Iэпэ зылъамыгъэIэсам хуэдэу», нобэр къыздэсми щахъумащ зэкIэлъыхьарэ Iуащхьэ лъагэу зэтетхъуауэ тхыдэм къыпхыкIа «Адриан и къуэтIыхь» жыхуаIэ тхыцIэ екIуэкIыр. Ар километри 117-рэ зи кIыхьагъ щIы зэфэзэщым деж цIыху къарукIэ къыщаIэта блынщ, зэтрезыгъэтхъуауэ щытари Римым и император Адриан Публийщ, и унафэ къыщIэмыувэ лъэпкъхэм къэралыгъуэ абрагъуэм и ищхъэрэ гъунапкъэхэр ящихъумэн папщIэ.

                            Зэрыщысхьэпхъэр захегъэщIэн

Тхыдэм пыщIа щIыпIэхэмрэ фэеплъхэмрэ я махуэр зыгъэувахэм пщэрылъ нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжар, зэрынэрылъагъущи, щэнхабзэм, щIыуэпсым, блэкIам я щIэину цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэ зиIэхэм хуэсакъынымрэ хъумэнымкIэ лэжьыпхъэхэм жылагъуэм гулъытэ нэхъыбэ хуегъэщIынырщ.

Хабзэ зэрыхъуауэ, мы махуэм ирагъэкIуэкI ди япэ итахэм щэнхабзэм и щIэину къытхуагъэнахэр хъумэн зэрыхуейм и гугъу щащI зэхуэсхэр, экологхэр щызэIущIэ зэIущIэхэр, тхыдэм пыщIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр. Уеблэмэ зи гугъу тщIы Iуэхур ядэзыIыгъ музейхэм цIыхухэр пщIэнщIэу щIагъэхьэ, адрей махуэхэм зэхуэщIа архитектурэ комплексхэм я куэбжэхэр хузэIуах.

                    Тхыдэ щIэин зэрыдиIам дэфтэрхэр я щыхьэтщ

Адыгэхэм я деж къедгъэзэкIынщи, Хэкужьым тхыдэ щIэину къыщытлъытэ хъуну щIыпIэхэр щымащIэкъым, ящыщ куэдыр зэрыщыта жыпхъэм имытыжу теплъаджэ дыдэ хъуами. «И щхьэусыгъуэр зэманрауэ пIэрэ зыхуэхьыпхъэр?» - жыфIэнкIэри хэтщ. Ари пэжщ, ауэ, фи фIэщ зэрыхъун, езы цIыхухэм къабгъэдэкI зэраныгъэр куэдкIэ нэхъыбэмэ!. АбыкIэ щыхьэтщ пасэм псэуа тхыдэдж-лъахэхутэхэу дэ, адыгэхэм, къыттетхыхьахэм къызэранэкIа я тхыгъэхэри... 

Мы Iуэхум ехьэлIауэ дэфтэрхэм дызыщрихьэлIэ сатырхэм ятетщIыхьмэ, тхыдэ фэеплъхэм зи зэраныгъэ нэхъ екIауэ къэлъытапхъэр ди лъэпкъэгъухэр аракъым, атIэ езы адыгэ-абазэ-убыххэм я Хэкужь ябгынэн хуей щыхъум, абыхэм я пIэкIэ къэкIуа хэхэсхэу иужьым хэгъэрейуэ зыкъыщIезыгъэдзыжахэрщ.

А псоми зэуэ я гугъу зэрытхуэмыщIынум къыхэкIыу, кIэщIу далъэIэсынщ ди къуэш Къэрэшей-Шэрджэсым щежэх Инжыдж ЦIыкIу и ныджэм щхьэщыIэтыкIауэ къыхуеплъых «Iэдииху» чэщанэжьымрэ  абы и теплъэкIи игъэзащIэу щыта и къалэнкIи хуагъэдэну (тхыдэджхэм къызэрыхутамкIэ) Псыжь и адрыщIкIэ щыдращIеяуэ быдапIэжь зыбжанэмрэ. Иужьрейхэм ящыщу къагъуэтыжахэм, къызэрыхэдгъэщащи, къахэнэжар мащIэ дыдэщ.

АтIэ, мы Iуэхум теухуауи дэфтэрхэр къэзытIэщIыж тхыдэджхэм зэрыжаIэмкIэ, ди лъэпкъэгъухэм ящыщ куэдым яцIыху «Iэдииху» чэщанэр ящыщ зыт хъыбарегъащIэ-плъыр ухуэныгъэжьу Псыжьрэ Инжыджрэ я ныджэхэм дащIыхьауэ щытахэм.

Я ухуэкIэкIэ (архитектурэ и лъэныкъуэкIэ) зэщхьрэ кIапсэ щIыкIэу укъуэдияуэ а псыхъуитIми я кIыхьагъкIэ щыдращIеяуэ щыта быдапIэжьхэм, зэрыжытIащи, къахэнэжар мащIэ дыдэщ, кIуэ езы «Iэдииху» чэщанэм и гугъу дымыщIмэ (мыр нэхъ къыщIызэтенауэ дэ къэтлъытэр и Iэхэлъахэр ди лъэпкъэгъухэм ябгынэн хуей хъуами, илъэс 15 - 20-м къриубыдэу къызэрырагъэтIысхьэжамрэ езы быдапIэ цIыкIур лъагапIэ здынэсыгъуейм зэрытетымрэщ.

Апхуэдэкъым, ди жагъуэ зэрыхъунщи, «Iэдииху» едгъэщхьыну Псыжь адрыщIкIэ щаухуауэ щыта адрей быдапIэу плIым я Iуэху зыIутыр. ПсыхъуащхьэхэмкIэ къыщыщIэддзэмэ, псом япэрауэ ахэр къэрэшей къуажэхэу Хурзукрэ абы куэдкIэ хуэнэхъищхъэрэ иджырей Къызыл-къалэрэ (Къалэ плъыжь) деж зыкъыщызыIэтауэ щытахэрщ, къинэмыщIауэ Новоисправненскэ жылэ цIыкIум и гъунэгъу къуэладжэу урысхэм «Клевцовэ» зыфIащам щхьэщыт бжьэпэм тращIыхьамрэ Армавир къалэм и Iэхэлъахэм «Тыгъуэнхэ я чэщанэ» жыхуаIэу щыIамрэщ...

Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэтщтэнщи, щэнхабзэ щIэин теплъэ зиIэ щIыпIэу мин бжыгъэ итщ. Абыхэм ящыщу 425-р къэрал тхылъхэм иратхащ, 76-р археологием и хъугъуэфIыгъуэщ, 321-р тхыдэм и щIэинщ, 40-р гъуазджэм пыщIащ, 74-р архитектурэм и къулеигъэщ, Хэку зауэшхуэм ехьэлIахэри  щыкуэдщ...

   Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.

Поделиться:

Читать также:

15.06.2026 - 12:40 НОБЭ
11.06.2026 - 16:00 НОБЭ
10.06.2026 - 10:42 НОБЭ
09.06.2026 - 07:23 НОБЭ
08.06.2026 - 12:17 НОБЭ