Мэлыжьыхьым и 17, мэрем
♦Гемофилием (лъыр пцIэным пыщIа узыфэщ) и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэмрэ къэрал кIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэщ
♦1927 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIуащ Верэ.
♦1929 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м щIыхь зиIэ и машинэухуэ Ахъуэхъу Анатолэ.
♦1955 гъэм къалъхуащ «Краснодарпроектстрой» IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта, Краснодар крайм и Хабзэубзыху Зэхуэсым и депутат, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Тутэрыщ Батырбий.
♦1971 гъэм къалъхуащ юридическэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дол Анжелэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 16 - 17, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 5-кIэ зихъуэжынущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Узыщысхь щыкъур мэкъутэ.