ЦIыхубэм япыщIауэ, я дзыхь кърагъэзу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я совет» ассоциацэм илъэсым иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр къыщызэщIакъуэжа зэхуэсым.
ЗэIущIэр къызэIуихащ КъБР-м и АСМО-м и правленэм и унафэщI Пэнагуэ Максим. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м щыIэ федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Васильченкэ Дмитрий, ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм защIэгъэкъуэным хуэгъэпса «Хэкум и хъумакIуэхэр» Къэрал фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед, республикэм и гъэзэщIакIуэ властым, муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ я органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
Зэхуэсым кърихьэлIахэм фIэхъус ярихри, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ КъБР-м и Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я советым, къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 20 ирикъум, и лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Мы зэманым фэ лэжьыгъэшхуэ зэфIывогъэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, республикэм щыпсэухэм фапыщIащ. ПсапащIэ дэIэпыкъуныгъэхэр фоунэтI, СВО-р щекIуэкI щIыпIэм щыIэхэр зыхуэныкъуэхэр ялъывогъэIэс. Сэ сощIэ фэри ахэр яхуэфшэурэ абы мызэ-мытIэу фызэрыкIуар. Абыхэм папщIэ фIыщIэшхуэ фхузощI», - къыхигъэбелджылыкIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм. Абы апхуэдэуи къыхигъэщащ СВО-м хэтахэм я зэфIэкIыр щIыпIэ самоуправленэмкIэ органхэм я лэжьыгъэм къызэрыщыгъэсэбэпыпхъэр.
Республикэм и унафэщIым гулъытэ хэха яхуищIащ лъэпкъ проектхэм: «Фэ зыхэфщIэн хуейщ цIыхухэр зыгъэпIейтейхэр. Ухуэныгъэр фIыуэ ящIами, программэр фIагъ хэлъу ягъэзэщIами – фи щIыналъэхэм щыпсэухэм а псоми гу лъатэнущ. Фэ фи нэIэм щIэтыпхъэщ ухуэныгъэхэр зэрекIуэкIыр, ахэр къалэн зыщащIа IуэхущIапIэхэм фадэлэжьэн, унэхэр зыщIхэми езыгъэщIхэми фапыщIауэ щытынри фи къалэнщ, проектхэр щызэхалъхьэм деж щегъэжьауэ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Iэтащхьэр щхьэхуэу къытеувыIащ жылэхэм я теплъэхэр зыхуэдэм, а щIыпIэхэм ухуэныгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкI щIыкIэм муниципалитетхэр нэхъ ткIийуэ ябгъэдыхьэн зэрыхуейри жиIащ. «Абы еубзыху къытщIэхъуэ щIэблэм я гъащIэр зэраухуэну щIыкIэри: нобэ абыхэм ялъагъум тетущ ахэр зэрыпсэунур», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
ПсэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм щытепсэлъыхьым, Iуэхур зэхьэлIахэр абы къыхуриджащ а унэтIыныгъэм хухах мылъкур нэхъ зэгъэзэхуауэ къагъэсэбэпыну: «Мелуанхэр хэплъхьэ хъунукъым ахэр зыкIи сэбэп щымыхъуну Iуэхум. Псы кIуапIэ щыдукъуэдийкIэ, абы дэтхэнэ унэри пыдзэн хуейщ, псы къызыдэж бжьамийхэр къэбгъанэу уаблэкI хъунукъым», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм.
КIуэкIуэ Казбек я гугъу ищIащ щIалэгъуалэр гъэсэным пыщIа къалэнхэми. «Ди щIалэгъуалэм я акъылыр ягъэутхъуэу яхуэддэ хъунукъым. Дэ хабзэхэр дгъэзащIэу, ди Iуэхухэр щызэблэу къэдмыгъэхъуу, захуагъэм дытету дылажьэу ялъагъумэ, щIалэгъуалэм дэ жытIэр зэхахынущ, къэралым щыщыIэ жылагъуэ-политикэ щытыкIэр зэIызыгъэхьэну хэтхэм жаIэхэм дашэхыфынукъым. ИкIи мыбдежым щIыпIэ самоуправленэм, жылэм, щIыналъэм я унафэщIхэм куэд дыдэ елъытащ», - жиIащ Iэтащхьэм.
ЩIыхэр къагъэсэбэпынымкIэ муниципалитетхэм яIэ хуитыныгъэхэм щынэсым, абы къыхигъэщащ: «Я нэхъ мащIэрамэ, дэтхэнэ щIы сантиметрри къызэрывгъэсэбэпыну щIыкIэм теухуа унафэ къыщыфщтэкIэ, фэ псори зэпэфлъытын хуейщ. Нэхъыщхьэ дыдэращи, псори хабзэм, щыIэ мардэхэм къитIасэу, республикэмрэ къэралымрэ сэбэп зыхэлъхэм ятещIыхьауэ щытыпхъэщ».
Республикэм и Iэтащхьэр зэпкърыхауэ къытеувыIащ муниципальнэ властымрэ а щIыпIэхэм щыпсэухэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэм зегъэужьыным и Iуэхуми. «Iуэху куэд иджыпсту пыщIа мэхъу бжыгъэр зи лъабжьэ лэжьэкIэм, ар нэхъри зыубгъуауэ къэгъэсэбэпыпхъэщ, абы цIыхухэм я къалэнхэр къащегъэпсынщIэ. Апхуэдэу щытми, цIыхухэм яIущIэн зэрыхуейри гурыIуэгъуэщ. ЦIыхухэм нэхъыбэрэ епсэлъэн, пэжыр яжеIэн хуейщ. Ди цIыхухэм уазэрыбгъэдыхьэн Iэмалхэр щыIэщ: Iуэхур зыIутыр къагурыбгъаIуэрэ – сыт щыгъуи узэхахынущ, зыкъыпщIагъэкъуэнущ, уакъыгурыIуэнущ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ пэжу, зэIухауэ, я дзыхь къуагъэзу уабгъэдэтыным», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
И къэпсэлъэныгъэм и кIэухым республикэм и Iэтащхьэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэрагъэувар. «Дэ нэхърэ нэхъыфIу хэт зыщIэр зэкъуэтыныгъэр зищIысыр? А псалъэм и лъапIагъыр къызыгурымыIуэр хэт? Дэ лъэпкъ куэд щызэдэпсэу республикэу дыкъокIуэкI икIи сыт щыгъуи дыщытащ, дяпэкIи дыщытынущ налкъутналмэсым хуагъадэу, зы унагъуэ быдэм хуэдэу зэкъуэту лъэпкъхэр зэрыщызэдэпсэумкIэ ди къэрал псом щапхъэу дыщагъэлъагъуэу. Дэ Iэмал имыIэу дытекIуэнущ. Нэхъыщхьэращи, ди гупсысэкIи IуэхущIафэкIи дызэкъуэтын хуейщ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я совет» ассоциацэм хэтхэм я юбилеймкIэ ехъуэхъуащ, республикэмрэ къэралымрэ я сэбэп зыхэлъ ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрагъэхьэу дяпэкIи лэжьэну зэригуапэр къыхигъэщу.
АдэкIэ Пэнагуэ Максим къэпсэлъащ илъэс блэкIам яхузэфIэкIахэр зэпкърихыу. «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ фондымрэ муниципалитетхэмрэ зэрызэдэлажьэ щIыкIэм.
Апхуэдэуи КъБР-м и АСМО-м и правленэм хэтхэри щыхахащ зэIущIэм, зэгухьэныгъэм и унафэщIу къагъэнэжащ Пэнагуэ Максим.

 

Поделиться: