Хабзэрмрэ бзэмрэ и гъуазэу

Ди лъэпкъ уардэм цIыху гуащIафIэ куэд къыхэкIащ, лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ хуищIу, псэемыблэжу хуэлажьэу. Адыгагъэр, хабзэр, нэмысыр япэ иригъэщу, Iулыдж иIэу, нэхъыжьым я жыIэм щIэту, абыхэм я щапхъэр и гъуазэу. 
Апхуэдэщ, мы тхыгъэм зи гугъу щыфхуэсщIыну щIалэр, Шэджэм районым хыхьэ Лашынкъей къуажэм къыщыхъуа, Къэбэрдей драмтеатрым и артист, Шэджэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Шэджэм псыкъелъэхэр» гупым и унафэщI, Лашынкъей дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и «Лашынкъей уэрэджыIакIуэ»  гупым и нэхъыщхьэ, ГъуазджэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтыр 2011 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха Бейтыгъуэн Жамболэт. 

ЦIыху къэс къежьапIэ иIэщ. Ауэ, сэ къызэрысфIэщIымкIэ, псори къыщыщIидзэр унагъуэм щIэсхэм я зэхуакум дэлъ IэфIагъымрэ гуапагъэмрэщ. 
Бейтыгъуэн Жамболэт и унагъуэм щызекIуэ хабзэр, нэхъапэм ди унагъуэхэм къыщекIуэкIыу щытащ. Иджы, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэхъыбэм «хабзэ»-кIэ дызэджэр хьэрэкъуакIэ дадзэж. 
Ахэр зэкъуэшиплI мэхъури, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу мэпсэу, ину зэпсэлъакъым, адэм къахуищIыр я унафэу къэтэджащ, нобэр къыздэсми щыцIыкIуам зэрызэхущытам хуэдэу зэбгъэдэтщ. Псори унагъуэ зырызщ. Адэ-анэм я гъэсэныгъэм щIэту, жыIэдаIуэу къэтэджахэм унагъуэ дахи яухуащ. 
Дэ зи гугъу тщIы Жамболэт хабзэмрэ бзэмрэ и гъуазэу къогуэгурыкIуэ.
 - Фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, игъащIэм си адэ-анэр щыту си сабий сеIусакъым, я пащхьэ дитIысхьэу си щхьэгъусэри сэри дышхакъым. Си анэкъилъхухэмрэ сэри ину дызэпсэлъакъым, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу дызэдопсэу. Быным я быныж зылъэгъуа си анэкъилъхухэр иджы дыдэщ си адэ-анэм я пащхьэ итIысхьэу шхэ щыхъуар, ари хуит къащIа нэужь, - жеIэ Жамболэт. 
Хабзэр, бзэр, намысыр адыгэлъым хэтщ, дэ ар зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Апхуэдэ зэхэтыкIэ дахэм фIы къыдэмыкIуэнкIэ Iэмал иIэкъым. 
- ДыщыцIыкIум щыгъуэ унагъуэр дызэхуэсыжамэ, - къыпещэ Бейтыгъуэным, - ди адэм дыщIигъэдэIурт адыгэ уэрэдыжьхэм. Си адэм Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэпэIэсагъэмкIэ щригъаджэрт. Си анэр унэгуащэт, сабийхэр дызыхуей дыхуигъазэрт. Хабзэмрэ нэмысымрэ я Iэпэгъуу къэтэджат си адэ-анэри, дэри ар къызэрытхалъхьэным хущIэкъухэрт. КъинэмыщIауэ, радиом, телевизорым адыгэбзэкIэ къит нэтынхэм драгъэплъырт, драгъэдаIуэрт. Мы зэманми радиом адыгэбзэкIэ щыIу нэтынхэм сытым щыгъуи йодаIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетми зы хьэрф къримынэу къреджыкI си адэм. Дэ къытщIэхъуэжахэри абы щIегъэдэIу. Адыгэ уэрэдыжьхэр зыпищI щыIэкъым, жэщи-махуи едэIуэфынущ, сэри абы сыщIигъэдэIукIыурэ, ахэр сигуми си псэми хэлъ хъуащ. Иджы уэрэдыжьхэм ящыщу 70-м щIигъу согъэзащIэ. Дыпсэумэ, 100-м нэзгъэсыну си мурадщ. 
Си цIыкIугъуэмкIэ къезгъэзэкIыжынщи, хабзэ зэрыхъуауэ, сызыщIэс курыт школым щеджэ ныбжьыщIэхэм я пащхьэ илъэсыщIэм ирихьэлIэу зыкъыщыдгъэлъэгъуэн хуейт. Абы щыгъуэ ебланэ классым сыщIэст. 5 - 11 классхэм щеджэхэр дызэпрагъэуэнути, уэрэджыIакIуэ Нарцисс Пьер зэрызыпысщIыжыфыр ди егъэджакIуэм щыжесIэм, къызэдэIуащ икIи программэ игъэхьэзырым абыкIэ сыхигъэхьащ. Зыкъыщыдгъэлъэгъуэн хуей зэманыр къэсри, си нэкIур фIыцIабзэу цIэлауэ, Нарцис Пьер и уэрэд «Я шоколадный заец» жыхуиIэр згъэзэщIащ. Пэшым щIэс къэпщытакIуэхэми къыдэплъхэми Iэгуауэшхуэ схуаIэтат, гъэщIэгъуэн зэращыхъуар къапщIэу. ИкIи япэ увыпIэр къысхуагъэфэщат. Абы иужькIэ уэрэдыжь жысIэн щIэздзащ, зэпеуэ куэдми сыхэтащ, япэ увыпIэ къыщысхьаи къэхъуащ. Абыхэм сызэрыхэтыр си адэ-анэм къысхуагъэдахэрт. Си анэм сыкъишэурэ, Налшык къалэм дэт ГъуазджэмкIэ школым илъэситIкIэ сыщеджащ. Си гъэсакIуэу щытар Быдэ Ларисэщ. 
Жамболэт Къэбэрдей драмтетрым лэжьэн зэрыщыщIидзэрэ спектакль 70-м щIигъум щыджэгуащ. Абыхэм хэт лIыхъужьхэм я сэфэтым ихьэу зэригъэзэщIэным хущIэкъуу. Гуапэщ мы щIалэр театрым къызэрыхуигъэщIар къыхэбгъэщыну. 
КъинэмыщIауэ, иджырей хьэгъуэлIыгъуэхэри екIуу ирегъэкIуэкI Жамболэт. Уэрэдыжьхэм нэмыщI, щIалэгъуалэр дэзыхьэх уэрэдхэри жеIэ. 
Тхьэм уригъэфIакIуэ, Жамболэт!  

 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться: