Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум псэущхьэхэр къадогъуэгурыкIуэ. Си адэм Iэщышхуэ зэрихуэрти, фIы дыдэу хищIыкIырт. Абы и закъуэтэкъым: 1эгъэбэгу пшхы хъунури мыхъунури зэхигъэкIыфырт. 1эгъэбэгур нэхъыбэу къыздэкI мэз лъапэм накъыгъэ мазэм пщэдджыжьым жьыуэ кIуэрти, куэду къихьырт. Сыт хуэдэу IэфIт ар, унагъуэ шатэкIэ гъэжьауэ.
Нэхъапэм щыIа цIыхухэм емыджами куэдым хащIыкIырт. Удз къэкIхэм деж къыщыщIэдзауэ, Iэщхэми, хьэпщхупщхэми, къуалэбзухэми я нэщэнэхэм щыгъуазэт. Къуалэбзухэм лъагэу уэгум зыщаIэтамэ, дунейр уэфI хъунущ, лъахъшэу лъатэмэ уэшх къешхынущ, жаIэрт. Языныкъуэ псэущхьэхэр сэбэп зэрыхъу щIыкIэхэр зэхагъэкIыфырт. Псалъэм папщIэ, жэм къащэхунумэ, и бжьакъуэхэм еплъырт - бжьакъуэ кIэщI-кIэрэфу щытмэ, гъэшыфIэт. Бжэнри фIыт, и бжьакъуэм лэдэх куэд иIэмэ. Зи бжьакъуэр кIыхь-джафэм и уасэри нэхъ мащIэт.
Къапщтэмэ, лIэщIыгъуэ блэкIам цIыхухэр зэрыпсэууэ щытар Iэщымрэ джэд-къазымрэщ, иджы, ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ ахэр зезыхуэжхэр. Ахэр унагъуэм щитым деж, берычэтыр илъу къалъытэрт ди нэхъыжьыфIхэм. Си анэм зы гъи къэмынэу игъэгъуалъхьэу щытащ джэд, гуэгуш, бабыщ.
Iэщым лы зэрищI щIыкIэри къащIэрт, и къупщхьэхэм еIусэурэ. Мэлым, и цыр шэрэзамэ, пшэрт. Шыр, щылъу псынщIэу зыщхьэпридзыфмэ, лъэрызехьэт, апхуэмыдэрэ, мыхьэнэ щIагъуэ иратыртэкъым. И ныбэр зеуалэмэ, уанэш ящIыртэкъым, шызакъуэгум щIащIэу арат.
ИтIанэ, Iэщым, мэз псэущхьэм хуэдэу, къещIэф дунейм зэрызихъуэжынур. ЩIыIэ къыщыхъунум деж нэпсейуэ Iусыр ешх. Мыхуэжа мэлхэм тIыхэм зыкIэракухь, щIыIэ къакIуэм щахъумэну щыгугъыу. Мэлхэм я щхьэр къамыIэту зэхэтмэ уэшх е уэс къесынущ, жиIэрт си адэм. Уэс налъэ е уэшх ткIуэпс я цым хамыгъэхьэну щIыфэр ягъэтхытхмэ, уэсышхуэ къесынущ е уэлбанэнущи зывгъэхьэзыр, жиIэрт си адэм.
Мыри сигу къокIыж: «Нэхъапэм ди лъэпкъым хъушэхэм къыхах хъупIэхэм псэупIэ тращIыхьырт, нэгъуэщI къамылъыхъуэжу, псэуалъэхэри щаухуэрт Iэщым щылъыну нэхъ щыфIэфIым и деж», - жиIэрт.
Си анэм къилъытэрт джэд-къазым нэщэнэ зырызыххэ яIэу. Джэдыр лъакъуэ псыгъуэмэ джэдыкIэ куэду къриту, жиIэрт. Джэдыр пIащэмэ, къэкъэреймэ, сэбэпышхуэ пылъкъым, жиIэрт. Гуэгушми джэдми щыцIыкIум и деж лъабзэ иридзэрт, къызэрицIыхужынум хуэдэу.
КъинэмыщIауэ, адакъэр жэщым Iуэмэ фIыщ, жиIэрт. Гуэгушымрэ бабыщымрэ я дамэхэр пиупщIырт мылъэтэн папщIэ. Iэщми хьэпщхупщхэми ямыхьэл къаублэ дунейм зыгуэр къыщыхъунум деж, жиIэрт си адэм. Псалъэм папщIэ, щIыр щыхъейнум деж хьэхэм банэу щIадзэ.
ХъумпIэцIэджхэри, щIыр хъеинумэ, мэбзэх; абыхэм загъэпщкIу щIыIэ къыщыхъунум дежи, уэшх къыщешхынуми, малъхъэдис жьапщэ щыщыIэнуми.
ИтIанэ, сабийхэм «чыш» ящIурэ щыджэгу зэманым, щIым еуэмэ, яхуидэу щытакъым си адэм. «ЩIыращ дэ псори дызыгъашхэр, абы пщIэ лей хуэпщIын хуейщ», - жиIэрт.
Дыкъэзыухъурейхь дунейм тету хъуам гулъытэ зэрахуэтщIыпхъэм апхуэдэурэ дыхуаущиирт.