БищIо Даянэ и дыщэ медалыр«Локодзюдо» фIэщыгъэр зезыхьэ, дзюдомкIэ сабийхэм я лигэм и 3-нэ урысейпсо Iыхьэм хыхьэ зэхьэзэхуэ Ставрополь щIыналъэм и Невынномысск къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ.
Рейтинг очкохэр щат, «А» категорие нэхъыщхьэ зиIэ зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыналъэ куэдым я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 1000-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 11-13 хъухэу.
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и щIыхьыр иIэту зэхьэзэхуэм щыIащ БищIо Даянэ икIи килограмм 36-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ.
Хъыджэбз цIыкIум дэлажьэр тренер Мамиконян Ливонщ.
Медаль 17 къахь
Урысей Федерацэм универсальнэ зэзауэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Сочэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 48-м я спортсмену 800-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм цIыху 51-рэ хэтащ икIи медаль 17 абы къыщахьащ: 7-р - чемпионатым, 10-р - пашэныгъэр къэхьынымкIэ зэпеуэм.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Хьэвэящхьэ Елдар (кг 65-рэ), Джаппуев Мансур (кг 45-рэ), Къущхьэ Инал (кг 60) сымэ.
Зэхьэзэхуэхэр къызэрыхахыу щытащ икIи абы къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ дунейпсо чемпионатымрэ пашэныгъэр къэхьынымкIэ екIуэкIыну зэIущIэхэмрэ.
Ди командэм и тренерхэр Бейтыгъуэн Руслан, Джаппуев Алий, Щомахуэ Казбек, Куэцэ Мурат, ШэрIужь Тимур, Тхьэщыгъуей Анзор, Гериев Хъусей, Дзэгъэл Аслъэнбий, Хьэщыкъуей Артур сымэщ.
Махуэ лъапIэм ирихьэлIэу
Космонавтикэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу мас-рестлингымкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха Бахъсэн къалэм щекIуэкIащ икIи медаль комплекту 5 абы щагъэджэгуащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Уэщхъун Марат (кг 40), ТхьэкIумашэ Азрэт (кг 50), Жырыкъ Камил (кг 60), Ныр Имран (кг 70), Ныр Iиляс (кг 70+) сымэ.
ЕтIуанэ хъуахэщ Ахъумашэ Алихъан (кг 40), Хъуэт Ислъам (кг 50), ПщыхьэщIэ Дамир (кг 60), Цей Залым (кг 70), Мамбэт Къамболэт (кг 70+) сымэ.
Ещанэ хъуахащ ЛIыхъурей Алим (кг 40), Гъусэ Ашэмэз (кг 40), Къардэн Исмэхьил (кг 50), Ташу Алихъан (кг 50), Къэрэшей Идар (кг 60), Шокъум НурIэдэм (кг 60), Жэмыхъуэ Алан (кг 70), Ерджынокъуэ Алихъан (кг 70+), Нот Щамил (кг 70+) сымэ.
Мэзкуу къалэм щызэхуос
«Кубок Ямакаси» фIэщыгъэр зэрихьэу Мэзкуу къалэм каратемкIэ щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэр икIи абы екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ щызэуа гупхэм домбеякъ медалхэр къыщахьащ Дэгужий Астемыррэ Романенкэ Максимрэ. Абы нэмыщI, Романенкэ саугъэт щхьэхуэ къратащ техникэфIхэр зэIущIэхэм къызэрыщигъэлъэгъуам щхьэкIэ: зэпеуитхум щыщу плIым хухаха зэманхэр и кIэм нимыгъэсу и хьэрхуэрэгъухэр хигъэщIащ Максим.
Ди щIалэхэм ядэлажьэр Къэрмокъуэ Амурбэчрэ Мэршэнкъуэл Къантемыррэщ.
Иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 27-м я спортсмену 650-м щIигъу.
Поделиться:
Читать также:
14.06.2026 - 12:26 →
Пэнагуэ Казбек и фэеплъу
14.06.2026 - 10:58 →
Шабзэм хуэIэзэхэр
08.06.2026 - 19:45 →
Бахъсэндэсхэм я ехъулIэныгъэхэр
07.06.2026 - 15:32 →
Зы дакъикъэщ тригъэкIуэдар
07.06.2026 - 14:32 →
Миланэ аргуэру дегъэгуфIэ
| ||




