Бгылъэ къуажэ бгынэжахэрИнгушым, Шэшэным, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным щыIэ бгылъэхэм зэгуэр ябгынэжауэ щыта къуажэхэм, жылэхэм щыщыIэ къохъу. Унэ блын гуэхуахэр, быдапIэ зэхэкъутахэр, мывэ сын тIорысэхэр - аращ а щIыпIэхэр къуажэу зэгуэр зэрыщытам и щыхьэту къэнар. Апхуэдэ щIыпIэхэр тхыдэ, щэнхабзэ щIэин мэхъу, языныкъуэхэми музей щытыкIэ яIэщ, зыгъэпсэхуакIуэхэм ирагъэлъагъу, и тхыдэм и гугъу хуащIурэ. Абыхэм ящыщщ зи гугъу тщIыну бгылъэ къуажэ бгынэжахэр. Эрзи. Эрзи хъужыр Ингушым щыIэ Джейрахск районым щыщ зы къуажэжь дыдэ бгынэжащ, зэгуэр щыпсэуаIауэ уи нэгу къыщIэбгъэхьэжыну гугъуу. Мывэ быдапIэ кхъахэхэр пщIы бжыгъэкIэ, унэ 50 хуэдиз щыплъагъунущ абдеж. Ахэр псори метр 2000 хуэдизкIэ лъагэу бгылъэхэм щыIэщ. Мывэ унэхэр, быдапIэхэр Эрзи щIыпIэм щаухуауэ щытащ XV–XVII лIэщIыгъуэхэм. Къуажэ кхъахэжьыр лъэпкъ щэнхабзэм и щIэинхэм хабжэ. Ар хеубыдэж а фIэщыгъэ дыдэр зиIэ мэзгъэфIэным (заповедник). Абы къыхэкIкIэ щIыпIэр яхъумэ. Эрзи щIыпIэм щыIэ быдапIэжьхэм языныкъуэхэм я лъагагъыр метр 30-м зэрынохьэс. Ар къатипщIу зэтет унэм хуэдизынущ. «Эрзи» мэзгъэфIэным пэгъунэгъуу щыIэщ «Армхи», «Берд», «Чайка» хьэщIэщхэр. Абыхэм зыгъэпсэхуакIуэхэр къыщоувыIэ. Эгикал. Эгикал щIыпIэри Ингушым, Джейрахск районым хиубыдэ зы псэупIэ бгынэжащ, пасэрей быдапIэжьхэр Цей-Лоам бгым и ипщэ нэпкъым щиувыкIауэ. Ари бгылъэм исащ, метри 1200-рэ лъагапIэм щыIэу, курыт лIэщIыгъуэм ящIауэ щыта ухуэныгъэхэр нобэми болъагъу. Мывэм къыхэщIыкIа унэ кхъахэ къомым яхэтщ зауэ хуэIухуэщIэхэм хуэщIа быдапIитху, зи лъагагъыр метр 27-м нэс быдапIэ къызэрыгуэкIыу хы, зы мавзолей, сыныжьу 100-м нэблагъэ. БыдапIэ къуажэм укъеплъыхмэ болъагъу Ассин къуэр зэригъуэлъыкIар, ухоплъэ Ассы псым. «Эгикал» щIыпIэм ит ухуэныгъэхэр мывэм къыхэщIыкIащ, зы гъущI Iуни ухуэныгъэ Iэмэпсымэ гуэри къэмыгъэсэбэпауэ. БыдапIэ къалэм цIыхухэр щыпсэуащ XX лIэщIыгъуэм ику пщIондэ, 1944 гъэм, абдеж дэсахэр хэкум ирагъэIэпхъукIыху. Абы лъандэрэ Эгикалыр нэщI хъуащ, музей-быдапIэм и теплъэ иIэщ.
Поделиться:
Читать также:
10.06.2026 - 14:43 →
ЦIыжьдадэ лIэужьыгъуэхэр
10.06.2026 - 13:38 →
Псы къабзэр нэхъапэщ
10.06.2026 - 12:30 →
Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ
10.06.2026 - 11:02 →
ЩIыфэ узыфэхэм зэрызащыпхъумэнур
09.06.2026 - 18:19 →
Километр 43-м щIигъу
| ||




