ДИ ЩIЫНАЛЪЭХЭМ

Бжьыхьэм щIидзэжынущ

«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Лэскэн щIыналъэм и Аргудан къуажэм и курыт еджапIэ №2-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI мы махуэхэм.

Школыр зэраухуэрэ илъэс 55-м нэблэгъащ икIи ар зэIузэпщ щIын зэрыхуейрэ куэд щIат. КъатитIу зэтет а ухуэныгъэм метр зэбгъузэнатIэу 1770-м щIигъу еубыд, езыр къуажэкум итщ.

ЛэжьакIуэхэм иджыпсту бжэ-щхьэгъубжэжьхэр къыхахыж, лъэгухэр къратхъыж, нэгъуэщI пкъыгъуэжьхэри къыпкърахыж. ИужькIэ, унащхьэмрэ IуплъапIэмрэ зыхуей хуагъэзэнущ, инженер коммуникацэхэр къанэ щымыIэу зэрахъуэкIынущ, пэшхэр къращIыкIынущ.

Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм хиубыдэу еджапIэ пэшу 16-м, шхапIэмрэ спорт залымрэ унэлъащIэ, оборудованэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ щIэрыпсу щIагъэувэнущ икIи мы гъэм бжьыхьэм ирихьэлIэу еджакIуэ 306-мрэ егъэджакIуэхэмрэ и бжэр яхузэIуихыжынущ.

КъищынэмыщIауэ, Лэскэн щIыналъэм и курыт еджапIэу плIым апхуэдэ лэжьыгъэхэр мы гъэм щрагъэкIуэкIынущ.

Къуаждэсхэм я кIуапIэ

«Щэнхабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Лэскэн щIыналъэм и Анзорей къуажэм гъуазджэмкIэ и сабий еджапIэр 2022 гъэм къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ. Абы нэмыщI, 2020 гъэм школым къыхуащэхуауэ щытащ макъамэмкIэ Iэмэпсымэхэр, унэлъащIэхэр, обрудованэхэр, методикэмкIэ литературэр, нэгъуэщIхэри.

Иджыпсту абы щеджэ сабии 175-м щIигъум Iэмал яIэщ сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ еджапIэм макъамэм и унатIыныгъэу 5-мкIэ зыщагъэсэну. А псом нэмыщI, щIыналъэ зэхьэзэхуэхэр, еплъыныгъэхэр, нэгъуэщI Iуэхугъуэ щхьэпэхэри абы щызэхашэ. Къуажэдэсхэм я кIуапIэ зэрыхъуари къыжыIапхъэщ.

МЫСОСТ Болэ.
Поделиться: