КIэщIуРозницэ сатум зеужь 2026 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрым розницэ сатууэ щащIам сом мелард 25,9-рэ къыпэкIуащ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 107,9-кIэ хуокIуэ, къитащ иджыблагъэ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм. Розницэ сатум хэтхэм я хэлъхьэныгъэхэр зэпэщхьэхуэу къэбгъэлъагъуэмэ, процент 56,1-р сату щIыпIэ инхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ къалъос, бэзэрхэмрэ жармыкIэхэмрэ – процент 43,9-р. Абыхэм зэхэту яща продукцэхэр зэпэщхьэхуэ тщIымэ, ерыскъыхэкIхэм (тутынри псыхэкIхэри хохьэ) процент 49,9-рэ яубыд, ерыскъыхэкIыу щымыт хьэпшыпхэм – процент 50,1-р. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу республикэм и цIыхухэм иращащ ерыскъыхэкIрэ тутыну сом мелард 12,9-рэ и уасэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ проценти 8,0-кIэ нэхъыбэщ ар. ЕрыскъыхэкIыу щымыт хьэпшыпу ящащ сом мелард 13,0 и уасэ. Ари проценти 7,9-кIэ нэхъыбэщ 2025 гъэм и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам елъытауэ. 2026 гъэм мазаем и 1-м ирихьэлIэу республикэм и сату щIыпIэхэм сом меларди 5,4-рэ и уасэ ерыскъыхэкIрэ хьэпшыпу зэрагъэтIылъэкIауэ яIащ. 2025 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 0,5-кIэ нэхъыбэщ ар, ауэ нэгъабэ мазаем и 1-м щыIахэм нэхърэ проценти 2,2-кIэ нэхъ мащIэщ. Iуэхутхьэбзэм кIэрыхуркъым 2026 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэу хуалэжьащ сом мелард 74,6-рэ и уасэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 100,5-кIэ хуокIуэ ар. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу унагъуэхэм хуащIа Iуэхутхьэбзэхэм сом мелард 1,4-рэ къапэкIуащ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 112,1-кIэ нэхъыбэщ. Псори зэхэту пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэу республикэм щалэжьам и процент 69,7-р хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ къалъос, процент 30,3-р абыхэм хэмыхьэ IуэхущIапIэхэм ейщ. ЦIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я нэхъыбэр псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм пыщIахэрщ – процент 25,4-рэ мэхъу. Унагъуэхэм хуалэжь Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэм процент 18,5-рэ, транспортым ехьэлIахэм процент 15,7-рэ, телекоммуникацэхэм процент 11,3-рэ яубыд. КъищынэмыщIауэ, цIыхухэм хуалэжь Iуэхутхьэбзэхэм ящыщу 2026 гъэм и щIышылэм псом нэхърэ нэхъыбэу хэхъуэ къэзыгъэлъэгъуар хьэпшыпхэр, ерыскъыхэр, нэгъуэщIу зыхуеинухэр цIыхухэм яхуэзышэхэм я Iуэхутхьэбзэхэрщ – процент 27,4-рэ. «НэгъуэщI Iуэхутхьэбзэхэм» процент 22,0-кIэ хэхъуащ, унагъуэхэм хуащIэхэм – процент 12,1-кIэ. Унагъуэхэм хуалэжь Iуэхутхьэбзэхэр зэпэщхьэхуэу къэбгъэлъагъуэмэ, процент 49,7-р псэупIэхэр ухуэнымрэ къэгъэщIэрэщIэжынымрэ яубыд. ЩхьэщIэщэнымрэ зыгъэдэхэнымрэ – процент 15,6-рэ, техникэхэмрэ автотранспортымрэ, машинэхэмрэ обрудованэхэмрэ зэгъэпэщыжыным – процент 12,4-рэ къалъос.
Поделиться:
Читать также:
15.06.2026 - 17:06 →
Лэжьыгъэр зрегъэлъагъу
15.06.2026 - 16:11 →
ЦIыкIухэм папщIэ
15.06.2026 - 16:00 →
Дунейм фызыфI нэхъ мылъкушхуэ щыIэкъым
15.06.2026 - 15:22 →
Зым и щапхъэр адрейм и бзыпхъэу
15.06.2026 - 13:58 →
ЕхъулIэныгъэхэр яIэу
| ||




