Адыгэбзэм щегугъу IуэхущIапIэ«Адыгэ цIыкIу» сабий зегъэужьыпIэм и унафэщI Къармэ Iэсият лъэпкъым теухуауэ гудзакъэ иIэщ, хэкупсщэщ, ди щIэблэм анэдэлъхубзэ яIурылъыным, щэнхабзэр ящIэным теухуауэ куэд зыхузэфIэкIщ. Iэсият езыр психологщ, дефектологщи, сабий гъэсэкIэм и пIалъэ ещIэр, къызэрыпхудэхьэх Iэмалхэм щыгъуазэщ. «Адыгэ цIыкIум» и тхылъыр щигъэхьэзырым Iэсият дэIэпыкъуащ Къумахуэ Маринэ, Мэлей ФатIимэ, Жэнкъазы Аринэ, Щомахуэ Алёнэ сымэ. «Адыгэ цIыкIум» и унафэщIым бзэм теухуауэ нэгъуэщIхэм ялэжьхэри щIепщытыкI, езыми чэнджэщкIэ куэдрэ зыкъыхуагъазэ. - АдыгэбзэмкIэ тхылъ къыдэкIыху согуфIэ. Дэтхэнэми мыхьэнэ иIэщ сабийм и бзэм зиужьынымкIэ: языныкъуэхэр сэбэпщ тхэкIэ зэрагъэщIэнымкIэ, нэгъущIхэр къеджэфу егъэсэным нэхъ тещIыхьащ, щыIэщ хабзэм щызыгъэгъуазэхэри. Къызыхэпхын уиIэну фIыщ, жыхуэсIэщ - нэгъуэщIхэм адыгэбзэкIэ къыдагъэкI тхылъхэми дащогуфIыкI, - жеIэ Iэсият. «Адыгэбзэ» тхылъыр сурэтхэмкIэ лъэщу къызэгъэпэщащ. Сабийхэм я дежкIэ абы мыхьэнэ къызэрымыкIуэ иIэщ. СурэтыщIу щы елэжьащ тхылъым: Нэгъуей Аминэ, Къармэ Лянэ, Вэрокъуэ Инал. Тхылъым тхыгъэкIэ къыщыхьа гупсысэхэр сурэт зэмыфэгъухэмкIэ щIэгъэбыдэжащ. Мыбы ит сурэтхэр адыгэ шыфэлIыфэрэ щэнрэ къэзыгъэлъагъуэщ. ЩIыуэпсым и теплъэ итми, унэлъащIэ къыщыгъэлъэгъуами, щыгъынхэри, зэрыджэгу хьэпшыпхэри - псори лъэпкъым ехьэлIащ. Ар къэгъэлъэгъуащ е тхыпхъэкIэ, е дамыгъэкIэ, е хьэпшыпым и щIыкIэкIэ. Мы зэманым адыгэбзэмкIэ Iэрытх цIыкIу ягъэхьэзыр Къармэ Iэсиятрэ Тэтэр Аминэрэ. - Сабийхэм я Iэпэр хьэрфхэр тхыным хуигъэхьэзыру, ар зыгъэгупсысэн жыIэгъуэ, псалъэжь хуэдэхэр къыщыхьауэ, сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр хэту, Iэрытхыр зыIэрыхьэну цIыкIухэм яцIэлэжыну сурэтхэри иту, цIыкIухэр зыгъэгупсысэн лэжьыгъэхэр дэщIыгъуу зэгъэпэщауэ къыдэдгъэкIын ди гугъэщи, дегугъуу долэжь, - жеIэ. «Адыгэ цIыкIум» езым и логотипи иIэжщ. Ар унэ цIыкIуурэ къэгъэлъэгъуащ. IуэхущIапIэм и унафэщIым къызэрыхигъэщымкIэ, «Дэнэ ущыIэми, уи бзэр зыщумыгъэгъупщэ» жиIэу, кърагъэкI абы. Къармэ Iэсият психолог IэщIагъэ зэриIэр и IуэхущIафэхэм лъэщу къыщосэбэп. Сыту жыпIэмэ, цIыкIухэм уахэтыныр, ебгъэджэныр, фIым хуэбгъэсэныр, бзэр фIыуэ ебгъэлъэгъуныр а IэщIагъэм зыкъомкIэ елъытыжащ. - Сыт хъуэдэ Iуэху зеппщытми, абы дахагъэрэ гуапагъэрэ хэлъхьэн хуейуэ къызолъытэ. IуэхущIапIэ щыхъукIэ, зэпымыууэ псори зэпэщу екIуэкIыркъым, лъэпощхьэпои ухуозэ, гугъуехьхэми хэкIыпIэ къахубогъуэт, къалэн щхьэхуэхэри уи пщэ дэплъхьэжурэ уокIуэ. СызэреплъымкIэ, гугъуехьхэр къэбгъэIун хуейкъым - ахэр езы IуэхущIапIэм зэпэщ щыбощIыж, лъэпощхьэпор яжьэхэбгъауэркъым цIыхухэм. Псом нэхъыщхьэр ди лэжьыгъэм дзыхь къезыгъэзхэрщ. ЗадыдогъэкIу, я быныр къыщашэну зэманым, къыхах дерсым, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми теухуауэ зыхуейхэр къыджаIэри, мис абы нэхъ тещIыхьауэ догъэбелджылы программэр, - жеIэ Iэсият. «Адыгэ цIыкIухэм» хьэщIэ я куэдщ. Республикэм щыпсэу цIыху цIэрыIуэхэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэри, я гъэсэнхэм IуагъащIэ. Гъуазджэм, литературэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм епха цIыхухэр я IэщIагъэм теухуа щэхухэм топсэлъыхь, сабийхэм упщIэхэр кърат, сурэт щIыным, пщэфIэным, шыкIэпшынэ еуэным, арджэн щIыным, егъэджэным нэхъыщхьэу гу зылъытапхъэу хуейуэ хэлъхэр къыжраIэ. АдыгэбзэмкIэ дерсхэм нэмыщI, «Адыгэ цIыкIум» сабийхэр щыхуагъасэ адыгэ IэщIагъэхэми. Абы къыщызэIуахащ «IэпщIэлъапщIэ», «IэпэIэсэ», «шыкIэпшынауэ» зыфIаща дерсхэр. Адыгэм нэхъ пэгъунэгъу дыдэ IэщIагъэхэм ящыщщ мыхэр. Ари бзэм, хабзэм, щэнхабзэм щыщщ, лъэпкъ хьэл-щэным щIэблэр щIэзыпIыкIщ. - «IэпэIэсэм» къакIуэ пщащэ цIыкIухэм тхыпхъэхэр IуданэкIи щыгъэкIи хадэкIыу, хъуржын, чысэ цIыкIухэр, пщампIэтелъхэмрэ Iэщхьэтелъхэмрэ, бгъэIулъхэр яду, матэ цIыкIухэр ящIу зыщагъасэ. Мастэ-Iуданэхэр, щыгъэ зэмыфэгъухэр, щэкIхэр, зэрыдэ машинэр - къагъэсэбэпыну псори диIэщ. Ди IэпщIэлъапщIэ цIыкIухэр йолэжь пхъэм, фэм, гъущIым. Зыгъасэр ядэIэпыкъуурэ, абыхэм ящIащ щыгъын фIэдзапIэ, шэнтхэр, тхылъ телъхьэпIэ, нэгъуэщIхэри. Ди блыным фIэлъ сурэтхэри абыхэм я IэрыкIщ, - жеIэ Iэсият.
Поделиться:
Читать также:
15.06.2026 - 17:06 →
Лэжьыгъэр зрегъэлъагъу
15.06.2026 - 16:11 →
ЦIыкIухэм папщIэ
15.06.2026 - 16:00 →
Дунейм фызыфI нэхъ мылъкушхуэ щыIэкъым
15.06.2026 - 15:22 →
Зым и щапхъэр адрейм и бзыпхъэу
15.06.2026 - 13:58 →
ЕхъулIэныгъэхэр яIэу
| ||




