НыбжьыщIэхэр нэхъ бзаджэ мэхъу

Пермь крайм къыщыхъуа гузэвэгъуэм зэрыкъэралу игъэгужьеящ. Добрянкэ щIыпIэм дэт школ №5-м щIэс, илъэс 17-м ит ныбжьыщIэр урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэм сэкIэ кIуэцIыуэри, цIыхубзыр сымаджэщым дунейм щехыжащ.

Багутэ Олеся илъэс 55-м итт. Иджы къызэрыщIэщымкIэ, щIалэр илъэс ипэкIэ къыхэнэжат, мыгъэрей къэпщытэныгъэр итыну хуит зэримыщIарщ егъэджакIуэр зэригъэкъуаншэр. ИщIэр ищIэжу, цIыхубзыр зэриукIам и щыхьэтщ абы чыцэм зыхигъапщкIуэу, егъэджакIуэр къэсыху зэрыпэплъар. ИужькIэ сабийхэм яхэкIиери, «дэтхэнэ зыми абы и махуэр къыфхуэзгъэкIуэнущ» яжриIащ.

ЕгъэджакIуэр илъэс 30 хъуауэ школым щылажьэрт. «Илъэсым и егъэджакIуэ» текIуэныгъэр къэзыхьахэм язт, и еджакIуэхэм фIыуэ ялъагъуу. Ебгъуанэ классыр къыщищтам, и псэр хэзыхыну еджакIуэр абы зэрыщIэсыр дэнэ щищIэнт Багутэ Олеся?

Емыджэфым къыщымынэу, ныбжьыщIэ щIэпхъаджащIэм мыхъумыщIагъэ куэд далъагъуу щытащ. Ауэ хэт зигу къэкIар абы школыр тутнакъэщым зышэну гъуэгу хуэхъуну? ИджыпстукIэ ягъэкъуаншэр хабзэхъумэхэм яIэщIэлъщ.

Зи щIалэгъуэхэр нэхъ къызэщIэплъэрейуэ зэрыщытыр дощIэ, ауэ абыхэм я зэхуаку къаугъэ къызэрыщыхъейм, я хеящIэ мыщхьэпэхэм лей зэрыщызэрахьэм теухуа хъыбархэр нэхъыбэрэ зэхэтхыу мыхъуауэ пIэрэ? Мы гузэвэгъуэм куэдкIэ къыкIэрыхуркъым Мейкъуапэ лъэныкъуэкIэ къиIукIари. Мэлыжьыхьым и 5-м зэклассэгъу зыбжанэ зэхыхьэри, илъэс 13-м ит хъыджэбз цIыкIу яубэрэжьащ. Хъыбарыр хэIущIыIу щыхъуар УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, «Лига безопасного интернета» зэгухьэныгъэм и унафэщI Мизулинэ Екатеринэ къэхъуам теухуа тхыгъэ и «Макс» напэкIуэцIым щызэбгритыкIа нэужьщ.   

ЖэщитI-махуитIкIэ псэхупIэ зрамыта хъыджэбз цIыкIум и къуаншагъэр ныбжьыщIэхэм я гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызыубыд «лъагъуныгъэм» епхауэ къыщIокI.

«Дашэ Iэмин дэгушыIэу щытати (цIэхэр яхъуэжащ), зэман дэкIа нэужь, щIалэм Аглае нэхъ гъунэгъу зыхуищIащ. Иужьрейр ефыгъулIэныгъэм иубыдри, щIалэм Дашэ деж имыгъэзэжын хуэдэу, игъэшынэну мурад ищIащ, езыр ММА-м хэтщ. Iэмин Дашэ лей зэрытехьэр щилъагъум, хъыджэбзитIым я зэхуакум дэмытын папщIэ, Аглаем и щIыб хуигъэзащ. Ар Дашэ и къуаншагъэу зыгъэува Аглае илъ ищIэжыну мурад ищIри, Дашэ хьэIупс езыгъэщIар аращ», - дыкъыщоджэ мы Iуэхум тепсэлъыхь газетхэм.

Зыкъомрэ интернеткIэ ягъэшына нэужь, дерс нэужьым хъыджэбз цIыкIур бзаджащIэ гупым зыIэщIаубыдащ. А псори зыгъэгушхуэр Адыгейм и следственнэ комитетым и унафэщIым ипхъу Аннэт, аращ пщащэм япэу еуар, езым тхэквондом зыхуегъасэ. «Сэ си адэр ехьэжьащи, зыри къызащIэнукъым», - жиIэри, Аннэщ Дашэ япэу еуар. Къаугъэр къэзыгъэхъеяр иужьрейм и ныбжьэгъу, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Аглаещ, абыи бэнэкIэм зыхуегъасэ, и анэр щIыналъэм щацIыху къулыкъущIэ бзылъхугъэщ.

Лей зытехьа хъыджэбз цIыкIум мыпхуэдэ пудыныгъэ иджы етIуанэ-ещанэ ирагъэшэч, ауэ балигъхэми хабзэхъумэхэми нобэр къыздэсым я Iэ нэсакъым мыхъумыщIагъэр къагъэувыIэну. Бзаджагъэр зэбэкI ныбжьыщIэхэм пщащэм иращIэр яфIэмащIэу, ар зэраубэрэжьам видео трахри, интернетым къралъхьэжащ. Зы сыхьэтрэ ныкъуэкIэ щагъэтакъым лейзехьэ гупым зи закъуэ хъыджэбзым ебгъэрыкIуэн. ЦIыхухэр зыгъэгужьейр зыми жэуап зэримыхьырщ. Зыри зыкIи ягъэкъуэншакъым, сыту жыпIэмэ, сабий лейзехьэхэр  хабзэхъумэ IэнатIэ зыIыгъ я благъэхэм къакъуогушхукI.

Иджы Дашэ и анэм, Адыгейм захуагъэ къыщигъуэтыну мыгугъэжу, Iуэхур Мэзкуу нихьэсащи, зэхагъэкIыну дыщыгугъынщ. Iуэхур Урысейм и Следственнэ комитетым и унафэщI Бастрыкин Александр и пащхьэ иралъхьакIэщ, Адыгейм и прокуратурэми къэхъуар зэхегъэкI.

ИтIани, «псори зэзауэурэщ зэрызэхагъэкIыр», - жызыIэ хъыджэбз-бэнакIуэхэм я гупсысэкIэр яхъуэжыну гугъэ закъуи щыIэкъым.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: