Иребзэрабзэ къуалэбзухэр

Гъатхэр къызэрыблэгъар махуэгъэпсымрэ дунейм и щытыкIэмрэ нэхърэ нэхъыфIу къыдагъащIэ къуалэбзухэм. Абыхэм я макъ гуапэр зэхыдохри къыдгуроIуэ - щIымахуэм жея дунейр къоушыж.

ЩIыуэпсым и махуэшхуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зыуэ Къуалэбзухэм я дунейпсо махуэр щагъэлъапIэ диIэщ. Ар траухуащ къуалэбзухэм я гугъуехьхэм: хабзэм къемызэгъыу ахэр къызэраубыдым, языныкъуэхэр хуэм-хуэмурэ зэрыкIуэдыжым, лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэр зэрызэтраукIэм цIыхум гу лъегъэтэным.

Къуалэбзухэм дыкъэзыухъуреихь дунейм мыхьэнэшхуэ щагъэзащIэ, икIи ахэр кIуэдыжмэ, щIыуэпсым насыпыншагъэ къыхуихьынкIи хъунущ. 

1902 гъэм Париж Iэ щытрадзауэ щытащ мэкъумэш IэнатIэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къуалэбзухэр хъумэнымкIэ дунейпсо конвенцэм. Абы къэралипщIым щIигъу хэтат. 1906 гъэм ирихьэлIэу махуэшхуэм хуэфащэ гулъытэ щигъуэтащ дунейм и къэрал куэдым я махуэгъэпсхэм. Къуалэбзухэм я дунейпсо махуэр гъэлъэпIэным теухуа гупсысэр Урысейми щыдаIыгъат.

Къуалэбзухэр зыджхэм (орнитологхэм) зэрыжаIэмкIэ, гъэ къэс Тхылъ Плъыжьым къуалэбзу лIэужьыгъуэ нэхъыбэ йохуэ.

Кавказым и къуалэбзухэр зригъэцIыхуну илъэс зыщыплI ипэ Налшык къэIэпхъуауэ щытащ Новгород Ищхъэрэ щыщ Романовэ Екатеринэ. Ар IT IэнатIэм щолажьэ, блогерщ, бзухэм кIэлъыплъыну хуейхэр мэзхэмрэ паркхэм ишэурэ защрегъэплъыхь, езым къуалэхэм сурэт ятрех. «Бердвочер» жаIэ мыпхуэдэ Iуэху зезыхуэхэм щхьэкIэ.

«Къуалэбзухэм сурэт ятесхыныр къыщежьар нэхъ жыжьэри къэзыубыд объектив къэсщэхуауэ, Зей бгым (Кизиловка) къыщыскIухьыну сыщыкIуарщ. Абы бзу фIыцIэ дахэм сыщрихьэлIащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар жыгыуIуфIыцIэ (желна) жыхуаIэрат - Европэм щынэхъ ин дыдэ жыгыуIущ», - жеIэ бзылъхугъэм.

Екатеринэ Новгород Ищхъэрэ бердвотчерхэм я клубым, Налшык «Свой стиль» и фотоклубым хэтщ. Бердвотчерхэм зы лъэныкъуэкIи орнитологкIи уеджэ хъуну къыщIэкIынщ, щIэныгъэм я гуащIэ мымащIэ халъхьэу щытщи. «Къуалэбзухэм сурэт ятесхыху, я къабзиймрэ я плъыфэхэмрэ зэпысплъыхьыху, абыхэм ятеухуауэ нэхъыбэ къэсщIэну сыхуей хъуащ. Къысхуэза лIэужьыгъуэхэм ятеухуа хъыбар къэслъыхъуэрт: дэнэ ахэр щетIысэхыр, дэнэ щылъэтэжыр, абгъуэ щащI щIыпIэр здэщыIэр… Апхуэдэурэ а Iуэхум сызыIэпишащ. ИджыпстукIэ Урысейм щыпсэу бзу лIэужьыгъуэу 225-рэ си коллекцэм хэтщ, абы щыщу 120-м КъБР-м сащрихьэлIащ», - жеIэ Романовэм.

Абы дежкIэ зэлэжь мы Iуэхур ауэ и гукъыдэжыр хэзыгъахъуэ къудейкъым, атIэ гу зылъитэ гъэщIэгъуэнхэм цIыхухэр щегъэгъуазэ.

- ЦIыху куэд яфIэгъэщIэгъуэну щIоупщIэ Зей бгым къыщыщыскIухькIэ тесхахэмрэ слъэгъуамрэ. ЩIыуэпсым къызит дэрэжэгъуэр нэгъуэщIхэми къызэрысдаIыгъым сегъэгуфIэ. ЖыпIэнурамэ, къуалэбзухэм уеплъын щхьэкIэ щIыпIэ жыжьэхэм укIуэн хуейкъым: унэми пэгъунэгъуу ущеплъ хъунущ. Нэхъ пасэу къэтэджын хуейуэ аращ - къуалэбзухэр нэхущым щегъэжьауэ шэджагъуашхэ пщIондэ нэхъ жыджэрщ. Налшык ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэмрэ Зей ЦIыкIум нэхърэ нэхъ щIыпIэ дахэ ухуейкъым абыхэм уаIущIэну. УзрихьэлIа бзур зыхуэдэр къыбгурыIуэн папщIэ, иджырей Iэмэпсымэхэр сэбэп мэхъу - бзум и сурэтымрэ макъымрэ требгъатхэм, абы теухуа хъыбархэр къэзыгъуэт гуэдзэнхэр дэIэпыкъуэгъу къыпхуэхъунущ.

Налшык куэдрэ ущрохьэлIэ жыгыуIу щхъуантIэмрэ цIыжьдадэ (синица) кIэ кIыхьымрэ. Урысейм ику щIыналъэхэм цIыжьдадэр щыхужьыфэщ, «набдзэ» гъуэжь ятету, мыдэкIэ - фIыцIафэщ. Псыкъуаргъми (зимородок) сыхуэзащ. Языныкъуэхэм деж узыпэмыплъа къуалэбзухэми урохьэлIэ - апхуэдэу, Трек гуэлым деж хы тхьэрыкъуэм (чайка) къыщикIухьырт - тенджыз бзур мыщхьэрыуауэ пIэрэ, жыуигъэIэу. Бзу цIыкIур гъунэгъуу къызбгъэдэлъэтати, сурэт дахэ тесхыгъащ, - къыхегъэщ Екатеринэ.

Республикэм и къыр задэхэм щыплъэгъунущ бзудамэплъ (стенолаз) къуалэбзу гъуабжэ-плъыжь хьэлэмэтыр. Гижгит гуэлым къэзмакъбзум (горихвостка краснобрюхая) ущрохьэлIэ. А бзу цIыкIур гъэм и хуабэгъуэм къуршхэм лъагэу щопсэу (метр 3000-кIэ), щыщIыIэм нэхъ лъахъшэу, метр 1800 - 2300 хуэдизкIэ къох - Iус къигъуэтыну нэхъ тыншщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэтеувыIэркъым шэмэджыпэбзухэр (каравайка), ауэ блолъэт - Тамбукъан гуэлым деж гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ тхьэмахуитI хуэдэкIэ щыплъагъунущ ар.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: