ЗэIузэпэщыгъэ лэжьыгъэхэр«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым и фIыгъэкIэ Тэрч щIыналъэм и Терекскэ (Болэтей) къуажэм псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Къуажэдэсхэм я унэхэм иджыпсту ирашалIэ псы зэбгрытыкIэпIэщIэр. Бжьамийуэ псори зэхэту къуажэм щаукъуэдиям километр 21,6-рэ и кIыхьагъщ, скважинэр метр 200 и кууагъкIэ щIым йох. Езы бжьамийхэм я кIуэцIхэри кърагъэкъэбзыкIащ. Иджы, нэхъ хуабэ къызэрыхъуу, къуажэдэс мини 2-м нэблагъэм фIагъ лъагэ зиIэ псы къабзэ зэпымыууэ къаIэрыхьэн щIадзэнущ. Абыхэм я унэхэм екIуалIэ бжьамийхэр 1960 гъэхэм яукъуэдияуэ щытауэ аращ икIи жьы зэрыхъуам къыхэкIыу, цIыхухэр псыкIэ гугъу щехь куэдрэ къэхъурт. Апхуэдэуи, «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ къалэм и ЗАГС-м и хэщIапIэм и бжэIупэр зэIузэпэщ ящI. ПэхуэщIэр ягъэзащIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу. Нобэ лэжьыгъэхэр щекIуэкI щIыпIэм псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 1500-рэ еубыд. Мыбдежым гъуэгу зекIуапIэм телъ асфальтыжьыр щызэрахъуэкIынущ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжынущ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ щагъэувынущ, уэздыгъэхэр щыпадзэнущ. ИужькIэ, къэкIыгъэ щхъуантIэхэр щыхасэнущ, къалэдэсхэм щхьэкIэ сурэт щытрах щIыпIэ щхьэхуэхэр хуащIынущ. КъищынэмыщIауэ, Бахъсэн къалэм боксым зыщыхуагъасэ и пэшыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI метр зэбгъузэнатIэ 300-м щIигъум. Боксым зыщыхуагъасэ пэшыр къалэм и спорт еджапIэм хеубыдэ икIи зи IэщIагъэм хуэIэижь тренерхэр спортсмени 100-м нэблагъэм абы щадолажьэ. Иджыпсту ахэр псори нэгъуэщI пэшым ягъэIэпхъуащ, я тренировкэхэми зэран хуэхъуркъым. НобэкIэ лэжьакIуэхэм бжэхэр хагъэуващ, блынджабэхэр зыхуей хуагъэзащ, зыгъэпскIыпIэм плиткэхэр иралъхьащ, лъэгури зэтес ящIащ. «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Лэскэн щIыналъэм и Хьэтуей къуажэми Долым и цIэр зезыхьэ и курыт еджапIэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. 1976 гъэм яухуауэ щыта школым апхуэдэ лэжьыгъэхэр япэу щрагъэкIуэкIыу аращ. НобэкIэ лэжьакIуэхэм жьы хъуа пкъыгъуэхэр еджапIэм къыпкърахащ. ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, унащхьэр, щхьэгъубжэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, пэшхэр Iэхуитлъэхуит ящIынущ, къращIыкIынущ. Ахэр зэрызэфIэкIыу, иджырей егъэджэныгъэ Iэмэпсымэхэмрэ оборудованэхэмрэ щIагъэувэнущ, школ IуплъапIэри зыхуей хуагъэзэнущ. Тэрч щIыналъэм хыхьэ Акъбащ Ипщэм и жыг хадэ цIыкIум сабий джэгупIэ щыухуэнымкIэ къуажэдэсхэм къыхалъхьа жэрдэмыр, щIыпIэ администрацэр къадэIэпыкъуу, щагъэзащIэ. Псом япэу зыпэрыхьар хъыринэхэр абдежым щыгъэувынырщ. А лэжьыгъэм къыхашащ хьэрычэтыщIэхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ. Къэухьхэри ихъуреягъкIэ щагъэуващ. Хъыринэхэм сабии 5 - 7 зэуэ ирищIэфынущ, абыхэм я ныбжьрэ хьэлъагърэ емылъытауэ. Къуажэдэсхэм ар кIуапIэ зэрахуэхъунуми шэч къытрахьэркъым. ЧЭМОКЪУЭ Мылэ.
Поделиться:
Читать также:
10.06.2026 - 13:38 →
Псы къабзэр нэхъапэщ
10.06.2026 - 12:30 →
Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ
10.06.2026 - 11:02 →
ЩIыфэ узыфэхэм зэрызащыпхъумэнур
09.06.2026 - 18:19 →
Километр 43-м щIигъу
09.06.2026 - 16:25 →
ЩIыпIэ дахэхэр
| ||




