ГъущIхэкI къызыхах мывэхэр къащIахынущ

Тырныауз къалэм и Iэгъуэблагъэм щIым щIэлъ вольфрам, молибден къыщыщIэхыныр егъэжьэжыным хуэунэтIа пэхуэщIэм пэрыхьащ. Кавказ Ищхъэрэм и металлургие IэнатIэм и курыхыу щытыну а щIыпIэм социальнэ мыхьэнэшхуэ иIэнущ, жаIэ экспертхэм: ар ирагъэжьэжа нэужь, цIыху 1000 хуэдизыр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща хъунущ.

 Бюджетым хэмыхьэ инвестицэ ахъшэу пэхуэщIэм къыхашар сом меларди 4,1-рэ мэхъу нобэкIэ. Иджыпсту абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм хыхьэу транспортым екIуэлIапIэ хуащIащ, пэхуэщIэми зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ ар нэхъ гъэзэщIэгъуафIэ хъун папщIэ, гъущIхэкI къызыхах мывэхэм щелэжьыну комплексым и етIуанэ Iыхьэми йолэжьхэр.

Абы къыдэкIуэу, а щIыпIэм пэгъунэгъуу щыIэ, Михайловым и цIэр зезыхьэ, хъугъуэфIыгъуэ зыщIэлъ щIыпIэм дыщэ къыщыщIахыну загъэхьэзыр. А пэхуэщIэр гъэзэщIэным инвестицэ ахъшэу сом мелард 50-м нэблагъэ текIуэдэнущ икIи ахэр ирагъажьэу щытмэ, Iуащхьэмахуэ районым и экономикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуащIынущ.

 БЭТОКЪУЭ Алыдж.

 

 

 

 

Поделиться: