Псыдзэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр

 Дагъыстэныр зыубыда псыдзэм хуэдэ республикэм 1882 гъэ лъандэрэ, языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ - 1919 гъэ лъандэрэ щалъэгъуакъым. Унэ мини 2-м щIигъу псым щIигъэнащ, цIыхуи 6 хэкIуэдащ, цIыху мин 15,5-рэ нэгъуэщIыпIэ ягъэIэпхъуащ.  

 КъызэрымыкIуэ щытыкIэ гугъум итщ Мэхъэчкъалэ, Хасавюрт, Буйнакск, Каспийск, Дагъыстэн мафIэхэр къалэхэр, Дербент, Карабудахкент, Хасавюрт, Гумбет, Новолакск, Кайтаг районхэр. ГущIэгъум, бэшэчагъым и щапхъэ сыт хуэдиз ди нэгум щIигъэкIа мы гузэвэгъуэм. Ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, щIыуэпсым и тэмакъкIыхьагъми гъунэ иIэщ. ЩIыналъэр щытыкIэ гугъум изыгъэувар унэ щамыщIыпхъэ щIыпIэхэм зэрытращIыхьарщ. Дагъыстэн Республикэм и унафэщI Меликов Сергей зэрыжиIэмкIэ, псыдзэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар Черкес-Озень, Тарнаиркэ псыежэххэм я ирижапIэхэр ягъэбыдэу, я щIыIум ухуэныгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIарщ.  «Черкес-Озень, Тарнаиркэ псыежэххэм я ирижапIэр ямыгъэбыдамэ, псым здэжэн иIэнут, иджыпсту абы кIуапIэ зэримыIэращ гузэвэгъуэм дыхэзыдзар», - жиIащ Меликовым. 

Черкес-Озень псыежэхым нэхъ пасэм дытепсэлъыхьауэ щытащ, ди лъэпкъыцIэр къызэрыхэщым къыхэкIыу. Абы щыгъуэми цIыхухэм ягу къеуэрт абдежыр пхъэнкIий идзыпIэ зэрыхъуар. Уеблэмэ илъэс бжыгъэ хъуауэ, республикэм и планхэм хагъэхьэм, зыхуагъэувыжа къалэныр ямыгъэзащIэурэ, ди лъэпкъыцIэр зезыхьэ псыежэхым «Воняйкэ» («Бамэ») цIэ лейр кIэрыпщIащ, и Iэгъуэблагъэм уи пэр умыубыду узэрыщыземыкIуэфым къыхэкIыу. Ауэ а Iэуэлъауэм нэмыщIамэ, цIыхум гъущIыр къигъэщхьэпэн щыщIидза лъэхъэнэм хуахь, археологхэм  къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр щрагъэкIуэкIа мы щIыпIэр зэрыщыIэр къэтщIэххэнутэкъым.   

Тхыдэ къэхутэныгъэ псоми я къежьапIэр кхъэлъахэхэрщ. «Черкес-кутан» зыфIащар Iыхьищ иращIыкIыжауэ апхуэдэщ: «Черкес-кутан Езанэ», «Черкес-кутан ЕтIуанэ», «Черкес-кутан Ещанэ».   Япэу мы кхъэлъахэм гу щылъатар лIэщIыгъуэ блэкIарщ. Абы щыгъуи ухуэныгъэхэр ирагъэжьауэ, зэрымыщIэкIэ хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр къапэщIэхуэурэ, кхъэм къызэрыщыхутар къагурыIуат. А псом щыгъуазэ дащI 2022 гъэм зэхаублэжа къэхутэныгъэхэм хэта, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Магомедов Рабаданрэ «Дарс» археолог экспедицэм и унафэщI Селезнёв Алексейрэ.  «ПхъэнкIий идзыпIэмрэ Мэхъэчкъалэ деж щекIуэкIа щIыкъэтIэщIхэмрэ» тхыгъэм абыхэм щатхым къыхэдгурыIукIар мыращ. Мэхъэчкъалэрэ Буйнакскрэ я зэхуакум гъуэз бжьамийхэр кIуэцIрашыну мурад ящIщ, щIыкъэтIхэмрэ хьэлъэзешэхэмрэ щIыпIэм ираутIыпщхьэри, лэжьыгъэм пэрыхьащ. «Гъэзий Мухьэмэд - Мэздэгу» гъуэз зекIуапIэр Мэхъэчкъалэ дэмыхьэу, къалэр хъурейуэ къикIухьу ящIыну мурад яIэти, абы кIэлъызекIуэрэ пэт, къэрал хъугъуэфIыгъуэхэм хиубыдэ щэнхабзэ щIэиным хэт, Черкес-озень псыежэхым и Iэгъуэблагъэм ит кхъэлъахэхэм Iууауэ къыщIэкIащ ухуакIуэхэр. 

 «Ар гъущI лъэхъэнэм хиубыдэ, «Черкес-кутан Езанэ» кхъэлъахэрт, лIэщыгъуэ блэкIам и 80 гъэхэм мел къыщIахрэ пэт зэрымыщIэкIэ къагъуэтыжауэ, - ятх щIэныгъэлIхэм. - Зэзэмызэ  дагъыстэн археологхэр кIуэурэ кхъуэщыныжьхэр, домбеякъым къыхэщIыкIа  цIугъэнэхэр, Iэщэхэр  къыщагъуэту щытащ, ауэ зыхуей хуэза археолог лэжьыгъэ ирахьэлIатэкъым. Щхьэусыгъуэр абы текIуэдэну ахъшэ зэрамыIэрт. 2022 гъэм «Черкес-кутан Езанэр» гъуэз гъуэгу щыпхаш щIыпIэм хуэзащ икIи проектыр «Газпром»-м зэрыригъэкIуэкIым къыхэкIыу, ахъшэ къыхуаутIыпщауэ къыщIэкIащ. ИкIэщIыпIэкIэ тхыдэ щIэин щIэлъ-щIэмылъыр зэхагъэкIыу, ухуэныгъэм пэрыхьэн  хуэдэу, экспедицэ зэрагъэпэщри, къамылъыхъуа куэд къагъуэтащ».

 Сыт-тIэ къэхутакIуэхэм къыджаIэр мы кхъэлъахэ къызэрымыкIуэм теухуауэ? Псори зэхэту кхъэлэгъуни I05-рэ къагъуэтыжащ. Я хьэдэ щIэлъхьэкIэхэр зэралъытурэ, щIэныгъэлIхэм абыхэм ящыщу I03-р гъущI пасэм и лъэхъэнэм хиубыдэу хуагъэфэщащ. ХьэдитIыр мывэ бэным дэлът, зыр – щIыунэ щIэлъхьэкIэкIэ щIэлъхьат, зи гугъу тщIа 103-р «албан-сармат лъэхъэнэ» жыхуаIэм  хуагъэзащ.  

 Мащэхэм къыщагъуэта хьэдэхэм я нэхъыбэр цIыху зырызут  зэрыщIалъхьар. Ауэ тIурытIхэри яхэтщ: «сабийрэ балигърэ», «балигъитI зэгъусэу». Псори захуэу щылъу щIым щIалъхьэрт, ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ гъэзауэ. Хьэпшып къагъуэтахэм я нэхъыбэр Iэщэрэ Iэмэпсымэрэщ: маисэ, къамэ, бжы, мастэ, сэ.

 Археологхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ хьэдэхэм я щхьэм пэгъунэгъуу  кхъуэщын зэрыщIалъхьар, теплъэкIэ зэмыщхьрэ ятIэм къыхэщIыкIауэ, тхыпхъэхэр ятелъу.

 Дэ, дауи, тфIэгъэщIэгъуэныр а щIыпIэм «Черкес» цIэр зэрыпыуварати, а упщIэм и жэуапу къытIэрыхьам нэмыгъэсаифэ тетщ. «Дагъыстэным и щэнхабзэ щIэиныр  хъумэнымкIэ сайтым» итыр мыращ: «Черкес-кутан, Черкес-озень цIэхэм къыджаIэ мыбдежым «Черкес» цIэр зэрихьэу, Аланиеми Къумыкъу щIыналъэми щыпсэуа тыркущылъху лъэпкъым къыхэкIа гуэр зэрыщыпсэуар, ар гъунэгъуу псэу адыгэхэми я дежи нэсауэ щытащ XIX лIэщIыгъуэм и пэм». 

 Дагъыстэным къыщIэуа псыдзэр щхьэусыгъуэ хуэхъуащ Черкес-Озень псыхъуэр ягъэкъэбзэжыну унафэ къащтэнымкIэ. Меликовым зэрыжиIэмкIэ, а Iуэхум гъэмахуэм иужь ихьэнухэщ. Гъунэгъу республикэр иджыпстукIэ зыхэт псыдзэ гузэвэгъуэм  Тхьэм икIэщIыпIэкIэ къыхихыж.

 ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться: