ШыфэлIыфэр ерыскъыми къегъэлъагъуэ

Лъэпкъ къэс ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI щэнхабзэм хохьэ абы и шхыныгъуэхэр. Абы къищынэмыщIауэ ерыскъым къегъэлъагъуэ ар зышх, зыпщэфI лъэпкъыр зэрыс щIыналъэр, щIыуэпсыр зыхуэдэр, и къекIуэкIыкIар, и шыфэлIыфэр, лэжьыгъэм зэрыхущытыр, нэгъуэщIхэри. Лъэпкъ шхыныгъуэхэм я къулеягъыр, дэтхэнэми и пщэфIэкIэм и хабзэ телъыджэхэр зэбгъэщIэныр, бгъэлъэгъуэныр, утепсэлъыхьыныр IуэхуфIщ.

Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым МенеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ индустриемкIэ и институтым и егъэджакIуэ нэхъыжь Балъкъэр Залинэ илъэс куэд хъуауэ йолэжь Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм шхыныгъуэм епхауэ яIэ щэнхабзэр джыным, абы щыгъуэми, адыгэм ейм гулъытэ хэха яхуищIу.

Абы къызэрилъытэмкIэ, адыгэ шхыныгъуэхэр IэфIагъымрэ къэуатымрэ я щапхъэ нэсщ. Адыгэ ерскъыхэм я нэхъыщхьэу къалъытэ джэд лыбжьэр. А шхыныгъуэр унэгуащэм и Iэзагъым и пщалъэщ: джэд лыбжьэ тэмэмыр Iуву, тхъуэплъу щытын хуейщ, шыгъумкIэ зэщыщхъуу, бжьыныхум и мэ гуакIуэр къыхихыу, зи ныбэ из цIыху нэгъунэ и гурыхьыр къигъакIуэу. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ар Iуэхугъуэ гуэрым техуэу ягъэхьэзыру щытащ, псалъэм папщIэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ губгъуэ лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIар ягъэлъэпIэн е Iыхьлы лъапIэр кърагъэблэгъэн папщIэ.Уеблэмэ а ерыскъыр дуней псом къыщацIыхуащ Circassian сhicken (Адыгэ джэд) фIэщыгъэцIэр иIэу. Тыркум и шхапIэхэм ар Çerkez Tavuğu фIэщыгъэм щIэту ущрохьэлIэ, Мысырымрэ Леванымрэ Sharkaseya-кIэ щоджэ, уеблэмэ джэд лыбжьэр аристократ, махуэшхуэ шхыныгъуэу къыщалъытэ, хьэгъуэлIыгъуэхэми Рэмэдан мазэми щIэх-щIэхыурэ щапщэфI.  Джэд лыбжьэм и пщэфIыкIэр шхыныгъуэхэр зэрыт тхылъу дуней псом къыщыдэкIхэм хагъэхьащ, псалъэм папщIэ,ар къыщокIуэ Клаудие Роден и тхылъым кавказ шхыныгъуэхэм я гугъу щищIкIэ.

Адыгэ пщэфIапIэм мынэхъ мащIэу мыхьэнэ зиIэ и Iыхьэщ лы гъурымрэ пIастэмрэ. Лым и IэфIагъыр зэман кIыхькIэ хъумэным и щэхур куэдым яфIэтелъыджэщ.  2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым дунейпсо рекорд щагъэуващ: метр 2000-м щIигъу зи лъагагъ бгым щагъэхьэзыращ метр 1,5×1,6-рэ зи инагъ лы гъур-пIастэ. А шхыныгъуэр куэдрэ ирагъэщхь дуней псом нэхъ шхыныгъуэ лъапIэу, къэуату, IэфIу къыщалъытэхэм, и фIагъымрэ зэрагъэхьэзыр Iэмал щхьэхуэмрэ я фIыгъэкIэ.

Адыгэ зэхыхьэшхуэхэмрэ нэгъуэщI махуэ хэхахэмрэ къыгуэхыпIэ имыIэу епха хъуащ лэкъум тхъуэплъхэмрэ абы щIыгъу адыгэ кхъуеймрэ.

Балъкъэр Залинэ зэрыжиIэмкIэ, адыгэхэм сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуащIырт ерыскъыхэкIхэм я фIагъым и мызакъуэу, езы ерыскъыр къызэрагъэсэбэп, зэрашх щIыкIэми. Ар пщIэшхуэрэ хабзэкIэ гъэнщIа щэнхабзэ псо ирокъу. ХьэщIэхэр къегъэблэгъэныр, гъэхьэщIэныр зэлъытар Iэнэм къытебгъэувэ ерыскъы къудейркъым, атIэ хэгъэрейхэмрэ хьэщIэхэмрэ я зэхущытыкIэхэмрэ я пщэ къыдэхуэ къалэнхэмрэщ. Ар бгырыс хабзэхэм IупщIу щыубзыхуа дауэдапщэщ. А хабзэхэр къызэпыбуд мыхъуну къалъытэрт нэхъапэм. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, гъуэгурыкIуэр къыдыхьамэ, щхьэегъэзыпIэрэ ерыскъыкIэ къызэгъэпэщыныр къалэн лъапIэти, дэтхэнэ адыгэри хущIэкъурт ар гурэ псэкIэ гуапэу зэрищIэным. Адыгэм и Iэнэр сыт щыгъуи зэтетт, и гуапагъми гъунэ иIэтэкъым. 

«Зи унэм гъуэгурыкIуэр щIэзыша бысымым ерыскъы IэфIкIэ игъашхэрти, игъэгъуэлъыжырт. Абы и шынагъуэншагъэмрэ и мылъкур ихъумэнымрэ теплъэкъукIыртэкъым. Махуэ бжыгъэ исын хуей хъуми, ерыскъы зэмылIэужьыгъуэкIэ ягъашхэрт, яIэу хъуам и нэхъыфIыр къыхутрагъэувэрт», - жеIэ Балъкъэр Залинэ.

IэщIагъэлIым и къэхутэныгъэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд «пIэлъапэ шхынкIэ» зэджэ хабзэм. ХьэщIэр щыжеину пэшым IэфIыкIэхэр зытет Iэнэ цIыкIу щIагъэувэрт, пщыхьэщхьэм хэIэбэну е къэмэжалIэурэ къызэщыумэ, хэIэбэну.

Ди лъахэм щыIа зыплъыхьакIуэхэм сыт щыгъуи къыхагъэщащ лъэпкъ шхыныгъуэхэр зыми зэремыщхьыр, абыхэм я IэфIагъымрэ къэуатымрэ. ЛIэщIыгъуэкIэрэ я Iэгу я Iэнэу къэгъуэгурыкIуа адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я шхыныгъуэхэр зэрагъэхьэзырыр, къызэрытрагъэувэр, зэрашхыр ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм зэрытетыр, а хабзэхэм я кууагъыр ягъэщIагъуэрт. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Iэщ гъэхъуным, мэкъумэш щIэным елэжьурэ, ди лъэпкъхэм я шхыныгъуэхэм лъабжьэ хуахъуар джэд-къазырщ, былымырщ, мэлырщ. Ахэр бгырыс лъэпкъхэм хуэдэу зыпщэфI къэгъуэтыгъуейщ.

Дохъушокъуэ Синэ.

 

Поделиться: