ЕгъэджакIуэхэм ядолажьэКъэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лэжьакIуэхэр хэтащ «Формулы воспитания: опыт, идеи, решения» щIыналъэ форумым. Къалэн куэд щагъэзащIэ республикэ гимназием къыщызэрагъэпэща зэхуэсым кърихьэлIащ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, абыхэм гъэсэныгъэмкIэ я дэIэпыкъуэгъухэр, егъэджакIуэхэр, IэщIагъэлIхэр. Iуэхум жэрдэмщIакIуэ хуэхъуар КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэрщ. Зэхыхьэм и къалэн нэхъыщхьэу щытар щIалэгъуалэ политикэм и IэнатIэм щынэхъыфI Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр гъэнэхуауэ лэжьыгъэм къыщыгъэсэбэпынырщ. Зытеухуа Iуэхугъуэ елъытауэ утыку I3 къызэрагъэпэщри, IэщIагъэлIхэр гуп-гупу щытепсэлъыхьащ къыдэкIуэтей щIэблэр гъэсэным, хэкупсагъэр яхэлъхьэным, IэщIагъэ яхуэхъуну къыхегъэхыным, шынагъуэншагъэм ехьэлIа лъэпощхьэпохэм. Волонтёр Iуэхумрэ лъэсырызекIуэмрэ егъэджэныгъэ Iуэхум хэгъэхьа зэрыхъуну щIыкIэм теухуа зэхуэсым къыщыпсэлъащ КъБКъУ-м Гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Джэрыджэ Залинэрэ Къалэн куэд щагъэзащIэ щIалэгъуалэ центрым и лэжьакIуэ Инарокъуэ Инаррэ, апхуэдэу секцэм и лэжьыгъэм хэтащ Гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ управленэм и лэжьакIуэ Хъущт Арианнэ. Ахэр тепсэлъыхьащ студентымрэ еджакIуэмрэ цIыху щыпкъэу гъащIэм хэувэнымкIэ волонтёр Iуэхум иIэ мыхьэнэм, щIалэгъуалэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр гъэбыдэнымкIэ лъэс туризмэм иIэ къарум. Къызэхуэсахэм гулъытэ хэха хуащIащ зи гугъу ящI унэтIыныгъэхэр егъэджэныгъэ Iуэхум зэрыхагъэзагъэ практикэ Iэмалхэм. А секцэ дыдэм хыхьэу екIуэкIащ «Обучение служением» егъэджэныгъэ программэм и презентацэр. Проектым иIэ мыхьэнэмкIэ зэхуэсым щIэсхэм ядэгуэшащ Кугъуэтыж Алинэ. Студентхэм социальнэ лэжьыгъэ гуэрхэр ягъэзащIэкIэрэ академическэ зачетхэр къызэрахьыр Iэмал гъуэзэджэу къалъытащ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ колледжхэмрэ щылажьэхэм. Форумым мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI зы утыкуи иIащ. Университетым Зыпэрыт IэнатIэм зегъэужьынымкIэ и центрым и унафэщI, «Знание» урысейпсо зэгухьэныгъэм и лектор Лопатинэ Кристинэ егъэджакIуэхэм я деж щригъэкIуэкIащ «ПрофСтарт» интерактив джэгур. Ар теухуат школакIуэхэм IэщIагъэу къыхахынур езыр-езыру яубзыхуфу егъэсэн папщIэ класс унафэщIхэмрэ директорым гъэсэныгъэмкIэ и дэIэпыкъуэгъухэмрэ къагъэсэбэп хъуну Iэмалхэм. Студентхэр щагъэгъуазэ Студентхэмрэ аспирантхэмрэ я профсоюз зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ, университетым щекIуэкIащ правовой щIэныгъэм и тхьэмахуэ. Ар лекцэ къудейтэкъым, атIэ студентхэм я хуитыныгъэхэр зэхагъэкIыну, я еджэныгъэхэр нэхъ тынш ящыхъун папщIэ университетым иIэ Iэмалхэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ сэбэпт. Тхьэмахуэр къызэIуихащ Студентхэмрэ аспирантхэмрэ я профсоюз зэгухьэныгъэм и IэщIагъэлI Мамбэт Аслъэн. Ар тепсэлъыхьащ студент профсоюзыр еджапIэ нэхъыщхьэм и гъащIэм ипэжыпIэкIэ зэрыхэлIыфIыхьым, къызэхуэсахэм зэпкърыхауэ ягуригъэIуащ а зэгухьэныгъэр зищIысымрэ дэтхэнэ еджакIуэри абы щIыхуеймрэ. «Студент профсоюзыр студентхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэщ. Абы и мурад нэхъыщхьэр хэтхэм я сэбэп зыхэлъхэмрэ хуитыныгъэхэмрэ ягурыгъэIуэнырщ, хъумэнырщ», – жиIащ Мамбэтым. Абы къыхигъэщхьэхукIащ профсоюзыр нэкъыфIэщI къудейуэ зэрыщымытыр, атIэ студентым сыт щыгъуи и телъхьэу Iуэху зэрызэфIихыр. Профкомыр студентхэм ядоIэпыкъу егъэджэныгъэ IуэхумкIэ, стипендиехэмкIэ, общежитиехэм щIэтIысхьэнымкIэ, щыпсэунымкIэ, нэгъуэщI лъэныкъуэхэми епха Iуэху зэIумыбзхэр зэфIэгъэкIынымкIэ. Профкомым и лэжьакIуэхэм студентхэм чэнджэщ ират, еджапIэ нэхъыщхьэм и администрацэм и пащхьэ я сэбэп зыхэлъхэр къыщагъэлъагъуэ, зыхуеину дэфтэрхэр гъэхьэзырынымкIэ ядоIэпыкъу. КъищынэмыщIауэ, спикерым жиIащ абыхэм дэIэпыкъуныгъэ хъарзынэхэр къызэрызэрагъэпэщыфыр: санаторэ пщIэншэу ягъэкIуэфынущ, студент зэхъуэжэныгъэ программэхэм хагъэхьэфынущ, гъащIэм щытыкIэ гугъу щихуахэм мылъкукIэ зыщIагъэкъуэфынущ. Аслъэн гулъытэ хэха хуищIащ студентхэм яхэлъ жэуаплыныгъэми. Къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ профсоюзым ухыхьэн папщIэ, уегупсысын зэрыхуейр, ар дэтхэнэми и фIэфIыныгъэу зэрыщытыр. «Профсоюзым фыхэтыну фыхуеймэ, ар гъэзэщIэгъуафIэщ. Фи институтым е колледжым и профкомым зыхуэвгъази, дэфтэр псори зэвгъэпэщынымкIэ псынщIэу къывдэIэпыкъунущ, профсоюз билетри къыватынущ», – игъэбелджылащ Мамбэтым. Абы щыгъуэми спикерым дыщIигъуащ хэтыпщIэхэр ятын зэрыхуейр, ар зэрымащIэр, стипендием и зы процент фIэкIа зэрымыхъур. Правовой щIэныгъэм и тхьэмахуэр махуитхукIэ екIуэкIащ, абы хэтахэр яIущIащ университетым и структурэ зэхуэмыдэхэм я лIыкIуэхэм. Профсоюзым иIэ мыхьэнэм теухуа лекцэхэм нэмыщI, студентхэм гурагъэIуащ общежитиехэм тыншу зэрыщIэтIысхьэм, зэрыщыпсэум. Абы яхутепсэлъыхьащ. Студент къалэцIыкIум и унафэщ Ало Белинэ. Стипендие программэхэмкIэ центрым и унафэщIым и къуэдзэ Калабеков Ибрэхьим стипендиехэр зратхэм, ар къеIыхыным и гугъу яхуищIащ. Тхьэмахуэр зэхуащIыжащ Студентхэмрэ аспирантхэмрэ я профсоюз зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ ХьэщIэлI Саидэ Профсоюзым и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ятеухуа и лекцэмкIэ. Мы Iуэхум хэта студент псоми сертификатхэр иратыжащ. Iэрыс Iэсият.
Поделиться:
Читать также:
15.06.2026 - 16:22 →
Иджырей сурэтыщI
04.06.2026 - 11:18 →
КърикIуар нэрылъагъу мэхъу
01.06.2026 - 13:05 →
Уи гум мамырыгъэ щыухуэ
28.05.2026 - 13:00 →
ГъэщIэгъуэн ядыболъагъу
26.05.2026 - 14:57 →
НыбжьыщIэхэри экономикэм къыхохьэ
| ||




