Мэлыжьыхьым и 13, блыщхьэ
Гъуазджэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэм защIэзыгъакъуэм, псапащIэм и махуэр Урысейм щагъэлъапIэ
1517 гъэм Каир щаукIащ мамлюкыдзэм и дзэпщ ин АлАшраф Тумэн-бей.
1905 гъэм къалъхуащ адыгэ узэщIакIуэ, IуэрыIуатэдж ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - 10, жэщым градуси 5 - 6 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гъуэгу мыгъуэ уежьэнумэ, танэжь закъуэри мэлIэж.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.