Къэпщытэныгъэр йокIуэкIКъэбэрдей-Балькъэрым мы махуэхэм щокIуэкI лъэмыжхэмрэ псы жапIэ бжьамийхэмрэ я щытыкIэр къэпщытэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр. «Управдор» республикэ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр дапщэщи набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэм. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек МАХ-м щиIэ напэкIуэцIым зэрыщитхымкIэ, IуэхущIапIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я къалэн нэхъыщхьэхэр епхащ лъэмыжхэмрэ псы бжьамийхэмрэ я зэфIэкIыр здынэсыр къэхутэным, псыдзэ къэхъумэ е уэс ткIужыр, уэшхышхуэр псышхуэу зэхуэхьэсауэ къехмэ. IэрыщIу къызэрагъэпэща псы жапIэхэм ныкъусаныгъэ яIэмэ, зэрагъэпэщыж, ягъэбыдэ.
Поделиться:
Читать также:
10.06.2026 - 13:38 →
Псы къабзэр нэхъапэщ
10.06.2026 - 12:30 →
Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ
10.06.2026 - 11:02 →
ЩIыфэ узыфэхэм зэрызащыпхъумэнур
09.06.2026 - 18:19 →
Километр 43-м щIигъу
09.06.2026 - 16:25 →
ЩIыпIэ дахэхэр
| ||




