ЕхъулIэныгъэщIэхэм хуопабгъэКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI Кужонов Жантемыр. Ахэр тепсэлъыхьащ цIыхухэм юридическэ Iуэхутхьэбзэхэр пщIэншэу хуащIэным зегъэужьынымрэ «Пробацэм теухуауэ» Къэрал хабзэр гъэзэщIа зэрыхъумрэ. ЗэIущIэм апхуэдэу и гугъу щащIащ, Урысейм ЮстицэмкIэ и министерствэм и коллегием и зэIущIэу иджыблагъэ Москва щызэхэтам къызэрыщагъэувам тету, управленэм дызэрыт илъэсым и лэжьыгъэр нэхъыщхьэу зытеухуауэ щытынухэм, къапэщыт къалэнхэм.
Поделиться:
Читать также:
13.11.2026 - 16:35 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПАРЛАМЕНТЫМ И УНАФЭ
13.11.2026 - 16:21 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПАРЛАМЕНТЫМ И УНАФЭ
13.11.2026 - 15:15 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПАРЛАМЕНТЫМ И УНАФЭ
13.11.2026 - 15:04 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПАРЛАМЕНТЫМ И УНАФЭ
13.11.2026 - 11:58 →
Зи гуащIэр иным и лъэужьыр дахэщ
| ||




