ГурыщIэ нэхухэр къегъэуш

IутIыж махуэшхуэм теухуа КъБР-м и
Iэтащхьэ  КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу

Чыристан дин зезыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэу­хэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу IутIыж махуэ лъапIэмкIэ!

А махуэшхуэм цIыхухэм ягухэр гуфIэгъуэкIэ егъэнщI, гъа­щIэм щегъэгуфIыкI, гурыщIэ нэхъ нэху дыдэхэр къадегъэуш, гуапагъэмрэ захуагъэмрэ я къарур фIэщ ящещI, цIыхум гумащIэу хущытын, ар фIыуэ лъагъун зэрыхуейр щегъэбыдэ.
Нобэ псом хуэмыдэу къыхэгъэщын хуейщ Урысейм лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэм къадекIуэкI псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэхэр хъумэным, унагъуэхэр гъэбыдэным, хэкупсагъэр яхэлъхьэным, дин зэмылIэужьыгъуэхэр зезыхьэхэм, жыла­гъуэм яку зэгурыIуэныгъэ дэлъыным, социальнэ, узэщIы­ныгъэ проектххэр гъэзэщIэным хуэгъэзауэ Урыс Православ-нэ Члисэм зэфIигъэкIхэм мыхьэнэшхуэ дыдэ зэраIэр.
А лэжьыгъэм Iэмал къет иджырей зэманым къигъэув гъэу­нэхуныгъэхэмрэ гугъуехьхэмрэ дапэщIэтынымкIэ, ди къэ­ра­лым щыщ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр нэхъри егъэбыдэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу псоми си гум къыбгъэ­дэ­кIыу сохъуэхъу я гугъапIэхэр нахуапIэ яхуэхъуну, ехъулIэныгъэ­щIэ­хэм зэрынэсын къару яIэну!
Фи унэхэм хуабагъэ, гуапагъэ илъыну, насыпыфIэу, зэIу­зэ­пэщу фыпсэуну!

Поделиться: