Космонавтикэм и махуэр зэрырагъэкIуэкIыпхъэр![]() Мэлыжьыхьым и 12-р Космонавтикэм и махуэщ. Ар тхыдэм дыщэпскIэ итха Iуэхугъуэщ. 1961 гъэм а махуэм урыс щIалэ Гагарин Юрэ «Восток-1» уэщIлъатэм ису вагъуэхэм лъагъуэ яхухишауэ щытащ. А махуэм абы жиIауэ щыта «Нежьэ!» псалъэри щIэныгъэм, лIыгъэм, хахуагъэм, лъэхъэнэщIэм я нэщэнэ хъуауэ къалъытэ. ЩIым зэ къекIуэкIыу къигъэзэжыным дакъикъи 108-рэ ихьауэ аращ, ауэ сыхьэтитI иримыкъум зыкъыдигъэзат ди дуней еплъыкIэм. Мы гъэм илъэс 65-рэ ирокъу абы лъандэрэ. 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м УФ-м и Президент Путин Владимир Iэ щIидзащ Урысейм а махуэр зэрыщагъэлъэпIэну щIыкIэмрэ ирагъэкIуэкIыну зэIущIэхэмкIэ Унафэм. Апхуэдэу, нобэ, мэлыжьыхьым и 9-м «Урысей» Лъэпкъ IуэхущIапIэм щызэхашэ хьэршымкIэ Урысейпсо зэIущIэ. Президентым и Унафэм тету, 2026 гъэм щыщIэдзауэ илъэс къэс мэлыжьыхьым и 6 - 12-хэм ди къэралым щрагъэкIуэкIынущ Хьэршым и тхьэмахуэ зыфIаща зэIущIэхэр. Урысей Космонавтикэм щэнхабзэ къулей ещIэкIащ, ди гуапэ зэрыхъунщи. А унэтIыныгъэмкIэ ди къэралым зригъэгъуэтащ ехъулIэныгъэфIхэр. Псалъэм папщIэ, япэ дыдэу хьэршым яутIыпща «Салют» станцыр, «Мир» программэр, Дунейпсо хьэрш станцым щыщ хъуа «Звезда» модулыр, нэгъуэщIхэри. ЕхъулIэныгъэщIэхэр хэIущIыIу тщIым и закъуэ мыхъуу, алъандэрэ ялэжьам и тхыдэр хъумэнри ди къалэнщ. Урысей космонавтикэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа щIэныгъэлIхэм, космонавтхэм, къэхутакIуэхэм я цIэхэр хъумэн хуейщ. Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ: зи гугъу тщIы зэIущIэхэр утыкум щызэхашэфынущ, абы хэтынухэмрэ еплъынухэмрэ шынагъуэншагъэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ хъума щыхъуну щIыналъэхэмрэ щIыпIэхэмрэ. Шынагъуэншагъэм шэч къыщытрахьэ щIыналъэхэм а зэIущIэхэр унэ кIуэцIым щрагъэкIуэкIын хуейщ, видеозанщIэ жыпхъэ къыхэмыкIыу. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
15.06.2026 - 17:06 →
Лэжьыгъэр зрегъэлъагъу
15.06.2026 - 16:11 →
ЦIыкIухэм папщIэ
15.06.2026 - 16:00 →
Дунейм фызыфI нэхъ мылъкушхуэ щыIэкъым
15.06.2026 - 15:22 →
Зым и щапхъэр адрейм и бзыпхъэу
15.06.2026 - 13:58 →
ЕхъулIэныгъэхэр яIэу
| ||





