Дагъуэ къыхуащIыркъымУрысей Федерацэм пхъэщхьэмыщхьэ жыгыщIэхэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу хасэмрэ я куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэралым и щIыналъэ нэхъыфIищым яхохьэ. Абы нэмыщI, пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу кърахьэлIэжым и куэдагъымкIэ УФ-м япэ увыпIэр щиIыгъщ икIи псори зэхэту щызэщIакъуэжам и Iыхьэ щанэр ди республикэм къылъос. Жыг хадэ гъэкIын IэнатIэмкIэ иужьрей илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэ ехъулIэныгъэхэм хохьэ жыгыщIэ цIыкIухэр къыщагъэкI питомникхэм зэрызаужь зэпытыр. ЖыпIэнурамэ, 2025 гъэм ди республикэм къыщагъэкIащ жыгыщIэ зэмылIэужьыгъуэу мелуани 3-м нэблагъэ. Ди щIыналъэр езыр зрикъунум ар щIегъу. ЖыгыщIэ цIыкIухэр къагъэкI иджырей технологием тету икIи я фIагъкIэ хамэ къэралхэм ейм къакIэрыхуркъым. Абыхэм ящыщу зы мелуаным щIигъур УФ-м и нэгъуэщI щIыналъэхэм хурагъашэ: Воронеж, Белгород, Ростов областхэм, Краснодар крайм, ди гъунэгъу республикэхэм. КъищынэмыщIауэ, 2025 гъэм IэщIагъэлIхэм къапщытащ мэкъумэш IуэхущIапIэу 40-м щIигъум псори зэхэту гектар 500-м хащIа жыгыщIэу мелуан 22-м щIигъум я фIагъымрэ къабзагъымрэ зыхуэдэр икIи дагъуэ къагъуэтакъым.
Поделиться:
Читать также:
10.06.2026 - 14:43 →
ЦIыжьдадэ лIэужьыгъуэхэр
10.06.2026 - 13:38 →
Псы къабзэр нэхъапэщ
10.06.2026 - 12:30 →
Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ
10.06.2026 - 11:02 →
ЩIыфэ узыфэхэм зэрызащыпхъумэнур
09.06.2026 - 18:19 →
Километр 43-м щIигъу
| ||




