Бгырыпхыр къыщыунэхуар

Бгырыпхыр Пасэрей Мысырым (Египетым) къыщыунэхуащ. Абы бгырыпхым «схенти» -кIэ щеджэрт. Щыгъын щIыIуншэр зэтемыжын, жьым зэтримыдзын щхьэкIэ щIапхэ кIапсэт ар. Ауэрэ, цIыхухэр гъущIым елэжь хъури, кIапсэр гъущIкIэ ирагъэубыдуи къаублауэ щытащ. Иджырей бгырыпхым нэхъ ещхьу фэм къыхэщIыкIар япэу зыщIалъхьэу къежьащ Алыджым щыщ Киклад хытIыгум щыIэхэм. Пасэрей статуехэм къыщыгъэлъэгъуа бзылъхугъэхэм я фэилъхьэгъуэхэр бгырыпхкIэ зэрыщIэкъузам гу лъыботэ. Уеблэмэ, языныкъуэ бгырыпххэм тхыпхъэхэри хыболъагъукI. Пасэм дахэу гъэщIэрэщIа бгырыпх уиIэныр къулеягъэм и нэщэнэу ябжырт. Фэ бгырыпхыр мывэхэкI цIухэмкIэ ягъэщIэращIэрт.

Пасэрей Алыджымрэ Урымымрэ туникэрэ тогэрэт щыгъыну нэхъыбэм зыщатIагъэр икIи абыхэм бгырыпх щIапхэрт. Абы щыгъуэ бгырыпхыр ягъэлъагъуэртэкъым, атIэ езы щыгъыным щIагъапщкIуэрт. Легионерхэм бгырыпхыр ягъэпщкIуртэкъым, ар Iэщэ-фащэм щыщти. Урым гладиаторхэм я бгырыхыр бгъуэт, куэншыбэм нэхъ ещхьт.

Лъэпкъ щхьэхуэхэм бгырыпхыр Iуэхугъуэ гуэрхэм я дамыгъэу къыщалъытэ щыIэт. Монголхэм зэгурыIуэныгъэ щызэраухылIэм деж, тхьэрыIуэм и къарур иIэу, я бгырыпххэр зэрахъуэжырт. Франкхэм къалъытэрт, уи пэщIэщIэгъум е бийм и бгырыпхыр къытепхмэ, абы и къарур бгъэкIуэщIу. Абы къыхэкIыу куэдрэ къэхъурт бгырыпх къыщадыгъу. Апхуэдэ Iуэхугъуэ къыхощыж пасэрей алыджхэм я тхыдэми. Геракл и зекIуэхэм языхэзым амазонкэхэм я гуащэ Ипполитэ и бгырыпхыр игъэкIуэсауэ щытащ, а IэмалымкIэ и къарур щIиха къыфIэщIу.

Кавказым фэ бгырыпхыр щагъэщIэращIэрт дыжьынкIэ, агатэкIэ, уафэрыхукIэ. Налмэс, налкъут, налкъут плъыжь, налкъут удзыфэ - мыхэр цIыхум щахыхьэкIэ зыщIалъхьэ бгырыпхыр зэрагъэщIэращIэт курыт лIэщIыгъуэхэм псэуа пщыхэмрэ уэркъхэмрэ.   Бгырыпх лъапIэр я лIакъуэхэм къыхуагъэнэжырт. Фэ бгырыпхыр лажьэ хъужыкъуэми, абы хэт дыжьын тхыпхъэхэр къытрахырти, щIэуэ ящI бгырыпхым трагъэубыдэрт.

Тхыдэм къыхощ бгырыпхым епха Iуэхугъуэхэр. Донской Дмитрий иIа бгырыпх лъапIэм зэдауэ къикIауэ щытащ. 1433 гъэм Донскойм и къуэрылъху Косой Владимир и адэ къуэшым и къуэ Василий II - м и хьэгъуэлIыгъуэм хэту, щауэм и анэ Софье Iэбэри, Косой Владимир щIэлъ дыщэ бгырыпхыр къыщIитхъауэ щытащ. Летописым къызэрыхэщыжымкIэ, Софье жиIауэ щытащ бгырыпхыр зэгуэр Донской Дмитрий къыфIадыгъуауэ щытауэ,Косойм гъэпцIагъэкIэ Iэрыхьауэ. Абдеж щегъэжьауэ бгырыпхым хьэргъэшыргъэ къикIри, зэIыхьлыхэр зэпэщIэуващ. ИкIэм, Василий 11-р Iуэхум нэф ихъукIри, «Васиий Тёмный» цIэри къыфIащыжат.

Егъэлеяуэ бгырыпх цIэрыIуэу къалъытэрт Ираным и пащтыхьым (шахым) и бгырыпхыу, ди эрэм ипэкIэ XVII лIэщIыгъуэм ящIауэ щытар. Дыщэ IуданэкIэ хэдыкIат, мывэ лъапIэхэмкIэ гъэщIэрэщIат, бгырыпхым и егъэубыдыпIэр къыхэщIыкIат карат 175,5-у зэхэт налкъут удзыфэ абрагъуэм. Ар налкъутналмэс мыщIэ 60-кIэ къэгъэтIылъыхьыжат, аргуэру налкъутналмэс нэхъ щыкъуейуэ 145-рэ хэтт.

Гъуэншэджыр бгым хуэфI ящIу бгырыпхыр цIыхухъухэм зыщIалъхьэу ирагъэжьащ 19 лIэщIыгъуэм. Ар къызэрежьари дзэм хэтым и фэилъхьэгъуэм и Iыхьэущ.

1930 гъэхэм щегъэжьауэ модэм ихьащ бзылъхугъэ бгырыпх гъэщIэрэщIахэр. Абы зыкъомкIэ и гупсысэ хилъхьауэ щытащ франджы дизайнер Шанель Коко. Шанелщ бзылъхугъэ фэилъхьэгъуэм бгырыпхыр дэщIыгъуныр япэу зигу къэкIар, щхьэусыгъуэр - щыгъыныр зепхьэну тынш зэрищIырт. Бзылъхугъэ бгырыпххэр къэунэхурт я плъыфэкIи, теплъэкIи, бгъуагъкIи зэхуэмыдэу.  XX лIэщIыгъуэм ику пщIондэ бгырыпхым и пIалъэ икIакъым. 1960 гъэхэм бгырыпхыр щIалъхьэ хъуащ Куант Мэри къигупсыса кIэ кIэщIым (мини-юбки). 1970 гъэхэм бзылъхугъэхэм гъуэншэдж – клёшхэр, джинс гъуэншэджхэр щатIэгъэн яфIэфIт, Iэмал имыIэуи бгырыпх щIалъхьэрт.

Ди зэманым бгырыпхыр цIыхухъухэми бзылъхугъэхэми зыщIалъхьэ. Сыт хуэдэ лIэужьыгъуэуи щыIэщ. Ар къыхащIыкI фэми, щэкIми, гъущIми, джинсми. ЯгъэщIэращIэ, тынш ящI, зыщIагъуну фэилъхьэгъуэм хуагъакIуэ. 

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться: