ГъатхэДыкъэзыухъурейхь дунейр Гъатхэ къэсам, и дыгъэ бзийм гурыхьу пкъыр егъэхуабэ, псэм йодэхащIэ. Я макъ жьгъырухэр хуэму зэпашу уэгунэбзухэм уэрэд къраш. Зи къэтIэпIыгъуэ хъуа гулъ цIыкIухэм дыгъэ бзийм зыныхуаший. Гуэлхэм хьэндыркъуакъуэ цIыкIухэр къыщоджэ. Джэрпэджэжу къэджэж макъ дахэр IупщIу дэнэкIи щызэхыбох. Щихухэм къыпидза тхьэмпэхэр мащIэу жьы хуабэм щIеупскIэ. КIэ зимыIэ псышхуэри Iущащэу къуэшхуэм щожэх. ЩIылъэ-анэр дарий удзыфэм гуакIуэу ехуапэ. ЩIыгушхуэм щхъуэкIэплъыкIэу зегъэщIэращIэ. Вагъэбдзумэм и «тхьэгъуш» макъыр аддэ жыжьэу губгъуэм къыщоIу. ЩIымахуэ псом жея хьэпщхупщхэр къэушащи, щIы куэщIым щызопщыпщэ. Мэзым щIэс хьэкIэкхъуэкIэхэр хуэмурэ къызэщIотаджэ. ЩIым къыхэжа удз гъэгъахэм я мэ гуакIуэм дунейр епсыхь. Дыгъэм пэлыд къэрабэ цIыкIумрэ ажэгъуэмэмрэ къыхэжащи, дыгъэ набзийм и гуапагъэм зыныхуаший. Уэсыр зэрытекIыу щIым къыхэкI къэрабэ гъуэжь цIыкIур бжьыхьэр къэсу дунейр щIыIэтыIэ хъуху къогъагъэ. Абы махуэм хуэзэу и фэр тIэу ехъуэж. Пщэдджыжьыр дыгъэпсми, абы и тхьэмпэ цIыкIухэр жьыуэ къызэрыкIыркъым. Махуэм зыщиIэтым деж, дыгъэм и плъыфэ удз гъэгъам, дуней хуэгуфIэу, хуэмурэ зыкъызэкъуех. Пщыхьэщхьэ хъуамэ, зи дамэ гуэхуа кърууэ зызэхуещIыж. Зэман докIри, гъуэжь дахащэу гъэгъар, арауэ умыщIэжыну, бжьэхуцым хуэдэу хужь мэхъури мэлъэлъэж. ДыщыцIыкIум, «ди дадэ и щхьэр пцIанэ дощI» жытIэурэ депщэмэ, къэрабэ хужьыр пылъэлъырти, абы дридыхьэшхыу щытащ. Гъэгъа гъуэжь цIыкIухэр къитчырт, ди щхьэм и хъуреягъым хуэдизу дыухуэнырти, пыIэм ещхьу зыщхьэрыттIагъэрт. Апхуэдэу гъэр иухыху мэгъагъэ-мэкIуэдыж, аргуэру къощIэрэщIэж а къэкIыгъэ гъэщIэгъуэныр.
Нанэ къэрабэм и кIуэдыжыгъуэр ищIэрти, ар къыпичырт, игъэгъурт. ЩIымахуэм шейм хуэдэу дригъафэрт абы. Псы къэкъуалъэм зы кумбыгъэм хуэзэу къэрабэ гъуэжь цIыкIуитху хидзэрти, ар дакъикъэ тIощI хуэдизкIэ щигъэтырт, итIанэ пщэдджыжьым гунэщIу дригъафэрт. Ар зы мазэ хуэдэкIэ зэпигъэурти, аргуэру щIидзэжырт. Апхуэдэуи, шхын игъэхьэзырхэм языныкъуэхэм хилъхьэрт, гъэм и кIыхьагъкIэ, щIымахуэрат гъэгъуар къыщигъэсэбэпыр. И лъабжьэри, и щхьэкIэм хуэдэу, хущхъуэщ, жиIэрт абы. И лъахъцым къыхихыу щытами фыщызгъэгъуэзэнщ. Ар щIым къыхитIыкIырт, дыгъэм хьэлъу фIыуэ игъэгъурт. ИрикъухукIэ гъуа удзыр щабэу игъэщащэрти, щIымахуэм хуигъэтIылъыррт. А къэрабэ гъуэжь цIыкIум къаруушхуэ щIэлъщ, Iэпкълъэпкъым ит узыфэхэм сэбэп хуохъу, псалъэм папщIэ: уи Iум илъ гуащIагъэр пщхьэщехь, къупщхьэ уз зиIэхэмкIэ сэбэпщ, тхьэмбыл-тхьэмщIыгъур, жьэжьер къегъэкъабзэ, нэгъуэщI куэдымкIи щхьэпэщ, Iэпкълъэпкъыр зыхущыщIэ витаминкIэ гъэнщIащ, дыгъэм пэлыд удз гъэгъа гъэщIэгъуэныр. Псэр доушэ гъатхэ щIэращIэм, щIыр добжьыфIэ. КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:
Читать также:
15.06.2026 - 17:06 →
Лэжьыгъэр зрегъэлъагъу
15.06.2026 - 16:11 →
ЦIыкIухэм папщIэ
15.06.2026 - 16:00 →
Дунейм фызыфI нэхъ мылъкушхуэ щыIэкъым
15.06.2026 - 15:22 →
Зым и щапхъэр адрейм и бзыпхъэу
15.06.2026 - 13:58 →
ЕхъулIэныгъэхэр яIэу
| ||





ЩIым къыщыкI дэтхэнэ удзми, псоми зэрытщIэщи, хущхъуэгъуэ гуэр хэлъщ. Ди япэ ита нэхъыжьыфIхэр абы щыгъуазэт. СыщыцIыкIум си анэшхуэм сигъэцIыхуауэ щыта, дыгъэр зи плъыфэ къэрабэ цIыкIум хущхъуэ къызэрыхихыу щытам щыгъуазэ фысщIынщ.