Отаров Керим и тхылъыщIэМэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм щекIуэкIащ тхакIуэ, режиссёр, сценарист Гуреев Максим «Жизнь замечательных людей» серием хыхьэу Москва «Молодая гвардия» тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIа «Керим Отаров» тхылъым и гъэлъэгъуэныгъэ. ЗэIущIэм зыкърагъэхьэлIащ щIэныгъэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэм, тхакIуэхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ колледжхэмрэ я егъэджакIуэхэм, усакIуэм и тхыгъэхэр фIыуэ зылъагъухэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, Отаровым и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ. «Керим Отаров» тхылъыр теухуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Хэку зауэшхуэм и ветеран Отаров Керим (1912-1974 гъ.гъ.) и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. Тхылъым итщ урысыбзэм кърагъэзэгъа и усэхэм, поэмэхэм, Iуэтэжхэм щыщ. ЯпэщIыкIэ ягъэлъэгъуащ Гуреев Максим Отаровым теухуауэ игъэхьэзыра нэтыныр. АдэкIэ зэхуэсахэр тепсэлъыхьащ Керим и литературэ щIэинхэм, щIыналъэм и щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэм я мыхьэнэм. Библиотекэм газетхэмрэ журналхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Вэрокъуэ Майе Отаров Керим и гъащIэмрэ гъуэгуанэмрэ и тхыгъэхэмрэ зыубгъуауэ къытеувыIащ. Абы зэхуэсахэм гу лъаригъэтащ усакIуэм щIэинышхуэ къызэрыщIэнам икIи урыс литературэм и классикхэу Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, балъкъэр лъэпкъ усыгъэр зыгъэбеяхэу СССР псом щыцIэрыIуа Мечиев Кязим, Кулиев Къайсын, Гамзатов Расул сымэ я IэдакъэщIэкIхэм иригъэпщащ ахэр. Абы къигъэлъэгъуащ Отаров Керим лъэпкъ литературэм увыпIэфI зэрыщиубыдар. Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ республикэм и щIэныгъэлIхэмрэ литературэм и лэжьакIуэхэмрэ. Абы зыкъыщагъэлъэгъуащ КъБКъУ-м и педколледжым и студентхэм. УсакIуэм и усэхэм балъкъэрыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, ингушыбзэкIэ, урысыбзэкIэ ахэр къеджащ. Пшыхьым къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ тхылъыщIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, Отаровым и гъащIэмрэ и IэдакъэщIэкIхэмрэ зыджхэм ар зэрахуэщхьэпэнур. УсакIуэм и тхыгъэхэр теухуащ XX лIэщIыгъуэм къэхъуа Iуэхугъуэхэм. Абы и нэгу щIэкIащ революцэ нэужьым къэхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр, Хэку зауэшхуэр, балъкъэр лъэпкъыр Хэкум зэрырашар, абыхэм я щIыналъэм къыщагъэзэжар, нэгъуэщIхэри. Отаров Керим Тырныауз къалэм (нэхъапэм Герхожан къуажэу щытам) къыщалъхуащ. Совет Союз псом къыщацIыхуу щытащ ар. Педучилищэр, кIэлъыкIуэу пединститутыр къиухащ. ЗэрыжытIащи, ар хэтащ Хэку зауэшхуэм. Зауэр иуха нэужь, и лъэпкъэгъухэм я гъусэу щыпсэуащ Къыргъыз ССР-м. УсакIуэм и япэ усэ тхылъыр къыдагъэкIащ 1930 гъэм. 1936 гъэм ар хагъэхьащ СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. 1938 гъэм КъБАССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI хъуащ. 1956 гъэм Налшык къигъэзэжа нэужь, «Шуехлукъ» («Дружба») журналым щылэжьащ. Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ къыхуагъэфэщащ «Вагъуэ Плъыжь», «Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь" орденхэр. Отаровым и Iэдакъэ къыщIэкIахэр я гъуджэщ ар зыхэпсэукIа зэманым. Абы и щIэинхэр Хэку лъагъуныгъэкIэ гъэнщIащ, къэралым и зыужьыныгъэр, гуащIэрыпсэухэр хьэлэлу зэрылажьэр, щIыналъэм и дахагъэр, и лъэпкъым и тхыдэр къызэщIаубыдэу. Тырныауз къалэм дэт лицей №1-м хэтщ Отаров Керим и цIэр зезыхьэ музей. Абы щахъумэ усакIуэм и сурэтхэр, дунейм къытехьа и япэ тхылъхэр, къыщIэна хьэпшыпхэр. Дунейпсо классикэ тхыгъэ нэхъыфIхэр Отаровым балъкъэрыбзэкIэ зэридзэкIащ. Езыми и IэдакъэщIэкIхэр зэрадзэкIри бзитхукIэ къыдагъэкIащ. Отаров Керим и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэри куэдщ, уеблэмэ абыхэм яхэтщ адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, тыркумэныбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ зэрадзэкIауэ ягъэзащIэхэр. УсакIуэм и тхыгъэхэр зэрадзэкIащ Липкин Семён, Голубков Дмитрий, Яропольский Георгий, Латынин Валерэ, Скодтаев Эльбрус, Накостоев Хаваш, Мизиев Къанщобий сымэ. УсакIуэм и зэфIэкIымрэ лъагъуныгъэмрэ тыхь зыхуищIа цIыхубэм ар зэрыщымыгъупщэр гуапэщ. Балъкъэр литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа усакIуэшхуэр куэд щIауэ къытхэмытыжми (1974 гъэм дунейм ехыжащ), абы и IэдакъэщIэкIхэр цIыхубэм зэрызэIэпахыр щыхьэт тохъуэ а усакIуэр зэрыуахътыншэм. ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ «Жизнь замечательных людей» серием хыхьэу къыдэкIа «Керим Отаров» тхылъыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэм и хэлъхьэныгъэфI зэрыхъуар. Абы къигъэлъэгъуащ усакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ цIыхухэм зэрафIэгъэщIэгъуэныр, и щэнхабзэ щIэинхэм щIэупщIэ зэраIэр, и усэхэр фIыуэ зылъагъухэм я дежкIэ псом хуэмыдэу зэрылъапIэр, ахэр хэку лъагъуныгъэкIэ зэрыгъэнщIар. Нэхъыщхьэращи, гуапэщ зы усакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм лъэпкъхэр зэрызришалIэр, щIызэрылъытэн щхьэусыгъуэфI зэрахуэхъур.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2026 - 12:29 →
Ныбжьэгъугъэ нэсыр
21.04.2026 - 15:45 →
Болэт щхьэщытхъу
20.04.2026 - 11:18 →
Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
17.04.2026 - 10:52 →
Псэущхьэхэр къызыхэщ джэгукIэхэр
08.04.2026 - 11:46 →
Франджы усакIуэм и гупсысэхэр
| ||





