АдыгэлI хашэркъым

Сыт хуэдэ гъэунэхуныгъэми и пщIэр иIыгъыжу пхыкIыфхэрт адыгэ лъэпкъыр ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыгушхуэу, уэрэд зыхуаусу къекIуэкIар. Апхуэдэ лIыхъужьхэр ди зэманым нэхъ ипэкIи куэду щыIащ, IуэрыIуатэуи абыхэм я хъыбархэр ди деж къахьэсащ. Ахэм щIэблэр щыгъэгъуэзэным, шэч хэмылъу, мыхьэнэшхуэ иIэщ. Тхыдэм укъызыхэкIа лъэпкъым нэхъри пэгъунэгъу ухуещI, абы къыхэкIыуи нобэ лIыхъужь зыбжанэ дигу къыдогъэкIыж.  

Дау и къуэ Бахъсэн

Бахъсэн псым и Iуфэм пщышхуэ гуэр Iусащ ДаукIэ еджэу. Дау пщым къуийрэ зыпхъурэ иIэт. Дау и къуэ нэхъыжьым и цIэр Бахъсэнт. КъызэраIуэтэжымкIэ, Дау и къуэ Бахъсэн зауэм хэкIуэдащ. А зауэм хэкIуэдащ Бахъсэн и къуэшиблри лIыхъужь пщIеи. 
Дау и пхъум и дэлъхуийм я хьэдэхэр псым и Iуфэм щыщIилъхьэжри, мывэ сын яхуигъэувыжащ. ИужькIэ гъыбзи яхуиусыжащ.
Дау и къуэхэм я хъыбарри гъыбзэри зытхыжар Нэгумэ Шорэщ. Абы зэритхымкIэ, Дау пщышхуэр щыпсэуар еплIанэ лIэщIыгъуэрщ. Дау и къуэхэм я сыныр ЯтIэкъуэ псым и нэпкъым тетащ. Ар нобэ щахъумэ Санкт-Петербург дэт Эрмитажым. Сыным цIыху теплъэ иIэщ, таж (шлем) пыIэ щхьэрысщ, алыдж хьэрфкIэ тхыгъэ тетщ.

Редадэ

Тэмтэрэкъай (Тмутараканский) дзэпщым и дзэмрэ адыгэ дзэпщым и дзэмрэ зэпэуващ. ДзитIыр зэпэувауэ, адыгэ дзэпщ Редадэ къыхэкIри жиIащ: 
- Дзэм и лъыр щхьэ иткIутрэ пщIэншэу: уэрэ сэрэ дызэгъэбэни, укъыстекIуэмэ, си мылъкур ууейщ, сыптекIуэмэ, уи мылъкур сысейщ.
- Хъунщ, - жиIащ тэмтэрэкъай дзэпщым.
Дзэпщхэр зэрыубыдри зэбэнащ. Адыгэ дзэпщыр текIуэ щыхъум, бзаджагъэ хуекIуэри тэмтэрэкъай дзэпщым Редадэ къиукIащ.
Редадэ къаукIа нэужь, зыбжанэ дэкIауэ, адыгэхэр зэщIэшасэри, Тэмтэрэкъай ебгъэрыкIуащ. Къалэр зэтракъутэри я лъапсэм псы ирагъэжыхьыжащ. Абы къыдежьат: «Тэмтэрэкъай и махуэр къыпхукIэ» псалъафэр.

Андемыркъан

АндемыркIэ зэкIэ лIы гуэр щакIуэ кIуат. Абы и щакIуэхьэр зы жыг ежалIэри дэбэнейуэ уващ. Андемыр епсыхри, жыгым бгъэдэкIуэтащ: «Сыт хьэм къыIэщIэлъэгъуар?» - жери гупсысэу. Жыг дыкъуакъуэм чы матэ дэтт. Чы матэр кърихьэхащ абы. Матэм сабий цIынэ илът, зэщIэуфауэ. ЩIалэ цIыкIути, Андемыр гуфIащ – езым бын иIэтэкъым.
ЩIалэ цIыкIур Андемыр къихьри ипIащ, Андемыркъан цIэри фIащащ. 
Андемыркъан къыдэкIуэтейри и цIэр Iуащ: езым хуэдэ щауэм лIыгъэкIэ ефIэкI хъуащ. Абы щыгъуэм зи уэлиигъуэр Беслъэн ПцIапцIэкIэ зэджэ пщышхуэрат. Ар лIы пхъашэт. АпхуэдизкIэ гъумыщIэти, гуимэкIэ кърашэкIырт. ЩакIуэ ежьамэ, бланэр гуимэм кърахулIэрэ Беслъэн ПцIапцIэм кърагъэукIыу арат.
Зэгуэрым щакIуэ кIуауэ Беслъэн ПцIапцIэ IэщIэкIа кхъуэпIащэр Андемыркъан шабзэшэкIэ еуэри къиукIащ. Абы щегъэжьауэ пщышхуэр Андемыркъан жагъуэгъу къыхуэхъуащ. Беслъэн ПцIапцIэ Андемыркъан Iэщэ-фащэ имыIыгъыу, ишми темысу гъэпцIагъэкIэ къыдригъэшри иригъэукIащ. 

Лашын

Лашын унагъуэ ихьагъащIэт, нысащIэт. Пщэдджыжь гуэрым Iуэм ихьащ жэмыр къишыну. Жэмыр къыздишым гуур зэран къыхуэхъу хъуащ. Зэрэ тIэурэ Iуихуащ. АрщхьэкIэ къытригъэзэжурэ зэран хъурт. Лашын зиплъыхьри зыри щимылъагъум, гуур къиубыдри пхъэшыкъум щхьэдидзыхащ. Шыгъуэгу хадэм къыкIыжрэ пэт, Лашын и тхьэмадэм ар илъэгъуащ. 
Абы ирихьэлIэу къалмыкъ хъаныр Къэбэрдейм къихьат дзэ щIыгъуу. Къалмыкъымрэ Къэбэрдеймрэ я дзэхэр зэпэувауэ къалмыкъ хъаным жиIащ:
- Пелуанхэр зэдгъэбэнынщи, фи пелуаныр текIуэмэ, ди Iэщи-фащи къиднэнщи, Къэбэрдейм дикIыжынщ. Ди пелуаныр текIуэмэ, фи Iэщи фащи тхьынщ.
- Хъунщ, - жиIащ Къэбэрдей дзэпщым.
Пелуанхэр щызэрагъэбэныну пIалъэр зэраухылIащ.
- Си нысэм дэслъэгъуар мыращ, - жери Лашын и тхьэмадэр Къэбэрдей дзэпщым и деж кIуащ, - Ауэ пхъур зейм фечэнджэщ.
- Ди пхъур Къэбэрдейм я щхьэузыхьщ, - къыжраIащ пхъур зейхэм.
Къалмыкъ хъанымрэ Къэбэрдей дзэпщымрэ зэраухылIа пIалъэр къыщысым, Лашын цIыхухъу фащэкIэ яхуэпащ. Къалмыкъым я пелуаныр, выгъэшха хуэдэ, гъуахъуэу пхъэшыкъум итти, Къэбэрдей пелуаныр къыщилъагъум дыхьэшхащ:
- ЩIалэ цIынэ фIэкIа ягъуэтакъэКъэбэрдейм: спIытIынщи сежьэжынщ, - жиIащ.
Лашын пхъэшыкъум ихьащ. Я Iэ щызэрыубыдым, Лашын къалмыкъ пелуаным и IэпхъуамбиплIыр икъутащ. БлыпкъкIэ зызэрадзри, Лашын къалмыкъ пелуаным и IэблитIыр къыфIиIуэнтIыкIащ. ИтIанэ къиIэтри, пхъэшыкъум къыщхьэдидзыхащ. 
Я пелуаныр щаукIым. Я Iэщэ-фащэр къагъанэри, къалмыкъхэр Къэбэрдейм икIыжащ.

Дзэпщ и къуэ Гъудэберд

Талъостэныпщыр зыгуэрым къиукIащ. КъэзукIар къахуэгъуэтакъым. Азэпщ и къуэ Гъудэберд тралъхьащ.
- Пщыр зыукIын тщIэркъым, Азэпщ и къуэм фIэкI, - жаIэри, Азэпщ и къуэр яукIын мурад ящIащ. Гъудэбердым ищIэрт пщыр зыукIар. ИщIэ щхьэкIэ иIуэтакъым, адыгэлI хашэртэкъым. Мыхэшэн щхьэкIэ, хэкум икIын мурад ищIри, Азэпщ и къуэм Къэбэрдейр ибгынащ.
Кърымым илъэс зыбжанэкIэ къэтри, и хэкум къихьэжащ. Пщыр зыукIауэ щытахэр къэгузэващ: «ДиIуэтэнущ», - жаIэри.
- ДыукIмэ, диIуэтэн? - жари, Азэпщ и къуэр яукIын мурад ящIащ.
Апхуэдэ мурад къыщыхуащIым, Азэпщ и къуэр Талъостэнхэ екIуэлIащ - я хьэщIэщым ихьащ.
- Пщыр зыукIар ди хьэщIэщым къихьащ, дыукIынщ, - щыжаIэм, я нэхъыжьым идакъым:
- Ямыгъэпсалъэ яукIыркъым, пщыр иукIамэ, Азэпщ и къуэр ди хьэщIэщым къихьэнтэкъым, - жери.
- Пщыр зыукIар сэракъым, - жиIащ Азэпщ и къуэ Гъудэберд. – Ныжэбэ къуажэм дэкIращ пщыр зыукIар.
Пщыр зыукIар а жэщым жылэм дэкIащ. Азэпщ и къуэр хей хъужри и унэ итIысхьэжащ.

 

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться:

Читать также: