ЩIэблэр гъэпцIагъэхэм щахъумэДауэ щытхъумэну щIэблэр онлайн щIэпхъаджэм, сыт хуэдэ Iэмалхэм дыхуэкIуэну щIалэгъуалэр интернет джэгукIэ мыхъумыщIэхэм, «вербовкэ» жыхуаIэ Iэмал бзаджэр я нэрыгъыу закъыпызыщIэхэм ящытхъумэн папщIэ? А псом ятеухуа зэIущIэ щекIуэкIащ Налшык, ЩIалэгъуалэм я унэм. Абы кърагъэблэгъащ КъБР-м и Прокуратурэм федеральнэ шынагъуэншагъэр хъумэным, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ япэщIэтыным кIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и прокурор Бэрсэдж Алан, Урысейм СледствиемкIэ и комитетым и ветеран зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ и къудамэм и унафэщI Лъэпщ Анзор, дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэ Къуэнкъуей Ахьмэд, КъБР-м и МВД-м полицэм и щIыпIэ уполномоченнэхэмрэ балигъыпIэ имыувахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и инспектор Къэжэр Аскер, Психиатриемрэ наркологиемкIэ республикэ клиникэ центрым психологие лэжьыгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Лысаковэ Иннэ, КъБР-м щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм щIалэгъуалэр Iейм щыхъумэныр зи къалэн и къудамэм и унафэщI ЛIыхъурей Заур, КъБР-м бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ хъыбарегъащIэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм и «кибербезопасность» секторым и унафэщI АфIэунэ Виолеттэ. Республикэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным, щIалэгъуалэр ямыгъэжэкъуэным теухуауэ ядэIэпыкъуным, ахэр зытетын хуей къэрал хабзэхэмрэ къалэнхэмрэ ягурыгъэIуэным зи лэжьыгъэр тещIыхьахэм «онлайн-вербовка» жыхуаIэм, интернетымкIэ цIыхухэр къэзыгъапцIэхэм я Iэмал бзаджэхэм, щIэпхъаджагъэ зыщIа ныбжьыщIэм ихьын хуей хъу жэуапым, зэраныгъэ къэзышэ интернет джэгукIэхэм тепсэлъыхьащ ахэр. Бэрсэдж Алан и гугъу ищIащ ди республикэм щыщу балигъыпIэ имыувахэм ялэжьа щIэпхъаджагъэхэм, абыхэм ятещIыхьауэ прокуратурэм къыщаIэта уголовнэ Iуэхухэм, Украинэм щыщ бзаджащIэхэм я Iэмал фIейхэм. - ЩIэпхъаджагъэр ялэжьыну щытегушхуам деж ныбжьыщIэхэм загъэпашэу, сытри яхузэфIэкIыну зыкъалъытэжу апхуэдэщ. Ауэ Iуэхур зыхуэкIуар къагурыIуа нэужь, ахэр щым зэрыхъум, зэрызыщIэгупсысыжым гу лъыботэ. Псом хуэмыдэу «я щхьэр къыпоху» я адэ-анэхэр зэрыгузавэр къалъэгъуа нэужь, абы щыгъуэщ я щхьэм щепхъуэжыр. Украинэм щыщ бзаджащIэхэр хэтщ ди щIэблэм я акъылыр ягъэутхъуэну. Апхуэдэ бзаджащIэхэм щIалэгъуалэр къагъэгугъэ блэжьыну мыгугъу Iуэху гуэр ящIэмэ, ахъшэ зэрыIыгъ иратыну. Ар япэ лъэбакъуэщи, ныбжьыщIэр ягъэщхьэрыуэу зы Iуэху ирагъэщIа нэужь, «я джэдыгур зэрадзэкI» - адэкIэ «шантаж» жыхуаIэм хуокIуэ. Мыр е мор фымыщIэмэ, а япэ влэжьа Iуэхур, интернетымкIэ вгъэхъыбархэр хэIущIыIу тщIынущ, фи адэ-анэхэм фыкъащIэнущ, жаIэурэ. АпщIондэхункIэ ныбжьыщIэхэр мэшынэ, ящIэнур къащыгурымыIуэкIэ, хэкIыпIэ щымыIэ яфIощIри, пхэнжу мэбакъуэ - жиIащ абы. Алан жиIам дыщIигъуащ Къэжэр Аскер. - Къыхэгъэщыпхъэщ мыр: щIэпхъаджагъэ зыщIэ ныбжьыщIэхэм я нэхъыбэр унагъуэ хуэщIам къыхэкIащ, щапхъэ зытрахым хуэдэу псэу адэ-анэ зиIэхэщ. Абы къыхэкIыу языныкъуэхэм деж гугъу дыдэщ щIалэгъуалэм Iей ялэжьыну я щхьэм къыщIихьэм и щхьэусыгъуэр къэпхутэну. Сыт хуэдэ Iуэху фIей нэхъыбэу ныбжьыщIэхэр зыхашэр жыпIэмэ, ар пыщIащ наркотик зехьэным, лэжьыгъэ нэпцIым, тыншу ахъшэ къэлэжьыным, нэгъуэщIхэми. Телеграм каналымкIэ куэдыр ягъэжакъуэ, - жиIащ абы. ЗэIущIэм кърагъэблэгъа Къуэныкъуей Ахьмэд и адэшхуэм и къуэшщ Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэта Къуэныкъуей Назир. Зи нэхъыжьыр щапхъэ зыхуэхъуа зауэлIым Хэку лъагъуныгъэм, хэкупсагъэм и пIалъэ ещIэ, ар спецназым и офицерщ. - Дэнэ къыщежьэр Хэкум хуиIапхъэ лъагъуныгъэр жыпIэмэ, ар псом япэ адэ-анэрщ, къыбдалъхуахэрщ. Унагъуэм дежщ фIымрэ Iеймрэ зэхэбгъэкIыфу зыщебгъасэр, пэжщ, уэрамым укъыдыхьа е еджапIэ укIуа нэужь, абдеж укъыщызыухъуреихьхэми куэд елъытащ. Гупсысэ бзыгъэ иIэн хуейщ ныбжьыщIэм, гъуэгу захуэм тетын папщIэ, - жиIащ абы. АфIэунэ Виолеттэ ныбжьыщIэхэм яжриIащ интернет утыкур зы къалэшхуэ хуэдэу я нэгум къыщIагъэхьэу, абы хуаIэн хуей щытыкIэм, лъэбакъуэу ячынухэм егупсысыну, интернетым ифIри и Iейри зэпалъытыну. - НыбжьыщIэхэм сытым дежи я щхьэм илъын хуейщ мыр: зигъэцIыхуфIу интернетым къыщыфхуэтхэ псоми я гум фIы илъкъым, умыцIыхухэм уи дзыхь ебгъэз хъунукъым, зыгуэркIэ къоупщIаIамэ уи Iуэху зытетыр зэтещыпыкIауэ хуэпIуэтэныр лейщ. Зы джэгукIэ гуэрым фрагъэблэгъа, мессенджерым къыфхуэтхаIа - занщIэу фегупсыс Iуэхум мыхъумыщIэ гуэр хэлъынкIэ зэрыхъунум, - жиIащ абы. Лысаковэ Иннэ тепсэлъыхьащ адэ-анэхэмрэ бынхэмрэ я зэхущытыкIэм сабийхэм я гъащIэр зыхуэдэнур куэдкIэ зэрелъытар. Къыхигъэщащ ныбжьыщIэхэм адэ-анэм я щхьэрэ я гупсысэрэ кърагъэзыфу ирагъэсэнми гугъуехьхэр зэрыпыщIар, ауэ унагъуэм деж зэхущытыкIэ дахэ щызэтеубламэ, абы ныбжьыщIэр Iейм зэрыщихъумэфыр. - Пэжщ, адэ-анэхэр быным ешхыдэн хуей мэхъу языныкъуэхэм дежи. Ауэ а шхыдэми къыщыхагъэщын хуейщ быным IуэхущIафэ е зэраныгъэ гуэр хуамыгъэдахэ пэтми, абы щхьэкIэ ар фIыуэ ялъагъун къызэрымынэр. Мэшхыдэ, ауэ фIыуэ ялъагъу, сытри хуащIэнущ. Зи гупсысэр зэрыубыдын щIидзэ къудейм и щхьэм илъын хуейщ мыр: «Дапхуэдэу щымытми, сэ фIыуэ сыкъалъагъу». ЛIыхъурей Заур къытеувыIащ псом нэхъапэр ныбжьыщIэр Iуэху мыщхьэпэм хэмыхуэным егугъуныр арауэ къызэрилъытэм, «профилактикэ» жыхуэтIэр зэи зэпыдгъэу зэрымыхъунум. Щхьэхуэу и гугъу ищIащ я IуэхущIапIэм и деж щыIэ «Команда 5642» проектым. - Сыт «Команда 5642» жыхуэтIэр? Гъэ къэс зэхудошэс ныбжьыщIэхэм фIымрэ Iеймрэ зэхагъэкIыфу егъэсэным, спортым, гъуазджэм, щIэныгъэм, нэгъуэщI IуэхуфIхэми дегъэхьэхыным теухуа гупсысэ узыншэхэр зиIэ, лэжьыгъэ щхьэхуэхэри абы тезыухуэ щIалэгъуалэ. ЩIалэгъуалэм нэхъыфIу къагуроIуэ я ныбжьым итхэр нэхъ зыдихьэххэр, я гупсысэкIэр, хэщIапIэ ящIынкIэ хъунур, нэгъуэщI-къинэмыщIхэр, - жиIащ ЛIыхъурейм. ЩIэпхъаджагъэ зыщIахэр хабзэхъумэ IэнатIэхэм яшэ, жэуапым ирашалIэ. ЩIалэгъуалэм я щытыкIэм, ахэр гуитIщхьитI зэрыхъум, нэхъыбэр зэрыщIегъуэжым, ялэжьар къащыгурыIуэжкIэ, утыкум къызэринэм тепсэлъыхьащ Лъэпщ Анзор. Абы щIалэгъуалэм яжриIащ интернетым и IэмалымкIэ ахъшэ къалэжьыну яужь имыхьэмэ зэрынэхъыфIыр, абы куэдрэ гъэпцIагъэ къыщокIуэкIри.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2026 - 16:26 →
«ФIагъым и лъагапIэ»
22.04.2026 - 15:02 →
Лэжьыгъэ нэрылъагъухэр
22.04.2026 - 12:22 →
Адэшхуэм и фэеплъщ
22.04.2026 - 12:20 →
Ноби чэнджэщэгъу схуохъу
22.04.2026 - 12:11 →
Хамэ щIыпIэхэм щилъэгъуар
| ||





