Илъэсищ лэжьыгъэм хоплъэж

«Хэкум и хъумакIуэхэр» Къэрал фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед хэтащ КъБР-м илъ Iуэхухэр гъэбелджылынымкIэ и центрым (ЦУР) и «эфир занщIэм». ХьэщIэр тепсэлъыхьащ УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ илъэсищ ипэкIэ къызэрагъэпэща фондым а пIалъэм къриубыдэу хузэфIэкIахэмрэ къапэщылъ Iуэхугъуэхэмрэ. 

Дзэ Iуэху хэхам хэтахэр, СВО-м хэкIуэдахэмрэ абы хъыбарыншэ щыхъуахэмрэ я унагъуэхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр ирагъэкIуэкI. Псалъэм къыдэкIуэу, юридическэ, медицинэ, социальнэ, н.къ. дэIэпыкъуныгъэхэр ират, лэжьыгъэ IэнатIэхэр къыхуагъуэт, нэгъуэщIхэри. Дадэ МуIэед къыхигъэщащ а Iуэхугъуэхэр ныкъусаныгъэншэу зэфIэхын папщIэ, цIыху къэс щхьэхуэу дэлэжьэн зэрыхуейм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. НобэкIэ апхуэдэ гулъытэхэр ирагъэгъуэт цIыху мини 3-м щIигъум. 
Фондым зэгурыIуэныгъэ зэхуэмыдэу 75-рэ ярищIылIащ республикэм и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, муниципалитетхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ. Фондым и лIыкIуэхэр щолажьэ КъБР-м и район, къалэ псоми. Илъэсищым къриубыдэу лъэIу зэхуэмыдэу мин 16-м щIигъу фондым къыIэрыхьащ икIи абы щыщу 15900-м жэуап пыухыкIахэр иратащ.
Фондым зыкъызыхуэзыгъазэхэм я нэхъыбэр зыхуэныкъуэр юридическэ дэIэпыкъуныгъэщ. Апхуэдуи, цIыхухэр щIоупщIэ иратын хуей ахъшэхэр зэрыхуагъэув щIыкIэм, санаторэхэмрэ курортхэмрэ зыщагъэхъужыным, зыщагъэпсэхуным, я щIэныгъэм хагъэхъуэным теухуа хабзэхэм, я псэупIэхэр я узыншагъэм хуэкIуэу щытынымкIэ щыIэ Iэмалхэм. Фондым и лэжьакIуэхэм апхуэдэ лъэIухэм зэман куэд трагъэкIуадэркъым икIи нэхъ псынщIэу ахэр зэрызэфIахыным хущIэкъу зэпытхэщ.
Гулъытэ хэха зрагъэгъуэтхэм яхохьэ СВО-м ныкъуэдыкъуагъэ хэзыха ветеранхэр. Абыхэм ящыщу цIыху 208-м фондым и нэIэ нобэкIэ ятригъэтщ.
Абыхэм я псэупIэхэр я узыншагъэхэм хуэкIуэу къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ программэр ягъэзащIэ. НобэкIэ псэупIэу 37-рэ зыхуей хуагъэзащ, 29-р къапщытэ, ирахьэлIэну лэжьыгъэм теухуауэ. А лэжьыгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым етIуанэ увыпIэр УФ-м щиIыгъщ. 
Абыхэм нэмыщI, ветеранхэр къызэрагъэпэщ протезхэмкIэ, абыхэм я узыншагъэм хуэкIуэ нэгъуэщI техникэхэмкIэ. Псалъэм къыдэкIуэу, спортым зыхуэзыгъэсэну жэрдэм зыщIа цIыхуихым спорт протезхэр къыхуащэхуащ, зым - автомобиль псынщIэ иратащ.
Фондым ветеранхэм ярит дэIэпыкъуныгъэхэм щIэуэ къыхыхьащ абыхэм я узыншагъэм хуэщIа щыгъынхэмкIэ ахэр къызэгъэпэщыныр. Апхуэдэ лъэIукIэ закъызыхуэзыгъэза цIыху 12-м ящыщу 6-м я лъэIур ягъэзэщIащ, мыдрейхэми яужь итщ иджыпсту. 
УнэтIыныгъэ щхьэхуэу щытщ санаторэхэмрэ куротхэмрэ абыхэм зыщагъэхъужыныр. Дадэ МуIэед зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ лъэIукIэ закъызыхуэзыгъэзауэ хъуам ахэр хуагъэзэщIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек 2023 гъэм унафэ къыдигъэкIауэ щытащ СВО-м и ветеранхэмрэ абы хэкIуэдахэм я унагъуэхэмрэ «Кхъужьей хадэ» санаторэм и путевкэхэмкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщыну. Абы нэмыщI, я узыншагъэр щызэтрагъэувэжыну реабилитацэ центру 12 иджыри ди къэралым щыIэщ, УФ-м и Соцфондым и нэIэ щIэту лажьэхэу. НобэкIэ, псори зэхэту цIыху 441-м я узыншагъэхэр щызэтрагъэувэжащ абыхэм. Щхьэхуэу къызэрагъэпэщ СВО-м и ветеранхэм я сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманхэр икIи псори зэхэту сабий 449-м апхуэдэ Iэмалхэр иратащ. 
Лэжьыгъэ мащIэ фондым ирагъэкIуэкIыркъым дзэ Iуэху хэхам хэтахэр IэнатIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ. СВО-м къикIыжауэ фондым и нэIэ зытет цIыху 660-м ящыщу 421-р лэжьыгъэкIэ къызэрагъэпэщащ е уней IуэхущIапIэхэр къызэIуахащ. Абыхэм къадэкIуэу, щIалэхэм я IэщIагъэм-щIэныгъэм храгъэгъахъуэ, нэгъуэщI IэщIагъэхэм хурагъаджэ. Фондым зэпыщIэныгъэхэр яхуиIэщ щIыпIэ МВД-м, ФСИН-м, суд приставхэм я къулыкъум.
СВО-м хэтахэм социальнэ зэгурыIуэныгъэхэр иращIылIэ, абыхэм я унагъуэхэм зэхэту яIэ хэхъуэм и куэдагъырм емылъытауэ. Ари дэIэпыкъуныгъэ щхьэхуэу щытщ.
Егъэджэныгъэ унэтIыныгъэми зрагъэубгъу зэпытщ. ЖыпIэнурамэ, «Фермерым и еджапIэ» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ я щIэныгъэм абы нэгъабэ щыхагъэхъуащ цIыху 36-м. Мы гъэм цIыху 15 иджыри абы щIагъэтIысхьэнущ. Жыг хадэ гъэкIын, Iэщ гъэхъун IэщIагъэхэм хуеджэхэм УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и грант дэIэпыкъуныгъэхэр ират. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: