НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 7, гъубж

Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ 
Рунетыр - урысыбзэкIэ лажьэ интернетыр (Ru дамыгъэр зиIэр) - къыщызэрагъэпэща махуэщ 
Урысейм ягу къыщагъэкIыж псыщIагъырыкIуэ кхъухьым къулыкъу щызыщIэу хэкIуэдахэр 
1940 гъэм
къалъхуащ тхакIуэ, журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист Мэзыхьэ Борис. 
1948 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Къандурым и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зыхуагъэфэща Бемырзэ Мухьэдин.
1958 гъэм
къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къуэжьокъуэ Мухьэмэд. 
1937 гъэм
къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат Уэркъуасэ Владимир. 

Дунейм и щытыкIэнур 

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 16 - 17, жэщым градуси 6 - 8 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уэрэдус пщыпсэIухщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

22.04.2026 - 12:04 НОБЭ
21.04.2026 - 16:09 НОБЭ
20.04.2026 - 11:12 НОБЭ