Фэ фщIэрэ…Илъэс куэдкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым щылэжьащ журналист Iэзэ Бэрбэч Зубер. Ди щIэджыкIакIуэхэм псом япэу ягу къинэжар абы мазэ къэс газетым хуигъэхьэзыру щыта «Ашэмэз и бжьамий» напэкIуэцIыр арагъэнущ. И тхыгъэхэм гу лъамытэнкIэ Iэмал имыIэу, и адыгэбзэр бейт, шэрыуэт, ди хэкум хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ гъэнщIат. Абы фIэфIт нэхъыжьхэр дыкъэзыухъурейхь дунейм зэрыхущытам и щапхъэхэм щIэблэхэр щигъэгъуэзэну, псыми, бгыми, мэзми щысхьын зэрыхуейр яриIуэкI къудей мыхъуу, Iуэхум хищIыкIыу абыхэм тетхыхьыну. Ди щIэджыкIакIуэхэм папщIэ, гъэщ1эгъуэн куэд къиулъэпхъэщырт абы. Абыхэм ящыщщ адэкIэ фызэджэнур, «фэ фщIэрэ?» упщIэм къригъэубыдахэр: - Джеймрэ махъшэмрэ зэрызэпхар? Зыр хым хэсщ, мыдрейр пшахъуэщIым и «кхъухьщ» жыпIэнщ. Иджырей щIэныгъэм къызэрихутамкIэ, а тIури зы псэущхьэм къытекIащ! - Дзыгъуэнэф - лъыиф Америкэ Ищхъэрэм зэрыщыпсэур? Жэщ зэрыхъуу къолъэтыкI жыг ку гъуанэм, ещхьщ бэджышхуэм. Абы и ныбэлыцIыр зэвщ, шхын быди хуегъэхынукъым, и пэр дыд папцIэщ, сэ жанщ, и Iупсым зымыгъэуз гуэр хэлъщи, зэдзакъэм и уIэгъэр зыхимыщIэу, абы и лъым йобзей сыхьэт ныкъуэкIэ - езым и хьэлъагъым хуэдиз (грамм 50-м нэс) зыIэримыгъэхьауэ ирикъуркъым. Апхуэдэ лъыиф зэрыщыIэр япэу къэзыщIар Дарвинщ. Дунейяплъэ къыщикIухьым, абы и лIыщIэм къиубыдат я гум щIэщIа шым и пщэм къиж лъым ебзей псэущхьэ жъейр. - Губгъуэ бжэныр (сайгакыр) зэрыIущыр? Ар къэпщIэнщ Каспий тенджызым и Iуфэ тафэхэм укIуэрэ уплъэмэ. Абы щыхъуакIуэ мэлхэм, псом хуэмыдэу щынэхэм, я тхьэмбылымрэ лъатэмрэ къоуз, яхъуэкIу удзым бор куэд хэлъщи. ЩхъуэнтIагъэр губгъуэ бжэнхэми ягъэкIуэщI, ауэ борыр зэран къахуэзымыгъэхъу, гъуаплъэрэ витамин А-р зи бэ къуацэ-чыцэ къудамэхэр трашхыхьыж! - Софие и гъунэгъуу щыIэ псы хущхъуэр мэлым къызэрихутар? Гуартэр псынэмкIэ щыблахукIэ, зы мэл сымаджэ икIи тIэкIу ещIэкъуауэ гуэрым закъыкIэригъэхурт. Псым хыхьэрти, зыкъомрэ хэтт. Ауэрэ - хъужащ. ЦIыхухэми мэлым и гулъытэм дерс къыхахащ. - ЦIыху мин тIощIым зы номин зэрыщIалъхьар? Псоми я нэгум гуауэр къищу, щыгъын хужъ ящыгърэ дин хабзэр ткIийуэ ягъэзащIэу. Номиныр илъэсипщIкIэ щыпсэуащ Шивэ тхьэм и унэу Дели и пщIантIэм дэтым. Махуэ къэскIэ жыгым къехырти, цIыхухэм задищIу, и IэгуитIыр зэгуилъхьэрэ и бгъэм деж щиIыгъыу, и Iупэр игъэпIэжъажъэу «Тхьэ елъэIурт». - Пэбжьакъуэр (носорогыр) къызытекIар шым зэриблагъэр? Абы бжьакъуэ тетакъым нэхъапэхэм, иужъым къытекIэжауэ аращ. - Малайзием и Пенанг хытIыгум щыIэ блэ щхъухьзехьэ бзаджэхэр тхьэ елъэIу цIыхум зэремыуэр? Дунейм дахэу утетыным и щапхъэкъэ-тIэ ар! - Псэущхьэхэр зэрызэIэзэжыр? ИкIи сымаджэ ныкъуэдыкъуэ хъуркъым. ИщхьэкIэ къэтхьа щапхъэхэм къызэрыхэщщи, удз хущхъуэхэр зэрахъуэкIуным хэтщ, итIанэ уIэгъэ хъуам е щыузым деж йобзей, и щIыфэр шхэмэ, жыгым е мывэм зыщахъуэ, сабэм зыхакухь, псы хущхъуэ йофэ. Мыпхуэдэ псэлъафи щыIэщ: «Шыр уэс ткIуам ефэмэ, абы уз къеуэлIэнкIэ умышынэ». - Галапаго хытIыгухэм (Эквадор) щыIэ шылъэгухэм килограмм 300-м нэс зэрахьэлъагъыр? Илъэси 150-200 къагъащIэ. И плIэ лъэкъуитIымкIэ сыхьэтитху кумб къритхъуурэ, шылъэгу анэм илъэсым тIэунейрэ джэдыкIэхэр егъэтIылъ, и щхьэр третхъуэж, мази 3-8-м (шылъэгухэм я лъэпкъыгъуэ елъытауэ) шырхэри къраш. ГъэщIэгъуэнщ шылъэгухэмрэ къуалэбзухэмрэ я зэпыщIэныгъэр. Зэгуэрым къэхутакIуэхэм ялъэгъуащ шылъэгу гъуэгурыкIуэр. Арыххэу, гъуэжъ-плъыжъыфэ бзу цIыкIу къом къызэрыкъуохри, абы и «афэ джанэм» тотIысхьэ. Мыдрейр занщIэу зэщIоувыIыкI. Бзу цIыкIухэр дэни дэпщхьэрт, абы и щIыфэм еуIуурэ, зыгуэрхэр къыжьэдадзыжырт. КъэхутакIуэхэм белджылы къащIащ къуалэбзухэм шылъэгур зэрагъэкъабзэр, абы хищIа хьэпIацIэхэм кIэ ират, я лэжъыгъэр зэраухыу мэлъэтэж, шылъэгури и гъуэгу тоувэж. - Амазонкэм и Iуфэ мэзышхуэм нэхъ шынагъуэ дыдэу щIэсыр зэрыхъумпIэцIэджыр? Ахэр ди щIыналъэм щыIэ цIыкIужъейхэм хуэдэкъым, атIэ дэтхэнэми сантиметритху я кIыхьагъщ. ХъумпIэцIэджхэр зекIуэ макIуэ, дзэм ещхьу, «дзэпщхэри», «тIасхъэщIэх» нэгъуни яIэжу. Дзэм и кIыхьагъкIи и бгъуагъкIи километр зыбжанэм щынэс щыIэщ, я Iэуэлъауэр жыг тхьэмпэ гъуауэ зэщIощхъыщхъэ. ХъумпIэцIэджхэр къыщежьэм деж мэзым щIэс хьэкIэкхъуэкIэ псори: кхъуэпIащэ езыгъэмэрэкIуэх блэ зэрамыщIэжхэри, аслъэн-къаплъэнхэри щтапIэ йохьэж, къуалэбзухэри мыбэуэж жыхуаIэм хуэдэу зэщIощымэ, шынагъуэм зэщIеубыдэри. Гъуэгум къащыпэщIэхуэу хъуам кIэ ират, къупщхьэлъапщхьэмрэ цымрэ къыщанэурэ. - Псэущхьэхэм ящыщу дэтхэнэхэра нэхъыбэрэ псэур? ЩIэныгъэлIхэр зэракIэлъыплъамкIэ, пылыр илъэс 77-кIэ, попугайр - 56-кIэ, къазыр - 50-кIэ, елыркъэшыр - 50-кIэ, хъумпIэцIэджыр -19-кIэ. КъызэралъытамкIэ, я гъащIэр нэхъ кIэщщ ныбаблэ, хуабапIэр зыфIэфI икIи лъхуэрей псэущхьэхэм. - Номин, благъуэ, хьэмэрэ павлин ЩIы хъурей псом нэхъ кIэ кIыхь дыдэу тетыр? Джэдщ! Апхуэдэ Сикоку (Японие) хытIыгум щыIэ Кате къуажэ цIыкIум щагъэхъу дэтхэнэми и кIэм и кIыхьагъщ метри 7-рэ сантиметр 30-рэ! - Хэт сыт хуэдэу жейми? Хьэндыркъуакъуэхэмрэ тритонхэмрэ псыхэм жыг лъабжъэхэм зыщагъэпщкIу. ХьэкIэкхъуэкIэ цIыкIухэм, псалъэм папщIэ, кIэпхъым ещхьыу, бурундук кусэ цIыкIум, унэ еухуэ пэш зы-тIу хъууэ, пырхъуэ, ерыскъы хъумапIэ, «псыунэ» нэгъунэ иIэжу. Унэм и инагъыр метри 3-3,5-рэ мэхъу. Ар абы щожей щIымахуэ псом, гъэмахуэм деж - жэщкIэ. Ауэ жей Iувым хэткъым адрей псэущхьэхэм хуэдэу, и гъуэмылэри зэман кIыхьым тещIыхьауэ зэрегъэзахуэ. - Блэ дэIэпыкъуэгъу зэрыщыIэр? Индонезием и хытIыгу Флоресым щыпсэу лIы гуэрым блэ шыр мэзым кърихат. Инышхуэ хъуащ: метрих и кIыхьагъыу, килограмми 140-рэ и хьэлъагъыу. Ар мэзым щIиутIыпщхьэжыну хэта щхьэкIэ, зыри къикIакъым. Иджы блэр лIым и дэIэпыкъуэгъущ, жыг хадэм къыпыкIэхэр щызэщIикъуэжкIэ. Допщейри какос жыгыр егъэсыс зы дэ къыпымынэжыху. - ЩIыIубыр мэ зэхэгъэкIынкIэ зэрыIэзэр? Метр ныкъуэ зи Iувагъ щIыр къытелъу, абы щызепщыпщэ хьэмбылум и мэр къыщIехьэ.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2026 - 16:26 →
«ФIагъым и лъагапIэ»
22.04.2026 - 15:02 →
Лэжьыгъэ нэрылъагъухэр
22.04.2026 - 12:22 →
Адэшхуэм и фэеплъщ
22.04.2026 - 12:20 →
Ноби чэнджэщэгъу схуохъу
22.04.2026 - 12:11 →
Хамэ щIыпIэхэм щилъэгъуар
| ||





