ЗыгъэхъужыкIэ Iэмалхэм я нэхъ тыншыр«Уз къызэуэлIам зигъэхъужын папщIэ, хущхъуэ куэд къигъэщхьэпэн хуей мэхъу ди лъэхъэнэм, - жеIэ муслъымэн щIэныгъэм зи цIэр фIыкIэ къыхэщ щихъышхуэхэм язщ Кипрым щыщ Iэл-Хьэкъкъаний Мухьэмэд Назим. - Фи фIэщ фIымыщ а хущхъуэхэмрэ операцэхэмрэ фIэкIа нэгъуэщI зыри сэбэп кыфхуэмыхъуу! ЦIыхухэр псори зи IэмыщIэ илъ Алыхьышхуэм хуэжыIэщIэу щытамэ, я узыншагъэри къихъумэнут, узи къыбгъэдигъэхьэнутэкъым. КъеуэлIа узыр хущхъуэкIэ фIэкIа пхуэмыгъэхъужыну егупсысыху, цIыхум и бэлыхьыр щхьэщыкIынукъым. Хущхъуэ IэрыщIхэм ар зэзыхьэлIэхэр хъыжьпIыжь, къэмэхрей ищIа нэужь, а хущхъуэхэмрэ щхъухьхэмрэ я къарур зэрытекIуэту, бактериехэмрэ микробхэмрэ Iэпкълъэпкъыр зэтрашхыхьын щIадзэнущ, сыту жыпIэмэ, Алыхьталэм абыхэм унафэ яхуищIынущ: «Зэтефкъутэ!» Щхьэусыгъуэр - цIыхум и жыIэмыдэIуагъырщ. Узыншагъэр Алыхьталэм къызэрыбгъэдэкIым егупсысыххэркъым цIыхур. Ар хущхъуэхэм, операцэхэм къахьу къыфIощI. Апхуэдэу уегупсысыныр гуэныхьышхуэщ. Зэгуэрым Пакистаным и къалащхьэ Карачи дэт клиникэ къызэрыгуэкIым секIуэлIат. Дохутырым и бжэм деж КъурIэным щыщ мы псалъэр тетхат: «Сымаджэ сыщыхъум деж, Абы сегъэхъуж» (26:80). Узыхуэсакъыпхъэщ, дохутырм деж ущыкIуэкIэ, а псалъэхэр зыщумыгъэгъупщэныр. Я Тхьэм епцIыжу Жэнэтыр зэрабгынэрэ, мин бжыгъэкIэ узхэр къеуэлIащ цIыхухэм, ауэ щыхъукIэ, Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэт пкъыгъуэхэм я бжыгъэр 360-рэ къудейщ зэрыхъур. Дэ дызэреплъымкIэ, щхьэусыгъуэ куэд щыIэщ, цIыхур сымаджэ ищIынкIи хъуну. Языныкъуэхэм деж ар пкъым и узыфэщ, ауэ псэм и узыфи яхэтщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, фIэщхъуныгъэ зиIэ цIыхухэм зэрахьэлу, дэ къыдолъытэ узыфэ псори Iэпкълъэпкъыр зэрызэIыхьам емылъытауэ, мы гъащIэм емыпхауэ. Ар ахърэтым къикI гуэру къыщIэкIынкIи хъунущ, цIыхум и дуней тетыкIэм къыпэкIуэ жэуапу. Бегъымбару щыIа псоми я лъэпкъхэм узым зэрызыщахъумэну Iэмалхэм я нэхъыфIу псапэ ящIэным трагъэгушхуэрт. Ислъамым и закъуэкъым жызыIэр псапэу зыгуэр птыныр узым ущызыхъумэ мэIуу зэрыщытыр. Дин къэс щхьэж и бегъымбарым и жьэкIэ жеIэ ар. Аращи, зыбгъэхъужын Iуэхур сэдэкъэкIэ къебгъэжьэн хуейщ. Ар къызэрыгурыIуэу, фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъ сымаджэм зигъэхъужыныр тыншыбзэ мэхъу. Ауэ Алыхьыр зи фIэщ мыхъум зигъэхъужыныр нэхъ Iуэху гугъу щыхъу щыIэщ. Пкъыр зыгъэхъужыр псэращ. ФIэщхъуныгъэ зыбгъэдэмылъым и псэр езым и бийщи, зэи къыдэIэпыкъунукъым. Абы къыхэкIыу, Iиманыншэм и зыгъэхъужыныр кIыхьлIыхь дыдэ хъунри зыхуэIуа щыIэкъым, уеблэмэ узыр псэуху кIэрымыкIынкIэ шынагъуэщ. Iиман зиIэхэм я псэхэр къазэрыдэIэпыкъум къыхэкIыу, псынщIэ дыдэу къызэфIэувэж хабзэщ. Аращи, ухъужын папщIэ, псом нэхърэ нэхъ япэ игъэщыпхъэр сэдэкъэрщ. Махуэ къэс узыщIэ къожьэ, дохутырхэми ялъэкI къагъанэркъым абыхэм япэкIуэн хущхъуэ къагупсысын папщIэ. Дохутырхэри щIэныгъэлIхэри ешащ, цIыхухэр узым кърагъэлыфын гугъэ къахуэмынэжыным нэсауэ. Дэри къыдолъыхъуэ дунейпсо цIыхубэр зыгъэхъужыфын Iэмал. Сымаджэ хъуа цIыхум дежкIэ сыт нэхъри нэхъапэр фIэщхъуныгъэ хэлъынырщ. Iиманыншагъэм щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къегъэхъу, узыр Алыхьыр зи фIэщ мыхъу цIыхум тезыру техуэн хуэдэу. Аращи, псом япэ Алыхьыр уи фIэщ хъун хуейщ. ЕтIуанэрауэ, цIыхухэр Алыхьталэми, Абы къигъэкIуа бегъымбархэми, абыхэм къакIэлъыкIуэжа цIыху къабзэхэми кърат чэнджэщхэм едэIуэн хуейщ. Зыгъэхъужыныр тезыр яхуэхъункIи хъунущ абыхэм. Ди зэманым узыфэхэм я нэхъыбэм сэкIэ йоIэзэ. Мы лIэщIыгъуэм хуэдэу ар къыщагъэщхьэпэрей къэхъуагъэнкъым. Дохутырхэм я процент 99-р сэр къапхъуатэу зыгуэр яупщIэтэну, зэхакъутэну мэпIащIэ. Ар гъэхъужыкIэкъым, бэлыхь хэдзэкIэщ. Узхэм я щхьэусыгъуэр лъатэм ерыскъыр зэрыраубэрщ, изыIуэ зэращIырщ. Ди зэманым щыпсэу цIыхухэм я лъатэхэр къуа зэпытщ, итIани, сыт иджыри тшхынт, сыт дефэнт жаIэ зэпытщ, выхэмрэ жэмхэмрэ ещхьу. Ар псэущхьэ хьэлщ, сыт хуэдэ зэмани Iэпкълъэпкъ Iуэху зехуэныр: шхэным, ефэным, Iугъуэ дегъэхуным елIалIэрэ лъатэм зыгъэпсэхупIэ ирамыту. Япэрауэ, шыIэ зыхэвгъэлъ. ЕтIуанэрауэ, фшхыр нэхъ мащIэ фщIы. Ерыскъым фримыджэгу. Абы и процент 90-р хыфIадзэж. Фшхыр зыхуэдэми феплъ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ ущышхэкIэ узэгупсысми. Iэ ижькIэ фIэкIа фымышхэ, Бегъымбар лъапIэм унафэ зэрищIам ещхьу. Iэ сэмэгукIэ ушхэным Iэпкълъэпкъыр гузэвэгъуэм хедзэ, апхуэдэу шхэр шейтIаным и закъуэщ. Псыр узыншагъэм и лъабжьэщ. Фышхэн ипэкIи ужькIи, фи Iэхэри, фи нэкIури, фи жьэ кIуэцIри фтхьэщI. ГъащIэр псым къыхэкIащ, ар нэхъыбэрэ къэвгъэщхьэпэху, нэхъ узыншэу фыщытынущ. Ди лIэщIыгъуэм и цIыхухэм сабырагъ яхэлъыжкъым. Аращ Iэмал IэрыщIхэр къыщIагъэсэбэпыр, апщIондэху я Iэпкълъэпкъыр зэхакъутэ. Узыр псынщIэу зыщхьэщахын папщIэ, зрамыхьэлIапхъэхэр зрахьэлIэурэ загъэунэхъуж. Сымаджэхэм чэнджэщ естынт: тэмакъкIыхьу фыщыт. ЩIыр зэраухуэрэ зекIуэ, щIыуэпсым къыхэкI IэмалхэмкIэ бэшэчу зывгъэхъуж. Ахэр лIэахэр лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ къагъэщхьэпэ. А щIэныгъэр Бегъымбархэм я мыхъур, иужьрей ЛIыкIуэ Мухьэмэду щэлатымрэ сэламымрэ зэхам Алыхьым кърита щIэныгъэу къокIуэкI. Узыр щхьэусыгъуэншэу къакIуэркъым. Ар е Алыхьым емыдаIуэ цIыхум къытехуа тезыру щытынкIэ хъунущ, е узыр зэрыбгъэхъужыфынур яригъэлъагъун папщIэ къарегъэуалIэ.
Поделиться:
Читать также:
16.04.2026 - 13:31 →
УнапщIэ щхьэфIэчхэр
14.04.2026 - 12:00 →
НыбжьыщIэхэр нэхъ бзаджэ мэхъу
13.04.2026 - 12:05 →
Псыдзэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр
01.04.2026 - 10:44 →
Бзэр кIуэдыжу аракъым – зеужь
19.02.2026 - 14:53 →
Губзыгъагъэм къару иIатэмэ
| ||





