Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыналъэм илъ Iуэхухэр щагъэбелджылы и центрым (ЦУР) 2026 гъэм и гъатхэпэ мазэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэр къипщытэжащ.
Зи гугъу ящI пIалъэм къриубыдэу, ЦУР-м и IэщIагъэлIхэр елэжьащ «Инцидент Менеджмент» IэмалымкIэ республикэм щыпсэухэм зэрызыкъыхуагъазэу къаIэрыхьа Iуэху мини 4-м нэблагъэм. Ахэр псори проценти 100-кIэ ягъэзэщIащ.
Хъыбар нэхъыбэ къызыбгъэдэкIар Налшык, Прохладнэ къалэхэм, Аруан муниципальнэ районым щыпсэухэрщ.
Зэрызыкъыхуагъэзахэр ятеухуауэ щытащ кIэрыхубжьэрыхур зэрыдашым, ЖКХ-м, гъуэгухэм я щытыкIэм, зэIузэпэщыгъэм, узыншагъэр хъумэным.
IуэхущIапIэр муниципальнэ щIыналъэхэм зэрадэлэжьам кърикIуащ уэрам щхьэхуэхэм псыр зэрыдэлъадэм теухуа ныкъусаныгъэхэр ягъэзэкIуэжыныр, псы фIейр зрикIуэ бжьамийхэм елэжьыжыныр, псы щIыIэрэ хуабэрэ иратыныр. КъищынэмыщIауэ, лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ уэрамхэм уэздыгъэхэр щыфIэдзэным ехьэлIауэ. Жылагъуэ зыбжанэм хуит ямыщIу къыщызэрагъэпэща кIэрыху-бжьэрыху идзыпIэхэр щагъэкIуэдыжащ, псэупIэ унэхэр хуабэкIэ къызэрызэрагъэпэщыр зэфIагъэувэжащ, сабий джэгупIэхэр яухуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦУР-м къипщытащ IуэхущIапIэхэмрэ муниципальнэ щIыналъэхэмрэ Интернетыр зэрыщылажьэм и фIагъыр зыхуэдэр. Къалъытащ цIыхухэм зэрызыкъыхуагъазэхэм жэуап зэрыратыр, абыхэм ику иту трагъэкIуадэ зэманыр, аккаунтхэр зэрырагъэкIуэкI щIыкIэр.
ЦIыхухэм къаIэт Iуэхухэр псынщIэу зэфIэхынымкIэ пашэ хъуащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр. ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм, ещанэр - КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Республикэм и щIыналъэ 13-м я деж япэ увыпIэр къыщихьащ Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм, етIуанэр - Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм, ещанэр ягуэшащ Бахъсэн, Прохладнэ къалэхэм.
«Мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр» жыхуиIэм ипкъ иткIэ, эфир занщIэ драгъэкIуэкIащ КъБР-м псэупIэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ и фондым и унафэщI Кулиев Мустэфир. Нэтыным хыхьэу, абы жэуап иритащ фэтэр куэду зэхэт унэхэр 2026 гъэм зэгъэпэщыжыным, жьы хъуа лифтхэр зэхъуэкIыным, Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр зыхуэдэнум теухуауэ кърата упщIэхэм.
КъищынэмыщIауэ, Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэ Отаров Мухътар тепсэлъыхьащ ятIэпсым жапIэ хуэщIыным, ухуэныгъэхэм уней мылъкум къыхегъэлъхьэным теухуауэ ялэжьым, гъуэгухэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ яIэ мурадхэм.