Дызэрызэныбжьэгъум срогушхуэ

ПщIэ зыхуэсщI Мухьэмэд! 
Уэ лъэпкъым теухуауэ уемызэшыжу, илъэс куэд хъуауэ ­ебгъэкIуэкI къэхутэныгъэхэмрэ къыдэбгъэкIа тхылъ­хэмрэ я фIыгъэкIэ ди Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм, нэхъ жыжьэу узэIэбэкIыжмэ, СССР-м и лъэхъэнэм щыпсэуахэм Iэмал ­гъуэзэджэ ягъуэтащ адыгэхэм я къекIуэкIыкIам, Урысейм, ­хамэ къэралхэм щыпсэуа, щыпсэу адыгэлI щэджащэ куэ­-дым ятеухуа хъыбархэр къащIэну. Журналистикэмрэ лите­ратурэмрэ къэбгъэсэбэпурэ, уэ быдэу дапыпщIэжащ Къэ­рэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Осетие Ищхъэрэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Москва, къалащхьэм пэжыжьэ щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм.
Сыт хуэдиз IуэхуфI яхузэфIэбгъэкIа ди къуэш абхъазхэм! Егупсысауэ псалъэу, куууэ къыщIэгъэлъауэ Iуэхур зэпкърихыу, хэкупсэ нэсу, нэ­гъуэщI лъэпкъхэми пщIэ яхуищIу зи гъащIэ гъуэгур къэзыкIу уэ, сэ сызэреплъымкIэ, иджырей АДЫГЭЛIЫМ и шыфэлIыфэ нэхъыфIхэр богъэлъагъуэ. ЦIы­ху­гъэр, щIыхьыр, напэр, за­хуагъэр псалъэ къызэрыгуэкIкъым уи дежкIэ, атIэ уи хьэл-щэным лъабжьэ хуэхъуауэ къыбдэгъуэгурыкIуэ нэ­щэ­нэщ. Уи акъыл жаным, щIэныгъэ куум щIыгъу апхуэдэ щэнхэм псэм и къулеягъыр ягъэбелджылыуэ къызолъытэ. Ахэращ уэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху щэджащэ узыщIар. 
Илъэс щэщI ипэкIэ, Иорданием сыщыIэу, къэрал, жыла­гъуэ лэжьакIуэ, генерал, дипломат цIэрыIуэ Бырмамыт Фоаз сыхуэзауэ щытащ. И унагъуэм сригъэблэгъауэ дызэбгъэ­дэсти, и ныбжьэгъу нэхъыфIхэм я гугъу щищIым уи цIэри ­къриIуат. ГушыIэ тIэкIуи щIэлъу генералым жиIат: «Мы Хьэ­фIыцIэжьыр ди адыгэ лъэпкъым и набдзэщ!».
Мухьэмэд, IущыгъэкIэ гъэнщIауэ къыдэбгъэкIа тхылъхэр нобэ сэбэп мэхъу цIыхум и къэухьым зиужьынымкIэ, тхылъыр Iэпэдэгъэлэл щыхъуа мы лъэхъэнэм ахэр иджыри кърахьэкI акъыл, щIэныгъэ, хабзэ, дерс гъуэзэджэхэр кърахыу, цIыху лъапIэныгъэхэр ягу къигъэкIыжу. Илъэс куэд хъуауэ ды­зэ­рызэныбжьэгъум сыщогуфIыкI икIи срогушхуэ. Иджыри узын­шагъэ быдэ, ехъулIэныгъэщIэхэр, гуфIэгъуэ куэд уиIэну, уи унагъуэ дахэм я жьантIэр куэдрэ бгъэбжьыфIэну сыно­хъуэхъу, Мухьэмэд. 
ПщIэ къыпхуэзыщI Жэман Ахьмэд, 
МТС-Банкым и вице-президент,
Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт.

Поделиться: