Урысейм и гимныр Iуащхьэмахуэ щоIуГъатхэпэм и 28-м щыщIэдзауэ 31-рэ пщIондэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ «Эльбрусский хорофон» II дунейпсо фестиваль-зэпеуэр. Ар къызэригъэпэщащ УФ-м и Лъэпкъ артийскэ комитетым, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм зегъэужьынымкIэ «Эоловэ арфэ» АНО-м, «Общественная академия творчеств» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм, Урысей музыкэ союзыр, щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ «Пётр Великий» Лъэпкъ фондыр, «Кавказ.РФ» АО-р и дэIэпыкъуэгъуу. Фестивалыр къызэрагъэпэщащ лъэпкъ хорхэм я хабзэхэр къагъэщIэрэщIэжын, иджырей уэрэд жыIэкIэм зрагъэужьын папщIэ. «Эльбрусский хорофон» зэхыхьэр япэу нэгъабэ ирагъэкIуэкIащ. Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэм къэралым и хорхэм Урысейм и гимныр япэу абы щыгъуэм щагъэзэщIащ. Ар зэдэгъэзэщIэныр я дамыгъэщ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ щэнхабзэм зегъэужьынымрэ. Ар къызэрагъэпэщащ 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэрагъэувам хыхьэу.
Поделиться:
Читать также:
10.06.2026 - 14:43 →
ЦIыжьдадэ лIэужьыгъуэхэр
10.06.2026 - 13:38 →
Псы къабзэр нэхъапэщ
10.06.2026 - 12:30 →
Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ
10.06.2026 - 11:02 →
ЩIыфэ узыфэхэм зэрызащыпхъумэнур
09.06.2026 - 18:19 →
Километр 43-м щIигъу
| ||




