Алийрэ КIунэрэ зэхуашэс

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэ­лыжьыхьым и 1-м, Ауанымрэ гушыIэмрэ я махуэм, щекIуэкIащ УФ-м и цIыхубэ артистхэу ТIы­хъужь Алийрэ ДыщэкI КIунэрэ я цIэкIэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ Кавказ Ищхъэрэ фестивалыр. Ар ирагъэ­кIуэ­кIащ республикэм и артистхэу Мизиев Iэубэчыррэ Чыхумахуэ ФатIимэрэ. 

Пшыхьым щыщIидзэм экранымкIэ къатащ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа ТIыхъужь Алийрэ ДыщэкI КIунэрэ щыджэгуа спектаклхэм («ЩIыщIэ къэIэта», «ТIатIушэрэ СатIурэ») щыщ пычыгъуэхэр, артистхэм я сурэтхэр. 
Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм щыщ, ­гушыIэ жанрым и артист цIэрыIуэхэм Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ ди хьэ­щIэхэмрэ я пащхьэм щагъэлъэгъуащ я лэжьыгъэ нэхъыфIхэр. Утыкур чэзууэ ягъэ­бжьыфIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрхэм, ­КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым я артистхэм, КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Алим. Гъэ къэси хуэдэу, фестивалым я гуа­пэу зыкъыщагъэ­лъэгъуащ гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа хьэщIэхэми: Лермонтовым и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым (Шэшэн Республикэ), «Амран» щIалэгъуалэ театрым (Осетие Ищхъэрэ - Алание) я артистхэм, УФ-м и цIыхубэ артист Зыхьэ Заур (Адыгэ Рес­пуб­ликэ) . Пшыхьым щагъэлъэ­гъуащ гушыIэкIэ гъэнщIа спектаклхэр. Псом хуэмыдэу зэхуэсахэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и «Амран» щIалэгъуалэ театрым и артистхэм я гушыIэкIэр: Урысейм, Италием, Германием, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыцIэрыIуэ уэрэд­жыIа­кIуэхэм зэрызыпащIыжар.
- ЩIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ­-хэр фестивалым дызэрызэхуишэсар гуа­пэщ! ФIыщIэ яхуэфащэщ ар къызэзыгъэ­пэщахэм. Дэтхэнэ зы унагъуэми гуфIэгъуэ, гуапагъэ, мамырыгъэ илъу, гузэвэгъуэр фи мащIэу Тхьэм фигъэпсэу. Къэбэрдей-Балъкъэрри щIыналъэм щыпсэухэри фIыуэ фы­золъагъу! - жиIащ Зыхьэ Заур. 
Пэж дыдэу, гъэщIэгъуэнт Адыгейм щы­т­раха, гушыIэ дахэ зыхэлъ нэтынхэу Заур къыздишар. Ахэр ятеухуат илъэс 20-м ­щIи­гъу­кIэ бын пэплъа, мэлыжьыхьым и 1-м зэуэ бынитху къызыхуэхъуа унагъуэм, а хъыбар гуфIэгъуэр псынщIэу щIыналъэм и телевиде­нэмкIэ къызэратам. НэгъуэщI Iуэхут транспорт налогым, коммунальнэ Iуэху­тхьэбзэхэм щIат уасэхэр зэрылъапIэм теухуар. 
- Илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, си щIалэгъуэм ирагъэжьа мы фестивалым зэрыс­щIэж­рэ сыхэтщ, саугъэтхэри къыщысхьауэ щытащ. ЦIыху щэджащэ, артист цIэрыIуэ Алийрэ КIунэрэ зэпымыууэ зэгъусэу сценэм щыджэгуащ. Ахэр зыхэмыта спектакль Адыгэ театрым игъэлъэгъуауэ сщIэжыркъым. Зэпымыууэ цIыхубэр ягъэгуфIэу, ягъэ­гушхуэу щытащ, - жиIащ КъБР-м щэн­хабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. - Ноби нэрылъагъущ ди театр утыкур зыгъэ­дахэу щыта цIыху гуапэхэр бэм зэращымыгъупщэр. Ауанымрэ гушыIэмрэ я махуэмкIэ псоми сынывохъуэхъу! Фестива­лым етIанэгъи пытщэнущ. 
Министрым фестивалыр зыгъэбжьыфIа артистхэм хуагъэфэща фIыщIэ, щIыхь тхылъ­хэр, саугъэтхэр яритыжащ. 
- Лъэпкъым и набдзэ, дызэрыгушхуэ артистышхуэхэу Алийрэ КIунэрэ сцIыхуу зэ­рыщытам, я джэгукIэр зэрыслъэгъуам сринасыпыфIэщ, - жиIащ КъБР-м и цIыхубэ ­артист Къуныжь Алим. 
Шэшэн Республикэм Лермонтовым и цIэр зезыхьэ и Урыс къэрал драмэ театрым и унафэщI Осмаевэ Заретэ къыхигъэщащ лъэпкъ гушыIэм ахэр зэрызэригъэцIыхур, IуэхуфI зэдащIэнымкIэ зэрыщхьэпэр, гузэ­вэгъуэ куэд дунейми гъащIэми къыщы­хъу­ми, гушыIэр цIыхубэм зэраIэпэгъур, фIым зэрыщыгугъыр.
Фестивалым и хьэщIэхэм жаIащ гъэ къэс зэхыхьэм я гуапэу зэрыхэтыр, дяпэкIи абы пащэну, ауанрэ гушыIэрэ фIыуэ зылъагъу цIыхубэр иджыри ягъэгуфIэну зэрамурадыр.
Фестивалыр, дапщэщи хуэдэу, нэгузыужьт икIи щIэ­щыгъуэт. Пшыхьыр ягъэдэхащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и уэрэджыIакIуэхэу Хьэкъул Оксанэ, Еуаз Азэмэт, Щокъуий ­Муратрэ Дау Iэминэрэ, цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу ­къалъыта «Шардан» ансамблым, нэгъуэщI­хэми. 
Мизиев Iэубэчыррэ Чыхумахуэ ФатIимэ­рэ иджыри зэ кIэщIу тепсэлъыхьыжащ Алийрэ КIунэрэ я гъащIэмрэ гуащIэмрэ. 
УФ-м и цIыхубэ артист, театрымрэ киномрэ я актёр ТIыхъужь Алий (1917 - 1995 гъгъ.) ­Москва Луначарскэм и цIэр зезыхьэ театр институтыр къыщиухыу къигъэзэжа нэужь, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щы­лэ­жьащ. Алий и гъащIэр хуэгъэпсауэ щытащ театр гъуазджэм гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ хуэлэжьэным. Ар щыджэгуащ «Шарф любимой, «Герой нашего времени», «Всадник с молнией в руке» фильмхэм. 
УФ-м и цIыхубэ артисткэ ДыщэкI КIунэ (1917 - 2003 гъгъ.) ди лъэпкъ театрыр зэфIэ­зыгъэувахэм, абы и зыужьыныгъэм хэлъ­хьэныгъэфI хуэзыщIахэм ящыщщ. ДыщэкI КIунэ къэзымыцIыху республикэм къи­гъуэтэгъуейт. 1931 гъэм илъэс 14 ныбжьым иту ар Псыхуабэ ягъэкIуащ библиотекэ лэ­жьыгъэм щыхурагъаджэ курсхэм. Еджа­кIуэхэм папщIэ абы къыщызэрагъэпэща драмкружокым жыджэру хэтащ КIунэ. Ды­щэкIыр щеджар Налшык къалэ дэт театр ­студиеращ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым илъэс 60-м щIигъукIэ щылэжьа бзылъхугъэм роль 250-м щIигъу игъэзэщIащ, «Ла­вина с гор», «Всадник с молнией в руке», ­нэгъуэщI кинофильмхэми щыджэгуащ. ­СССР-м и ­Театр щIэнгъуазэм иратхащ ДыщэкI КIунэ и цIэр. Театрым къыдэкIуэу, жылагъуэ лэ­жьыгъэхэри игъэзэщIащ Ды­щэкIым. Ар ­КъБАССР-м и Совет Нэхъыщ­хьэм и депутату тIэунейрэ хахащ.
ТIыхъужь Алийрэ ДыщэкI КIунэрэ я цIэхэр зезыхьэ театр фестивалыр Ауанымрэ гушы­Iэмрэ я махуэм ирихьэлIэу илъэс 30-м щIи­гъуауэ Налшык къыщызэрагъэпэщ. Республикэм, гъунэгъу щIыналъэхэм я театрхэм я артистхэр абы зэрыхэтыр и щыхьэтщ ди лъэпкъэгъу артист щэджащэхэм я цIэр ­драмэ ­гъуазджэм и тхыдэм къызэрыхэнам, абыхэм я лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, я утыку итыкIар цIыхубэм зэращымыгъупщэм. 

Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: