Набдзэгубдзаплъэу фыщыт!

КъБР-м щыIэ МВД-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ  щыгъуазэ фещI Урысей Фе­дерацэм и Банк нэхъыщхьэм и дамыгъэхэр зытет ахъшэ нэпцIхэр зэрызэрагъакIуэм.

Апхуэдэ ахъшэхэр къэгъэсэбэпыным ехьэлIа щIэпхъа­джагъэхэр нэхъыбэу щалэжь  сату щIапIэ нэхъ инхэм (бэзэр-хэм, жармыкIэхэм, гъэсыныпхъэ щрагъахъуэ станцхэм,  тыкуэ­нышхуэхэм,  нэгъуэщIхэми).   
Мы щытыкIэм къыхэкIыу республикэм щыпсэухэмрэ и хьэ­­-щIэ­хэмрэ къыхураджэ тхылъымпIэ ахъшэхэр къагъэсэбэпу ­щыщахуэкIэ е нэгъуэщI Iуэхухэр щызэфIахкIэ набдзэгуб­дзаплъэу щытыну.  
Апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зэралэжьар къафщIэмэ, КъБР-м щыIэ МВД-м и плъыр частым фыпсалъэ мы телефонхэмкIэ: 
8 (8662) 49-50-97, 40-49-10.
БАХЪСЭН  Ланэ.

Поделиться:

Читать также: