Махуэр ягъэлъапIэу

Балъкъэрхэм я къэ­щIэ­рэ­щIэжыныгъэм и махуэр ща­гъэ­лъапIэм ирихьэлIэу шах­матым­кIэ республикэ зэхьэ­зэхуэ «Каисса» клубым ще­кIуэкIащ.

Абы щызэпеуащ цIыху 52-рэ, Осетие Ищхъэрэ - Аланием ­къикIа хьэщIэхэри яхэту. 
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къы­ща­хьащ ТекIуий Эмир, Токъуий Вале­рэ, Абаевэ Тамилэ, Жылэ Руслан, Темрокъуэ Инал, Вэрыкъуэ Дамир сы­мэ. 
Т­емыркъан Давид, Рязанов Ни­колай, Лингур Темырлан, Ахъ­мэт Iэ­ми­нэ сымэ етIуанэ   хъуащ. 
Ещанэ увыпIэр яубыдащ Нартокъуэ Вячеслав, Джэдгъэф Чэмал, Урысмамбэт Раметэ, Лу ­Къантемыр сымэ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаны­кIахэр щIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмкIэ ягъэпажащ. 
МЫСОСТ  Наурыз.

Поделиться:

Читать также: