Дон Iус Ростов къраша лэжьыгъэхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щокIуэкI «Донской край» щIыналъэпсо гъэлъэгъуэныгъэр. Ар къы­зэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, республикэм и Лъэпкъ музейм, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм Дон Iус Ростов щиIэ къудамэм. 

Ар къыщызэIуахым зыкърагъэхьэлIащ респуб­ликэм и унафэщIхэм ящыщхэм, гъуазджэм дихьэххэм, щIалэгъуалэм.
- УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм Ростов областым щиIэ правленэм фIыщIэ хузощI мып­хуэдэ лэжьыгъэхэм деплъыну Iэмал къызэ­ры­дитам папщIэ.  Зи хабзэкIэ, бзэкIэ зэмыщхь лъэпкъ куэд Урысейм зэрыщыпсэум, ахэр зэ­ры­зэкъуэ­тым, я щIыналъэр фIыуэ зэралъагъум и щыхьэтщ мы гъэлъэгъуэныгъэр, - жиIащ КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жыла­гъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ поли­ти­кэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Iэмырбий. - КъызэрыгуэкI цIыхухэм гу зылъыдмытэ куэд ­ялъагъу художникхэм. Иджырей дунейм и щы­тыкIэр, зэхэлъыкIэр къэбгъэлъэгъуэн, къэкIуэнур зыхуэдэнур пщIэн папщIэ тхыдэм фIыуэ ущы­гъуэзэн хуейщ. Мы лэжьыгъэхэр зи Iэдакъэ къы­щIэ­кIахэм ар къайхъулIащ. УФ-м и Президент ­Путин Владимир 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъ- хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэригъэувам дигу ­къегъэкIыж лъэпкъхэр зэрызэкъуэшыр, я зэхуаку пщIэ зэрыдэлъыр, нэхъыжьхэм яхъумэу щыта ­лъапIэныгъэхэр. Ахэращ ди къарум и къигъэхъуапIэр. Нацизмэм пэщIэта икIи абы текIуа ди адэшхуэхэмрэ абыхэм я адэжхэмрэ ар Хэку ­зауэшхуэ зэманым къагъэлъэгъуащ. Ноби ди ­щIалэхэм Хэкум, къэралым и хуитыныгъэр яхъу­мэ.
КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI, тхыдэ щIэ­ныгъэхэмкIэ кандидат Накуэ Феликс хьэщIэхэм фIэхъус ярихри, жиIащ гъэлъэгъуэныгъэм зэ­­­фIэ­кI­рэ зи Iуэху еплъыкIэрэ зиIэ сурэтыщI куэдым я лэжьыгъэхэр зэрыхагъэхьар, ахэр жанркIэ зэ­рызэщхьэщыкIыр икIи дэтхэнэми я щIыналъэм хуаIэ лъагъуныгъэр къызэрагъэлъэгъуар зэры­лъапIэр.
Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ гъэлъэгъуэныгъэм республикэм и щэнхабзэм дежкIэ мыхьэ­нэш­хуэ зэриIэр, Ростов щIыналъэм и щIыуэпс ­къулейм, къэзакъхэм я псэукIэмрэ гъащIэмрэ абыкIэ зэрызыщыхагъэгъуэзар, дяпэкIи апхуэдэ ­дахагъэкIэ зэхъуэжэну зэрыщыгугъыр. 
УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, зи лэ­жьыгъэхэр выставкэм щагъэлъагъуэ Клименкэ Владимир къытеувыIащ и сабиигъуэм щIидзауэ илъэс 50-м щIигъуауэ сурэт зэрищIымрэ мы зэ­хыхьэр къызэрыщыхъуамрэ. 
- Иджыри курыт еджапIэм дыщыщIэсым ди егъэ­­джакIуэм къалэн къытщищIат щхьэж зыхуей сурэтыр ищIыну. Псоми танкхэмрэ унэхэмрэ ящIырт. Си сурэтым къищырт пщыхьэщхьэм и теплъэр: мазэ ­ныкъуэр, псыежэхыр, абы къищ­хэр… ЕгъэджакIуэм си лэжьыгъэр классым щIэсхэм яригъэлъэгъуащ: «Феплъыт, Клименкэ Вовэ и сурэтым!»  А щытхъум лъандэрэ сыдихьэхауэ сурэт сощI. Дон къисша лэжьыгъитI хагъэхьащ Налшык щыдгъэлъа­гъуэхэм. Ахэр теу­хуащ сыщалъхуа, фIыуэ слъагъу щIыналъэм и теп­лъэмрэ щIыуэпсымрэ. Аращ си гур хэзы­гъахъуэр, - жиIащ Клименкэ Владимир. - Къэбэрдей-Балъкъэрым и дахагъэмрэ и къабзагъымрэ узытхьэкъущ. Абы щыпсэу цIыхухэр ­гуапэщ, жэ­уаплыныгъэ зыхэлъщ. Сурэт щIыным дихьэх ныбжьыщIэхэм захуэзгъэзэнут, зрихьэлIэ лъэпо­щхьэпохэми емылъытауэ, я псэр зыхуеIэ Iуэхур Iэпэдэгъэлэл ямыщIыну, зэпамыгъэуну. Ди псэм щыщ Iыхьэ, ди щIыпIэм и нэхумрэ хуабэмрэ зыхэлъ ди лэжьыгъэхэр къэтшащ. Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыпсэухэр ди сурэтхэм гуапэу къы­зэрыIущIамрэ ахэр ягу зэрыдыхьамрэ и ­щы­хьэтщ ди зэкIэлъыкIуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм.
Гъэлъэгъуэныгъэр мэлыжьыхьым и 19 пщIондэ щыIэнущи, ар къызэзыгъэпэщахэм дахагъэр фIыуэ зылъагъухэр фрагъэблагъэ.

ТЕКIУЖЬ  Заретэ. 

Поделиться: