Спорт хъыбархэр

 

Башкирием щохьэщIэ

Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Башкирием и къалащхьэ Уфа иджыблагъэ щекIуэкIащ. Апхуэдэуи, Урысейм и ЛIыхъужь Серафимов Максим и фэеплъу щытащ ар. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 65-м я бэнакIуэу 600-м нэблагъэ, езыхэр гуп 15-у гуэшауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медаль зэхуэмыдэу 7 абы къыщахьащ.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ Дыкъынэ Русланрэ (кг 44-рэ) Бахъуэ Азрэтрэ (кг 62-рэ). Дыжьын медалхэр къахьащ Ажэгъуей Амиррэ (кг 48-рэ) Балаев Алийрэ (кг 62-рэ). Ещанэ увыпIэхэр яубыдащ Хьэбылэ Идар (кг 35-рэ), БищIо Имран (кг 41-рэ), Хъущт Сэлим (кг 68-рэ) сымэ.

Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Табыхъу Тимур, Жыкъуэ Залымхъан, Къарэ Хьид, Чыл Аслъэн, Башиев Мэхьмуд, Шаваев Хьэмит, Хьэкъул Мурат, Индрей Жантемыр, КIэмыргуей Ибрэхьим, Къардэн Анзор сымэ.

Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр европей зэпеуэм хэтынущ.

 

Самарэ къокIыж

Урысей Федерацэм универсальнэ зэзауэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Самарэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 38-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 500-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 16-20 хъухэу.

  Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм цIыху 20 щыIащ икIи медаль зэхуэмыдэу 14 абы къыщахьащ, гупхэм я зэпеуэми етIуанэ щыхъуащ.

 Универсальнэ зэзауэ-лайтымкIэ илъэс 16-17 зи ныбжьхэм я деж я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ ШэрIужь Уэлийрэ (кг 70) Мэлыхъуэ Аланрэ (кг 75-рэ). Илъэс 18-20 зи ныбжьхэм я деж дыщэ медаль къыщихьащ Къуэдзокъуэ Марат (кг 60).  Мыбдежым Шыгъушх Замир (кг 95-рэ) етIуанэ, Нэгъуей Албэч (кг 90) ещанэ хъуахэщ.

Универсальнэ зэзауэмкIэ илъэс 16-17 зи ныбжьхэм я деж Мэлыхъуэ Алан япэ, ШэрIужь Уэлий етIуанэ, Ажий Iэмин (кг 65-рэ) ещанэ увыпIэхэр къыщахьащ.

 Илъэс 18-20 зи ныбжьхэм я зэпеуэм Лу Арсен (кг 70), Мэкъуауэ Албэч (кг 75-рэ), Шыгъушх Замир сымэ щытекIуащ. Дыжьын медаль къихьащ Гъубжокъуэ Идар (кг 70). Нэгъуей Албэчрэ КIэбышэ Къантемыррэ (кг 95-рэ) ещанэ увыпIэхэр яубыдащ.

  Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ дуней псом пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм и щэкIуэгъуэм Кемеровэ къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм.

Ди командэм ядэлажьэр Бейтыгъуэн Руслан, Щомахуэ Казбек, ШэрIужь Тимур, Тхьэщыгъуей Анзор, Дзэгъэл Аслъэнбий, Къардэн Елдар сымэщ.

 

Грознэ зыхуагъэхьэзыр

Кавказ Ищхъэрэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ. Балъкъэр лъэпкъым и къэралыгъуэр щызэфIагъэувэжа махуэм теухуауэ щытащ ар. Зэхьэзэхуэм хэтащ КИФЩI-м и бэнакIуэ лъэщу 261-рэ, я ныбжькIэ илъэс 24-м щIимыгъуауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм щыщу зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIа Хасауов Смаил (кг 79-рэ), Iэщын Амырхъан (кг 65-рэ), Шэрий Амырхъан (кг 65-рэ), Бакъей Жэмал (кг 57-рэ) сымэ Iэмал ягъуэтащ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм Грознэ къалэм щызэхашэну зэпеуэм я зэфIэкIхэр.  ЩIалэхэм я тренерхэр Мисиров Елдар, Ахмедов СулътIан, ЗэкIуий Арсен, Муратов Елдар, Бэрэгъун Руслан, ПщыукI Артур, Абрэдж Арсен сымэщ.

ШЫЛЭ Долэт.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: