ПэхуэщIэхэрШкол зэпэщ «Егъэджэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэн» къэрал программэм ипкъ иткIэ Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм и курыт еджапIэ №2-р къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжын щIадзащ. ЕджакIуэ 560-м хуэщIа школыр яухуат 1980 гъэхэм икIи абы лъандэрэ зэIузэпэщ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIакъым. Иджыпсту лэжьакIуэхэм еджапIэр къаунэщI. ИужькIэ, бжэ-щхьэгъубжэхэр, лъэгухэр, инженер коммуникацэхэр щызэрахъуэкIынущ, пэш кIуэцIхэр, унэ щIыбыр къращIыкIынущ. Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу, унэлъащIэ, иджырей обрудованэхэр, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, мафIэс къэмыгъэхъуным хуэщIа Iэмэпсымэхэр щIагъэувэнущ. ШколыщIэ зэпэщым и бжэр къызэIуихыжынущ мы гъэм и фокIадэм.
Уэрамыр зыхуей хуагъазэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Аруан къуажэм гъуэгу лэжьыгъэхэр щызэхаублэ. Мыбдежым, КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм районым ирита субсидиемкIэ, зыхуей щыхуагъэзэнущ Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамыр, Калининым и цIэр зызыхьэм деж къыщыщIэдзауэ Къардэнхэ я уэрамым деж нэсыху. Псори зэхэту абы зы километр хуэдиз и кIыхьагъщ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм асфальт зытралъхьэну гъуэгум и лъабжьэр ягъэбыдэ, мывэкIэщхъ тракIутэ. Ар зэрызэфIэкIыу, асфальрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм и фокIадэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.
Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу автомобиль гъуэгум хуэзэу Малкэ – Кура кIэнауэм телъ лъэмыжыр мы махуэхэм зыхуей хуагъазэ. Абы метр 20 и кIыхьагъщ икIи машинэу щызэблэкIым и куэдагъым илъэс къэс къыхэхъуэ зэпытщ. Иджыпсту, лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыхукIэ, пIалъэкIэ иризекIуэну лъэмыж тралъхьащ. Жьы хъуа езы лъэмыжым шынагъуэ къызыбгъэдэкI пкъыгъуэхэр зэрахъуэкI, зэпыщIапIэхэр ягъэбыдэ, асфальтыщIэ зэрытралъхьэнум гъуэгу щхьэфэр хуагъэхьэзыр, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэув. НАУРЫЗ Билал.
Поделиться:
Читать также:
10.06.2026 - 14:43 →
ЦIыжьдадэ лIэужьыгъуэхэр
10.06.2026 - 13:38 →
Псы къабзэр нэхъапэщ
10.06.2026 - 12:30 →
Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ
10.06.2026 - 11:02 →
ЩIыфэ узыфэхэм зэрызащыпхъумэнур
09.06.2026 - 18:19 →
Километр 43-м щIигъу
| ||




