Лъэпкъ цIыхур, хэкупсэр – ар зи лъахэм папщIэ IуэхугъуэфI куэд зэфIэзых, къалэнышхуэхэр зи пащхьэ изыгъэувэжурэ ахэр екIуу зэфIэзыгъэкI, зи анэдэлъхубзэр зыгъафIэ, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр хъумэным, егъэфIэкIуэным хущIэкъу, и лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэр дуней псом къригъэцIыхуным и къару емыблэжу хуэлажьэрщ. Апхуэдэущ сэ зэрысцIыхур ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
1999 гъэм къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр щекIуэкIырт, дэнэкIи щызэрыхьзэрийт, зылъэкIхэм IуэхущIапIэхэр щызэрапхъуэ зэмант. ЩIэблэр щхьэуназэ мыхъун щхьэкIэ, абыхэм я акъылым лъэпкъ лъапIэныгъэхэр щахъумэн папщIэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ щIадзэ «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэр. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ псоми щрагъэкIуэкIырт. Мыбы къыхашэрт гъэсапIэхэмрэ еджапIэхэмрэ, сабийхэр, ныбжьыщIэхэр, егъэджакIуэхэр, адэ-анэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, нэхъыжьыфIхэр, нанэ Iумахуэхэр, дадэ жьакIэхухэр, къэрал унафэщIхэр.
Адыгэхэм ятеухуа щIэныгъэхэм щIэблэр дихьэхын папщIэ, бзэр, лъэпкъ тхыдэр, щэнхабзэр, гъуазджэр зэхэухуэнауэ зэрегъэджыпхъэ Iэмалхэр япэу утыку къизыхьар зи гугъу сщIы Iуэху дахэрщ – «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэрщ.
Зэпеуэм егъэджакIуэхэм Iэмал яритащ я IэщIагъэм и щэхухэмкIэ зэхъуэжэну, къуажэ, къалэ, щIыналъэ унафэщIхэми яригъэлъэгъуащ абыхэм я гулъытэм лъэпкъ Iуэхур кIуэтэнуми, къызэтеувыIэнуми зэрелъытар. Апхуэдэу «Адыгэ псалъэ» газетымрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ ялъэкIащ цIыхухэр лэжьыгъэ щхьэпэм драгъэхьэхын. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, абыкIэ фIыщIэр псом япэ зейр ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ.
Сэ КъБР-м ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министерствэм сыщылажьэрти, зэпеуэр илъэс 11-кIэ Мухьэмэдрэ сэрэ зэдедгъэкIуэкIащ. А зэманым къриубыдэу ар къыддаIыгъащ IуэхущIапIэ куэдым. ХьэфIыцIэр ноби яужь итщ IуэхугъуэфI кърихьэжьам зэрыпищэным. Уеблэмэ, ар КъБР-м ирихри, Къэрэшей-Шэрджэсым яхихьауэ, абыхэми илъэс къэс адыгэ еджапIэхэр зэхагъэплъэж.
Дэтхэнэ сабийми егъэджакIуэми гулъытэ яхуищIыну фIэфIщ Мухьэмэд, абыхэм я ехъулIэныгъэхэр газетым тридзэрт, я щхьэр лъагэу яригъэлъагъужырт, Iуэху щхьэпэхэм тригъэгушхуэрт. Аращ адыгэбзэ езыгъэджхэм я зэпеуэм щытекIуахэм ящыщ зыкъомым урысейпсо зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэ къыщIыщагъэлъагъуэр. Ахэри зэи гулъытэншэу къагъанэркъым «Адыгэ псалъэми», Къэбэрдей Адыгэ Хасэми, Дунейпсо Адыгэ Хасэми.
Мухьэмэд гумызагъэщ. Абы щыхьэт техъуэ зы Iуэхугъуэ ноби сигу къокIыж.
Урысей зэпеуэм дыхэтыну дежьэн хуейуэ щэкIуэгъуэ мазэр ди пIалъэт. ЕгъэджакIуэри, абы и гъусэу Мэзкуу кIуэн хуей сэри, ди IуэхущIапIэм и пресс-IэнатIэм щылажьэ пщащэри дызэрежьэн ахъшэр а пIалъэм ирихьэлIэу министерствэм къыдитыфыртэкъым. Зэпеуэм хэтыну Нэхущ Залинэ и адэ Адэлбий и ахъшэкIэ дригъэжьэну мурад зэрищIар ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыщищIэм, езым и улахуэр къыдитри, гъуэгу дытригъэувауэ щытащ. ИужькIэ, гъуэгупщIэр Мухьэмэд щыхуэтхьыжым, ди жып къитхауэ еттыж фIэкIа умыщIэну, зэрыукIытауэ щытари си нэгу щIэтщ.
Сэ министерствэм сыщыIэжкъым, ауэ нобэр къыздэсым ХьэфIыцIэм сыт хуэдэ Iуэхури къыздиIыгъщ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм ущIыхьамэ, и япэ упщIэхэм уи гукъыдэжыр къаIэт: «СыткIэ сэбэп сыхъуну? Сыт щIэн хуейр?»
ЦIыхухъур жьыщхьэ махуэ ныбжьым щытеувэ гъуэгуанэу адыгэхэм ябж илъэс бжыгъэм нэса къудейуэ аращ Мухьэмэд. Си гуапэщ щIэгушхуэ и пхъурылъхухэм я насып илъагъуну! «Дадэ» псалъэм егъэгумащIэри, «дадэшхуэ» жаIэу и хъуреягъыр зыуфэбгъуэн щIэблэ узыншэ Тхьэм къыщIигъахъуэ.
«Зи пашэр хъупхъэм и Iуэху йофIакIуэ» – жиIэгъащ ПащIэ Бэчмырзэ. Сыт хуэдэ адыгэ IуэхуфIми урипашэщи, Тхьэм уригъэфIакIуэ, Мухьэмэд.
БАЛЭ Людмилэ.
Лъагъуэхэш
Си ныбжьэгъу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд илъэс 80 щрикъум хуэзэу зы тхыгъэ згъэхьэзырыну иужь сихьащи, «Ущымытхъущэ – бубыжыфынкъым, умыубыщэ – ущытхъужыфынкъым» жыхуиIэ псалъэжьыр си гъуазэу стхыну иужь ситынщ.
Мухьэмэд и илъэс бжыгъэ дахэм къыдэкIуэу, абырэ сэрэ ди зэныбжьэгъугъэри илъэс 55-рэ ирокъу. 1971 гъэм и мэлыжьыхь мазэм «Хэку» зэгухьэныгъэм и фIыгъэкIэ ар Тыркум нэкIуат. Истамбыл дыщызэрыцIыхури, ныбжьэгъу игъащIэкIэ дызэхуэхъуащ. Дыщыпсэу къэралхэр зэрызэпэIэщIэм къыхэкIыу, куэд зэдэдгъэхъауэ схужыIэнукъым. Ауэ абы лъандэрэ ди зэныбжьэгъугъэр зэи зэпычакъым, дыщыхуейм деж дызэрыщIащ, дызэлъэIэсащ, дызэрыгъуэтащ.
ХьэфIыцIэр Тыркум япэу ныщыкIуам щыгъуэ къэралитIым я зэхущытыкIэр Iей дыдэт. «ГъущI IупхъуэкIэ» дызэпычауэ ябжу щыщыта зэманым коммунист къэралхэм щыщ ухуагъазэртэкъым. Уеблэмэ, коммунизм уз зэрыцIалэмкIэ дыкъацIэлэным дыщихъумэну хэтт Тыркур. Армырами дыадыгэу дыкъадэртэкъым, ди бзэкIэ дытхэну-деджэну дыхуейуэ жытIэмэ, къэралыр ткъутэну, зэхэдгъэщэщэну иужь дихьауэ къащыхъурт. Апхуэдэу щыт пэтми, дэ, зыдгъэделэурэ, дызэрыадыгэр, тыркубзэм къищынэмыщIауэ анэдэлъхубзэ, Хэку дызэриIэр, ди бзэмкIэ дытхэну, деджэну хуитыныгъэ диIэн зэрыхуейр, дуней псор абы зэрыхуэкIуэр, адэжь щIыналъэм дыIэпхъуэжыну дызэрихъуэпсапIэр яфIыжытIэрт...
А лъэхъэнэм Совет Союзым къикI туристхэм декIуалIэу ядэртэкъым. Ауэ щэхуурэ захуэдгъазэрти, адыгэ яхэтмэ, жылэм яхэтшэну, Хэкум иджыри ди лъэпкъэгъу зэрисыр, абыхэм адыгэбзэ зэращIэр, адыгагъэ зэрахэлъыр IупщIу ядгъэлъагъуну дыхущIэкъурт. Апхуэдэу япэ дыдэ (1969 гъэм) нытхыхьар Борей Рауфт, ауэ ар цIыхубэм яхуэдгъэзэну тхузэфIэкIакъым, кхъухь тедзапIэми фIагъэкIакъым. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КхъуэIуфэ Хьэчим, Щомахуэ СулътIан сымэ турист гупым къахэтшыну, адыгэ унагъуэ щIэтшэну, хасэм едгъэлъагъуну къыдэхъулIат. Гусэр Уасфи, Абазэ Ибрэхьим я унагъуэхэм, Думэныщ Хъейри и лэжьапIэм дыщыхьэщIэну дыхунэсат абы щыгъуэм.
Мухьэмэд абы лъандэрэ сэ зэрысцIыхум и гугъу пщIымэ, жысIэнур мыращ: псом япэрауэ, цIыху Iущщ, гурыубыдэшхуэ иIэщ, зэ зэхихар щыгъупщэркъым. И гурыубыдэм щихъумэф гушыIэ хъыбархэм я куэдагъым фIэкI хэмытми урикъунщ. ИтIанэ ар лэжьакIуэшхуэщ, цIыху жанщ. Абы зы жэщ-зы махуэм иригъэзэгъэф Iуэхур жэщитI-махуитIкIи зыхузэфIэмыкIын еджагъэшхуэ куэд щыIэщ.
МыдэкIэ дыкъэIэбэнщи, ХьэфIыцIэр зэрылъэпкъыпсэр шэч къызытумыхьэн Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Абы и щыхьэтщ и сабиигъуэм и адэ Мусэбий зыщIигъэтIысхьа урыс классым къыщIэкIыжу адыгэ классым зэрыкIуэжар.
Мухьэмэд апхуэдизкIэ лъэпкъыпсэщи, дунейм фIыгъуэу тетыр адыгэхэм яхуигъэщхьэпэну хущIокъу. Уеблэмэ, цIэрыIуэ гуэрым и анэшхуэм и анэшхуэр шэрджэс пхъурылъхуу щытауэ и тхьэкIумэм псалъэмакъ гуэр къицырхъамэ, ар адыгэ дыдэу къыщIрегъэдзыф. Хамэ къэрал кIуэну Iэмал иIэмэ, здиунэтIынур адыгэ щыпсэу къэралхэрщ. Ахэр мызэ-мытIэу къызэхикIухьащ абы. ХьэфIыцIэр япэ лъагъуэхэшхэм, хэхэсхэм нэхъыбэрэ ятетхыхьахэм, абыхэм ящыщу нэхъыбэ дыдэ зыцIыхухэм, пыщIэныгъэ яхузиIэхэм, адэжь щIыналъэмрэ хэхэс адыгэхэмрэ я кум лъэмыж щытезылъхьахэм, а лъэмыжыр ноби щIэзыгъэбыдэхэм ящыщщ. Дэтхэнэ къэралми щыпсэу ди лъэпкъэгъу гуэрым ухуеин щыхъукIэ, занщIэу ар къэзыгъуэтыфынур Мухьэмэдщ. Дуней псом щикъухьа адыгэхэм я цIэр, телефонхэр зэрыт и дэтхалъэр къапщтэмэ, «дзыгъуэм и шыр хигъэкIуадэмэ, къыщигъуэтыжыфынкъым» жыхуаIэм хуэдэщ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд адыгэбзэр игъэкъэбзэн, абы зригъэужьын папщIэ имыщIэ къигъанэркъым. Абы и щыхьэтыфI дыдэхэм ящыщщ «Си бзэ – си псэ, си дуней» жыхуиIэ хъугъуэфIыгъуэ телъыджэу Мухьэмэд илъэс 25 ипэкIэ къригъэжьауэ иджыри Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щрагъэкIуэкI зэпеуэр. «Адыгэ псалъэ» газетым зэрызригъэужьар-щэ?!
Хэт сыт хуэдэ IуэхукIэ ХьэфIыцIэм зыхуигъазэми, абы зэи зыри игъэщIэхъунукъым. Гуныкъуэгъуэ зиIэм зыщIигъэкъуэнущ, гугъуехь къызылъыкъуэкIами, ар щхьэщихын папщIэ лъэкI къигъэнэнукъым.
Хэкуми, лъэпкъми, къэралми и гур яхузэIухащ Мухьэмэд. Сыт хуэдэ къалэн и пщэм къралъхьами, сыт хуэдэ Iуэху, IэнатIэ къратами, ар нэхъыфI дыдэу зэригъэзэщIэным хущIэкъуу къогъуэгурыкIуэ икIи ар фIы дыдэу къохъулIэ. Абы къыгуроIуэ уи лъэпкъым зыгуэр хуэпщIэнуми, къэралым къыбдимыIыгъауэ ар къызэрыбдэмыхъунур, уи лъэр щIым тету уземыкIуэфмэ, узэрымылъэтэфыххэнур... Аращи, Iэмал зэриIэкIэ, лъэпкъ Iуэхумрэ къэрал Iуэхумрэ зэдегъакIуэ.
«Куэд зыщIэр куэдрэ щоуэ» зэрыжаIэм ещхьу, куэд зыщIэми куэд хужаIэ. ХьэфIыцIэм а хузэфIэкIа къомым иужь имыту и адэжь и пщIантIэм, Зеикъуэ, дэсыжауэ щытамэ, зыми зыри хужиIэнутэкъым. Ауэ уи гурылъ уи гъуазэу, уи лъэпкъым хуэпщIэмэ нэхъыфIу къэплъытэхэр бгъэзэщIэну иужь ущихьэкIэ, ар зи гуапэ хъухэм хуэдэу зыфIэмыфIи къахокI. Абы уи жэрэгъуи, уи жагъуэгъуи нэхъыбэ ещI. Ар Мухьэмэд куэд щIауэ фIы дыдэу къыгурыIуащи, псалъэмакъ купщIэншэхэр зыфIигъэIуэхуркъым, ауэ чэнджэщри хозагъэри, яубу щытмэ, абыи зыхуигъэнэфыркъым икIи зыхуигъэдэгуркъым.
Дауэ щымытми, сыт хуэдэ IэнатIэ пIыгъми, лъагапIэ утетми, мылъку пкъуэлъми, уи лъэпкъым хуэпщIэфынум и нэхъыфIыр зэфIэбгъэкIмэ, лъэпкъым и гум уригъэхунукъым, и псэм хэлъу уигъэпсэунущ.
Сыхуейщ Мухьэмэд псэукIэ дахэ иIэу, и зэфIэкIым хэхъуэ зэпыту иджыри илъэс куэдкIэ ди япэ итыну.
ХЪУАЖЬ Фахъри.