Иджырей гугъуехьхэр зэфIахАдыгэ лъэпкъым и сэбэп зыхэлъ Iуэхухэр игъэкIуатэу, къылъыкъуэкI лъэпощхьэпохэр игъэзэкIуэжу, бзэм, хабзэм, тхыдэм и нэIэ тету мэлажьэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр. Абы и ГъэзэщIакIуэ гупыр илъэсым зыбжанэрэ зэхохьэ къапэщылъ Iуэхугъуэхэр яубзыхуу, абы и зэфIэхыкIэр ягъэбелджылын, ящIахэр къапщытэжын папщIэ. Апхуэдэ зи чэзу зэIущIэм къыщапщытэжащ 2026 гъэм и блэкIа мазищым зиужь итахэр. ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ ДАХ-р республикэм, къэралым щекIуэкI жылагъуэ-политикэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтым, ди лъэпкъыр зэрефIэкIуэн, ди хэкум зэрызиужьын зы къалэни Iэпэдэгъэлэл зэримыщIым. ДАХ-р зиужь ит Iуэхухэм я гугъу щищIым Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэрыщIидзар 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу ди къэралым зэрыщагъэуварщ, ар ДАХ-м и Хасэ къудамэ псоми я лэжьыгъэм къыхалъытэн, абы теухуа Iуэхухэр ягъэбелджылыуэ мы гъэр икIыху зэфIахын зэрыхуейрщ. - УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ IуэхухэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэхэми дыщытепсэлъыхьащ мы унафэр къыщащтэнум. Мыр ауэ сытми къыхалъхьа гуэркъым, атIэ егупсысауэ, зэпэшэчауэ, ди къэралым лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 200-м щIигъу зэрисыр къэлъытауэ, Украинэм щекIуэкI Iуэхум лъабжьэ хуэхъуа лъэпкъ зэпэщIэувэныгъэм кърикIуам теухуауэ къащта унафэщ. Абы и купщIэр зыщIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи дыдоIыгъ ди къэралым и Президентым къищта унафэр икIи щIыналъэ псоми ар щагъэзащIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек а Iуэхур екIурэ-ещхьу ди лъахэм щекIуэкIа хъун папщIэ КъызэгъэпэщакIуэ комитет зэхишащ, сэри абы сыхэтщ икIи зэIущIэм сыкъыщыпсэлъащ. Хасэм и Iуэхур дигъэкIыным и гъусэу, сытым дежи зэлэжь Iуэхугъуэхэм ящыщщ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр, зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымкIэ сэбэп хъуныр. Сыхуейщ дэтхэнэ зы Хасэ къудамэми мы гъэм а Iуэхум гулъытэ лей хуэфщIу, фи республикэхэм, крайхэм щекIуэкI Iуэхухэм жыджэру фыхэтыну, фхузэфIэкI хэфлъхьэну. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, илъэсым и пэщIэдзэм щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэIуахащ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и илъэсыр. УФ-м и Президент Путин Владимир и гупсысэхэр, еплъыкIэхэр, IуэхущIафэхэр дэзыIыгъ щIалэгъуалэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта зэхуэсхэм дэри дыщыIащ, дыкъыщыпсэлъащ. ЩIалэгъуалэм я унэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Музыкэ театрым ди республикэм ис лъэпкъхэр зылI и быну зэкъуэту, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрыщыпсэур къыхэщу гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ, - жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Апхуэдэу тхьэмадэр къытеувыIащ КъБР-м и Лъэпкъ библиотекэр къызэрызэIуахрэ илъэси I05-рэ зэрырикъум теухуауэ екIуэкIахэм зэрыхэтам, библиотекэм и унафэщI, МИД-м и ветеран Емуз Анатолэ Дипломатием и махуэм ирихьэлIэу зэрагъэлъэпIам, Адыгэ Республикэм и Адыгэ Хасэм и XXII съездым зэрыхэтам, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм зэрыдэлажьэм, дзэ Iуэху хэхам щыIэ, хэкIуэда щIалэхэм я унагъуэхэм зэрадэIэпыкъум, нэгъуэщIхэми. Гулъытэ хэха зыхуищIахэм ящыщщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу мы гъэм еянэу иригъэкIуэкIа адыгэ Iуэрытхым цIыхубэр жыджэру зэрыхэтар. «Гъэ къэси хуэдэу, диктантыр жыджэру щатхащ Мейкъуапэ, Черкесск, Ставрополь, Мэздэгу, Москва, Санкт-Петербург, нэгъуэщI къалэхэми, апхуэдэуи хамэ къэрал щыIэ Хасэхэми зи лъэпкъыбзэм гууз-лыуз хузиIэхэр щызэхуэсащ. Дэ, хабзэ зэрытхуэхъуауэ, дгъэлъэпIэнущ диктантыр къызэгъэпэщынымкIэ сэбэп къытхуэхъуахэмрэ ар фIыуэ зытхахэмрэ», - жиIащ Сэхъурокъуэм. Хьэутий къилъытащ дяпэкIэ мы Iуэхум щIэщыгъуагъ гуэр хэлъхьэн зэрыхуейр, цIыхухэм яIэщIэмыужагъуэу, нэхъ къыдихьэхыу зэрегъэкIуэкIыпхъэр. ДАХ-м хэтхэми, цIыхубэми, унафэщIхэми я нэIэ щIэтщ дзэ Iуэху хэхамрэ абы щыIэ ди щIалэхэмрэ. Абы щытепсэлъыхьым, Хьэутий жиIащ а Iуэхум ДАХ-м и къудамэу дэнэ щIыпIэ щылажьэри иужь зэритыр. ИкIи Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэхум и щхьэусыгъуэмрэ абы ди къэралым, цIыхубэм я дежкIэ и мыхьэнэмрэ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр щагъэгъуэзэну Хасэ тхьэмадэхэр къыхуриджащ. ДАХ-р а Iуэхум зэрыхэлIыфIыхьыр тхьэмадэм жиIа нэужь, псалъэ яритащ Къэбэрдей, Шэрджэс, Адыгей, Ставрополь Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэм. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ нобэ къэралым и щIыхьыр зыхъумэ дзэлI мин бжыгъэхэм адыгэхэри лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу зэрахэтыр, адыгэ щIалэу щым «Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къызэрыфIащар, иджыри зы щIалэм ар хуэфащэу къалъытэу и дэфтэрхэр зэрагъэхьэзырар игъэбелджылащ Мухьэмэд. ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан (АР), Аслъэн Алий (КъШР) сымэ тепсэлъыхьащ дзэ Iуэху хэхар къызэрежьэрэ я республикэхэм икIа щIалэхэм зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зэрызыщIагъакъуэм, нэхъапэм щыгъын, шхын хуэдэхэр хурагъашэу щытамэ, иджы абыхэмкIэ щыщIэныгъэ зэрамыIэжыр, иджыптсу техникэ, зауэ Iэмэпсымэ гуэрхэр къэщэхуным я Iуэхур нэхъ зэрытеухуар. «Хэкум и хъугъуэфIыгъуэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Дзэмыхь Къасболэт жиIащ Хэку зауэшхуэм и зэманым апхуэдэ дыдэу фронтым Iутхэм цIыхубэм зыщIагъакъуэу зэрыщытар. Иджыри ди къэралым и хуитыныгъэр, шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщхэм ядэIэпыкъун зэрыхуейр къыхигъэщащ абы икIи жиIащ КъБР-м и депутатхэм дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм я унагъуэхэм я нэIэ зэрытетыр, абыхэм зэрадэIэпыкъур, парламентархэм илъэсым къриубыдэу зыбжанэрэ ахъшэ зэхуахьэсурэ зауэм къыщагъэсэбэп Iэмэпсымэ гуэрхэр зэрыхурагъашэр. Европэм щыIэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Затий зи гугъу ищIар Германием щыIэну адыгэ зэхуэсышхуэмрэ абы къыщаIэтыну упщIэхэмрэщ. Мэлыжьыхьым и пэщIэдзэм махуиплIкIэ екIуэкIыну зэхыхьэм лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм, зэгурыIуэныгъэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдым щытепсэлъыхьынущ. ДАХ-м и нэIэ щIэту хамэ къэралхэм щыIэ Хасэхэм ирагъэкIуэкI Iуэхухэм тепсэлъыхьащ Лъэпщыкъуэ Онеррэ Умар Бекиррэ. Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси I62-рэ щрикъум ирихьэлIэу екIуэкIыну Iуэхугъуэхэм къытеувыIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Къызэхуэсахэм жаIащ мы Iуэхум егъэлеиныгъэ, псалъэмакъ хэлъ зэрымыхъунур, властымрэ жылагъуэмрэ зэгурыIуэу ящI унафэм щIалэгъуалэр тетын зэрыхуейр. Хэкуми хамэ къэралхэми бзэр хъума щыхъунымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIегъэкI ДАХ-м и комитетым. Щоджэн Iэминатрэ Табыщ Муратрэ онлайн-еджэныгъэхэм, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм зэрадэлажьэ программэхэм, абыхэм ящыщу Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щеджэнухэм я Iуэхур къызэгъэпэща зэрыхъум убгъуауэ тепсэлъыхьащ. Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр зыгъэбыдэ зы Iуэхугъуэщ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм ирихьэлIэу хамэщI щыпсэу адыгэ сабийхэр хэкум къызэрашэр. Мы гъэми а Iуэхур зэрагъэзэщIэну дэфтэрхэр зэрыхьэзырыр, хамэ къэралхэм къикIынухэм я тхылъхэм зэрыхэплъэр къызэхуэсахэм я пащхьэ кърихьащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлI Дзасэжь Анзор. ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупыр щызэхуэса махуэм ягъэлъэпIащ Дунейпсо адыгэ Iуэрытхыр къызэгъэпэщыным, егъэкIуэкIыным хэтахэмрэ ар «фIы дыдэу» зытха щIалэгъуалэмрэ. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм я ЩIыхь тхылъхэр, удз гъэгъахэр иратащ абыхэм. Къэбарт Мирэ.
Поделиться:
Читать также:
15.06.2026 - 17:06 →
Лэжьыгъэр зрегъэлъагъу
15.06.2026 - 16:11 →
ЦIыкIухэм папщIэ
15.06.2026 - 16:00 →
Дунейм фызыфI нэхъ мылъкушхуэ щыIэкъым
15.06.2026 - 15:22 →
Зым и щапхъэр адрейм и бзыпхъэу
15.06.2026 - 13:58 →
ЕхъулIэныгъэхэр яIэу
| ||




