Щхьэгуащэрэ КIыщейрэ домбей тIысыпIэтАдыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ хэлъэдэж МэлкIапэ псы бгъунжым и къуэ зэвым «домбейхэм я тэхъуанэ» цIэри теIукIат, «домбейхэм я пщыгъуэкIи» еджэрт, псэущхьэ гъэщIэгъуэныщэу зи гугъу тщIыхэр а псыхъуэм куэдыкIейуэ зэрыдэсыгъам къыхэкIыу. Зоологхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, абдежымрэ абы къедза и Iэхэлъахэмрэ «Кавказ мэзкъуэды» зыфIащу къыщагъэунэхуа мэзгъэфIэнышхуэм и закъуэ, адыгэхэр а щIыпIэм щиса лъэхъэнэр къэтщтэнщи, домбейуэ минитIым нэблагъэ щыпсэугъащ. Къыщызэтенар Октябрь революцэм ипэ ита зэманым яхъумэрт, Урысейм и пщышхуэхэр ирагъэщэкIуэн папщIэ. А Iуэхум хабзэм ебэкъуэныр цыпэу къызыщымыхъуу а щIыпIэм исыгъа щакIуэхэр (браконьерхэр) апхуэдизу иризэгуэпырти, домбейхэр, я фэми ялми зэрыхуэныкъуэ щымыIэми, зэкъуэхуауэ къыщалъагъукIэ зэтраукIэрт, «мыхэр кIуэдыжыпэмэ, адрей хьэкIэкхъуэкIэхэм хуит дыхуащIынкъэ?» жыхуаIэу. Псэущхьэ телъыджэм щымысхьыным хуэхамэтэкъым езы мэзкъуэдыр къэзыгъэунэхуахэри. А зэманым къыдэкIауэ щыта «Охотники Кубани» тхылъышхуэм щыплъагъунущ «зи щIыхьыр лъагэхэм» трахауэ щыта сурэтхэри. Абыхэм къощ а лIы «ахъырзэманхэм» къаукIа псэущхьэхэм - къурш бжэнхэм, бланэхэм, щыхьхэм, домбейхэм – лъапэкIэ теувауэ тету. Псыжь и щакIуэхэр Дауи, къыхэгъэщыпхъэщ пщышхуэ щэкIуэкIэр зи IупэфIэгъу мэзхъумэхэм домбейхэм къащхьэщыжхэри зэрахэтар. Апхуэдэу зэрыщытари зыгуэрхэмкIэ нэхъыфIыIуэт, иужьым къэралыр зыхуэкIуа граждан зауэм къыдэгъуэгурыкIуа щхьэзыфIэфIагъэ иным етлъытмэ. Домбейхэр зэтраукIэрт щамыдэ щIыпIэхэм щыщакIуэхэми мэзхэм зыщызыгъэпщкIу хъунщIакIуэхэми. ХъымыщкIей, Дахэ, Псыбей урыс станицэхэм дэса къэзакъхэм жаIэжу куэдрэ зэхэпхынут, а жылэхэм щыщу хэт домбейхэр куэдыкIейуэ зэтриукIами. ХьэщхьэрыIуэ щытыкIэм хуэкIуа фIэкIа умыщIэну, абыхэм зи гугъу тщIы псэущхьэ гъэщIэгъуэнхэм зэпеуэ щIыкIэу я псэр хаудырт, лымрэ фэмрэ мэзым къыщIанэу. Апхуэдэу, Дахэ станицэм щыпсэуа щакIуэ «емылыджыр» домбей 18 зэрызэтриукIам иригушхуэрт. Абы «къыдэщIу», Псыбей дэса и «лэжьэгъур» домбей псэфу блы зэриукIам ириуэркъырт, «лIыгъэ» зэрызэрихьар игъэщыхьэту. Граждан зауэр иухауэ, 1924 гъэм РСФСР-м и Совнаркомым и унафэкIэ къызэрагъэпэщауэ щытащ Кавказ къэрал мэзгъэфIэныр (мэзкъуэдыр). АрщхьэкIэ, игъащIэ лъандэрэ а лъэныкъуэмкIэ щыIэ бгылъэ щIыпIэхэр зи хэщIапIэу къекIуэкIа псэущхьэ лъапIэр икIи гъуэтыгъуей хъужа домбейр а лъэхъэнэм ирихьэлIэу кIуэдыжыпэным нэсат. АтIэми, илъэс бжыгъэ дэкIри ар дыдэр къэхъуащ. 1927 гъэр - Кавказ КъухьэпIэр зи хэщIапIэу щыта домбей хъушэхэм ящыщу къэнэжа псэущхьищри щаукIыжа илъэсщ. Абы иужькIэ мэзкъуэдым и лэжьакIуэхэми лъыхъуакIуэ ирагъэжьа гупхэми Кавказым нэхъ пасэм щыгъуэ иса домбейхэм я лъэужь гуэри зы щIыпIи щалъагъужакъым… Лъэпкъым и блэкIам щыщу Тхыдэмрэ щIыуэпсымрэ къыщыхъуа гуемыIуныгъэ пхъашэ дыдэхэм ящыщу тIум я къэкIуэгъуэр зэтехуащ. Ар сыт жытIэмэ, КъухьэпIэ Кавказым адыгэхэр щрагъэIэпхъукI-щраху лъэхъэнэм, абдежым щыIэ бгылъэ-мэзылъэхэм щIэса домбейхэри зэхэзехуэ ящIат. Тхыдэтх Башкиров И.В. зэритхымкIэ, «…а щIыпIэм пащтыхьыдзэм псом хуэмыдэжу куэдрэ щапэщIэтащ Щхьэгуащэрэ Лабэрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэ пхыплъыгъуейхэм щыпсэуа абазэхэхэмрэ абазэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ. Ихъуреягъым зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIырт, топхэр щыгъуагъуэрт, гъуэгухэр щыпхашын папщIэ, зэрыпхъуакIуэхэм мэзхэр километр ныкъуэ и бгъуагъыу пхаупщIыкIырт. КъебгъэрыкIуэхэр нэхъ зылъэмыIэсу а илъэсхэм (1862-1864 гъэхэм) а лъэныкъуэмкIэ къыщызэтенар Щхьэгуащэрэ Лабэрэ я тIуащIащхьэхэр арати, абдежым щызыхуэсын хуей хъуат лъэныкъуищымкIэ: ищхъэрэкIэ, къуэкIыпIэмкIэ, къухьэпIэмкIэ къакIуэ хамэм и унафэ щIэувэну хуэмей адыгэ-абазэ лъэпкъ зэрыбыным щыщу къикIуэтхэри мы щIыпIэхэр зи щIасэ, зи хэщIапIэ домбейхэри. Урысыдзэр къыщысым, бгырысхэр абыхэм адэкIэ еныкъуэкъуэжыфакъым – я нэхъыбэм, я щхьэр щIрагъэхьауэ, Тырку лъэныкъуэмкIэ ягъэзащ, къэна тIэкIур Псыжь и Iуфэ IуагъэтIысхьащ. Домбейхэм ящыщу къызэтенам нэхъ ищхьэжкIэ щыIэ мэз Iувыжьхэм зыщIагъэпщкIухьащ. ЩIыпIэрысхэр зэхэзехуэн ящIу, а щIыпIэр къыщазэуа иужьрей илъэсщ 1862 гъэр. ЩIымахуэкIэу, урыс пащтыхьыдзэр абазэхэхэм къыщебгъэрыкIуэм, лъэныкъуитIри хуабжьу щызэпэщIэуват Щхьэгуащэ и тIуащIэм и нэхъ зэвыпIэ дыдэу къалъытэ Хьэджэхъу и Iэхэлъахэм. АрщхьэкIэ, генерал Гейман зи пашэ урыс дзэлIхэм, топхэри я бащэрэ бжыгъэкIи зэрынэхъыбэр я щхьэусыгъуэу, бгырысхэр ирагъэкIуэтын яхузэфIэкIащ. Мэлыжьыхьым и 26-м зэрыпхъуакIуэхэр ихьащ зи гугъу тщIы зэвыпIэм ищхьэкIэ щыIэ щIыпIэм Дахэ псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжым хуэзэу зыкъыщызэкъуэзых сэтей-хьэкхъуафэм. Ауэ итIани, 1862 гъэм и кIыхьагъкIэ Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэм бгырысхэр пащтыхьыдзэм щапэщIэтащ. АрщхьэкIэ, мыбдежми, дыгъэгъазэм и 14-м ирихьэлIэу, зэрыпхъуакIуэхэм яхузэфIэкIащ ХъымыщкIей тэхъуанэм я лъэр нахусу, дыгъэгъазэм и 20-м ирихьэлIэу абдежми зыщагъэбыдэн. Илъэс зыбжанэ дэкIа иужь, 1869 гъэм къэIэпхъуахэм «Хамышки» зыфIаща урыс къуажэр мы щIыпIэм къыщагъэунэхуащ… «Хъымыщей» хьэмэрэ «ХъымыщкIей»? Мы цIэр зезыхьэ урыс къуажэр Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ дэсщ. Нэхъри дгъэбелджылымэ, Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIум зыщригъэзэгъа хуей хэукъуэдиикIам къыщыщIэдзауэ хуэищхъэрэу километр 16 хуэдизкIэ укъекIуэтэхыжмэ, Щхьэгуащэ хэлъэдэж псы бгъунжитIу сэмэгумкIэ къыщыунэхухэм я зэхуаку дэсщ. ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, IыхьитIу зэхэуващ: «Хъымыщ»-рэ «кIей»-уэ. Япэр, къызэралъытэмкIэ, Iэхэлъахэм щыпсэуа цIыху цIэрыIуэ гуэрым зэреджэу щытам е бжьэдыгъу адыгэ лIакъуэм щыщу «хъымыщей» фIэщыгъэр зезыхьам къытехъукIащ. ЕтIуанэр, «кIей» («кIэй» - кIахэмкIэ) жыхуиIэр, хы ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу адыгэхэм тIуащIэхэм, псыхъуэхэм, ныджэхэм я гугъу щащIкIэ, тхыцIитI зэхуакум дэт щIыпIэ кърагъэкIыу, къагъэсэбэп псалъэхэм язщ. Гу зэрылъытэгъуафIэщи, ар ещхьщ къэбэрдей адыгэхэм ди бзэм къыхэна «къуэкIий» жыIэкIэм и етIуанэ Iыхьэ «кIий» - м. Нэр зыгъэгуфIэ и Iэхэлъахэм ХъымыщкIейм къедза и Iэгъуэблагъэм псэр дэзыхьэх теплъэгъуэ дахэхэр щыкуэдщ. Абыхэм ящыщщ а щIыпIэм испы унэжь зэмыщхьхэм уазэрыщрихьэлIэри, езы жылэм ищхъэрэкIэ къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэжьу урысхэм «Монах» зыфIащам и джабэ нэкIу задэхэм щыпхыгъэмба гъуэжлау-бгъуэнщIагъхэм тхыпхъэщIыпхъэ гъэщIэгъуэнхэм уазэрыщыIущIэри, тIуащIэ абрагъуэм щежэх Щхьэгуащэ и даущ макъыр псэр итхьэкъурэ ущIэжеикIыфын хуэдизу зэрыщызэхэпхри… КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:
Читать также:
15.06.2026 - 13:00 →
Гуапагъэр пщыгъупщэжыркъым
29.05.2026 - 15:12 →
Зы илъэс къызэднэкIащ
24.05.2026 - 12:43 →
ТхакIуэ, егъэджакIуэ, журналист
22.05.2026 - 11:34 →
Американ щIэныгъэлIым и еплъыкIэр
21.05.2026 - 12:26 →
Тхыдэм лъэужь къегъанэ
| ||




